Налшык мэжджытыщIэхэр дащIыхь

   КъБР-м и Iэтащхьэм къищта унафэм ипкъ иткIэ, 2024 гъэр ди республикэм Архитектурэм и илъэсу щекIуэкIынущ. КъБР-м щыщ архитекторхэмрэ щыхьэрым и теплъэр зи IэмыщIэ илъ къулыкъущIэхэмрэ щIэх-щIэхыурэ зэрызэхуэзэри а мурадым хуэунэтIа Iуэхущ. Мэлыжьыхьым и пэщIэдзэм къулыкъущIэхэр зэхуэсри тепсэлъыхьащ къалащхьэм и «КъуэкIыпIэ» хьэблэм мэжджытыщIэ зэрыщаухуэнум.
Нэхъ пасэу зи гугъу тщIа мы Iуэху дахэр гъэзэщIа хъун и лъэныкъуэкIэ ипэкIэ зы лъэбакъуэ ячакIэт. Зэхуэсым кърихьэлIахэр тепсэлъыхьащ ухуэныгъэм и проектым теухуа зэпеуэр зэрырагъэкIуэкIыну щIыкIэм. Мату Заур мы зэIущIэм утыку къыщрихьа и проектыр лэжьыгъэ пыухыкIауэ щыткъым, гу зылъытапхъэхэр нэгум къыщIагъэхьэн папщIэ къагъэлъэгъуауэ аращ. ЦIыху мини 5 зыщIэхуэну мэжджытым и закъуэкъым ухуакIуэхэр зэгупсысыр, атIэ абы и Iэгъуэблагъэри зэрыщытыпхъэр зэрагъэзахуэ. Ухуэныгъэм пэгъунэгъуу парк ящIыну я мурадщ.
ЗэIущIэм хэтащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и япэ къуэдзэ Къуныжь МуIэед, Налшык къалэ администрацэм и унафэщI Ахъуэхъу Таймураз, республикэм и Муслъымэн IуэхущIапIэм и унафэщI Дзасэжь Хьэзрэталий, архитекторхэр. «Дэ дрогушхуэ лъэпкърэ динкIэ зэщхьэщыкI куэд зэрыс ди республикэр мамыру зэрыпсэум. А псори иджы зэакъылэгъуу йолIалIэ Налшык мэжджытыщIэ зэрыдащIыхьыным», - жиIащ Къуныжь МуIэед.
Нэхъ пасэу утыку кърахьауэ щытащ Горный къалэ Iыхьэм илъэс зыбжанэ хъуауэ щаухуэ мэжджытыр и кIэм зэрынэблагъэр. НэщI мазэр екIуэкIыху, муслъымэн куэдым абы я мылъку халъхьащ.                    

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться: