КIапцIэ телъыджэКъэхутэныгъэ телъыджэ иджыблагъэ ирагъэкIуэкIащ инджылыз щIэныгъэлIхэм. Языныкъуэ цIыхухэм, лIа нэужь, щIым щIалъхьэ мыхъуу, ягъэсмэ нэхъ къащтэ. Мис апхуэдэ щIыкIэкIэ кIуэдыжахэм я сахуэм зы хьэдзэ цIыкIу къыхэнэрт, мафIэм имысауэ. Ар кIапцIэм къыхэна мэскъалт. А хьэдзэр яджа нэужь щIэныгъэлIхэм къагурыIуащ абы иджыри «гъащIэ зэрыхэлъыр»… ЦIыхунагъым и лъэныкъуэкIэ ар Iуэху шынагъуэми, микробиологхэм пащащ къэхутэныгъэхэм икIи градус мини 6 пщтырагъым къела а хьэдзэр щIыIэ градус 273-кIэ ягъэщтащ. Телъыджэщ, ауэ хьэдзэр «зэрыпсэут». ИкIи яхуэкъутакъым, икIи яхуэгъэсакъым, икIи яхуэгъэщтакъым! Абы иужьым абджыр, гъущIыр зыгъэткIу чэзэп (кислота) зэмылIэужьыгъуэхэм хагъэлъащ кIапцIэр. Къызэтенащ! Инджылыз щIэныгъэлIхэм ирахьэжьа къэхутэныгъэхэм пащащ Китайм и микробиологхэм. Абыхэм кIапцIэр щIагъэкIащ радиоактивнэ бзийхэм. Йемен щыIэ къэхутакIуэ IуэхущIапIэм и лэжьакIуэхэм кIапцIэр ягъэсащ дагъэмрэ куцIымрэ кърижьыкIыху. ЗыкIи пэлъэщакъым – къупщхьэр псэут. ЩIэныгъэм жэуап зримытыфа а къэхъугъэм теухуауэ КъурIэным итщ: «Сабэ хъужа къупщхьэлъапщхьэм цIыху къызэрыхэтщIыкIыжыр зи фIэщ мыхъухэр утыку къохьэри, мэпсалъэ. Ауэ абыхэм ящыгъупщащ ар къэзыгъэщIамрэ къызыхащIыкIамрэ. Ахэр щIоупщIэ: «Хэт сабэм цIыху узыншэ къыхэзыгъэтэджыкIыжыфынур?!». ЯжеIэ абыхэм (Мухьэмэд!): «КъэзыгъэщIарщ къэзыгъэтэджыжынури!». Алыхьым хузэфIэкIынущ зэбгрыпхъа сабэр зэхуихьэсыжу, цIыху къигъэщIыжыну» («Ясин», тафсир «аль-Мунтахаб» сурэм и 78-79-нэ Iэятхэр). Аль-Бухари, Абу Даут, Ибн Маджэ Iимамхэм зэрыжаIэмкIэ: «ЦIыху къэс и Iэпкълъэпкъым илъщ зы къупщхьэ цIыкIу, зэи щIым щIэмыкIуэдэжу. А къупщхьэм цIыхур къитэджыкIыжынущ Къемэт махуэм. Мухьэмэд бегъымбарым еупщIат, сыт хуэдэ къупщхьэ ар, жаIэри. «Ар кIапцIэрщ», - жиIащ абы». Микробиологиемрэ генетикэмрэ ещIэ Iэмал, псэущхьэм и ДНК-м и пычахуэ уиIэмэ, абы а псэущхьэ дыдэр къызэрыхэпщIыкIыжыфын. Мыбдеж щIэныгъэмрэ фIэщхъуныгъэмрэ щызэтохуэ.
Поделиться:
Читать также:
17.05.2024 - 12:26 →
КъэкIыгъэхэм я нэIэ тетщ
16.05.2024 - 19:35 →
ГукъэкIыжхэр гъащIэм щыщу
16.05.2024 - 18:33 →
Ратмир и жыгхэр мэкI
16.05.2024 - 17:30 →
Гулъытэр зиIэ ныбжьыщIэхэр
16.05.2024 - 15:24 →
Европэр насыпыншагъэм къезыгъэла щIалищ
|