Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ

Жылагъуэ мыхьэнэ зиIэ проектхэр ягъэзэщIэн папщIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и республикэ бюджетым къыхахыу цIыхухэм субсидиехэм я теплъэ иIэу грантхэр зэрырат Хабзэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ

2023 гъэм накъыгъэм и 10-м              Налшык къалэ                   №87-ПП

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм унафэ ещI:

Жылагъуэ мыхьэнэ зиIэ проектхэр ягъэзэщIэн папщIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и республикэ бюджетым къыхахыу цIыхухэм субсидиехэм я теплъэ иIэу грантхэр зэрырат хабзэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2022 гъэм мэлыжьыхьым и 20-м къыдигъэкIа унафэ №89-ПП-м мы унафэм щIыгъу гуэдзэным къыщыгъэлъэгъуа зэхъуэкIыныгъэхэр къэщтэн.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэщI МУСУКОВ Алий.

 

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2023 гъэм накъыгъэм и 10-м къыдигъэкIа унафэ №87-ПП-мкIэ къащтащ

Жылагъуэ мыхьэнэ зиIэ проектхэр ягъэзэщIэн папщIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и республикэ бюджетым цIыхухэм субсидиехэм я теплъэ иIэу грантхэр зэрыхуаутIыпщ Хабзэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2022 гъэм мэлыжьыхьым и 20-м къыдигъэкIа унафэ №89-ПП-м халъхьэ

ЗэхъуэкIыныгъэхэр

1.5-нэ пунктым:

а) еплIанэ абзацым «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ, щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэ» псалъэхэр «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэ» псалъэхэмкIэ щызэхъуэкIын;

б) абзацкIэ мыр щIыгъужын:

«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм ЩIалэгъуалэм я IуэхуэмкIэ и министерствэ»

2. 17-нэ пунктым и етхуанэ абзацым къару имыIэжу къэлъытэн.

3. 18-нэ пунктым и «а» пункт къуэдзэм «лъэIур къыщата мазэм ипэ ита мазэм и япэ махуэм» псалъэхэр хэгъэкIын.

4. 31-нэ пунктым «лэжьэгъуэ махуэ 14-м къриубыдэу» псалъэхэр «лэжьэгъуэ махуэ 30-м къриубыдэу» псалъэхэмкIэ щызэхъуэкIын.

Поделиться: