Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ

Ещанэ сабиймрэ къыкIэлъыкIуэхэмрэ къыщалъхуа (бын щащIа) унагъуэхэу дэIыгъын хуейхэм мазэ къэс ахъшэ зэрырат хабзэмрэ щIыкIэхэмрэ теухуа Положенэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ

2023 гъэм накъыгъэм и 10-м                    Налшык къалэ                       №88-ПП

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм унафэ ещI:

Ещанэ сабиймрэ къыкIэлъыкIуэхэмрэ къыщалъхуа (бын щащIа) унагъуэхэу дэIыгъын хуейхэм мазэ къэс ахъшэ зэрырат хабзэмрэ щIыкIэхэмрэ теухуа Положенэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2020 гъэм гъатхэпэм и 2-м къыдигъэкIа унафэ №32-ПП-мкIэ къащтам халъхьэ м арэзы техъуэн.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэщI МУСУКОВ Алий

 

Ещанэ сабиймрэ къыкIэлъыкIуэхэмрэ къыщалъхуа (бын щащIа) унагъуэхэу дэIыгъын хуейхэм мазэ къэс ахъшэ зэрырат хабзэмрэ щIыкIэхэмрэ ятеухуа Положенэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2020 гъэм гъатхэпэм и 2-м къыдигъэкIа унафэ №32-ПП-мкIэ къащтам халъхьэ

ЗэхъуэкIыныгъэхэр

1. 3-нэ пунктым «2019 гъэм дыгъэгъазэм и 31-м иужькIэ» псалъэхэр «2022 гъэм щIышылэм и 1-м къыщыщIэдзауэ дыгъэгъазэм и 31-м къэсыху пIалъэм къыыриубыдэм» псалъэхэмкIэ щызэхъуэкIын.

2. 12-нэ пунктым «иужьрей календарь мазищым» псалъэхэр «иужьрей календарь мазэ пщыкIутIым» псалъэхэмкIэ щызэхъуэкIын.

3. 14-нэ пунктым «щы» псалъэр» «пщыкIутI» псалъэкIэ щызэхъуэкIын.

4. 20-нэ пунктым къару имыIэжу къэлъытэн.

5. 21-нэ пунктым «ЛэжьыгъэмкIэ, IэнатIэ егъэгъуэтынымкIэ, социальнэ къыщхьэщыжыныгъэмкIэ центр» псалъэхэр «ЛэжьыгъэмкIэ, цIыхухэм IэнатIэ егъэгъуэтынымкIэ, социальнэ къыщхьэжыныгъэмкIэ республикэ центр» псалъэхэмкIэ щызэхъуэкIын.

6. 22-нэ пунктым и «д» пункт къуэдзэм «иужьрей календарь мазищым» псалъэхэр «Иужьрей календарь мазэ пщыкIутIым» псалъэхэмкIэ щызэхъуэкIын.

7. 27-нэ пунктым мыпхуэдэ «г» пункт щIагъыр щIыгъужын:

«г) «Сабий зиIэ цIыхухэм ират къэрал пособиехэм я IуэхукIэ» 1995 гъэм накъыгъэм и 19-м къыдэкIа Федеральнэ закон №81-ФЗ-м ипкъ иткIэ а сабийм мазэ къэс ят пособиер хуэгъэувын сабийр къызэралъхуам икIи абы гъэсэныгъэ зэрырагъэгъуэтым къыхэкIыу»

Поделиться: