Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ

       Кавказым папщIэ екIуэкIа зауэзэрылIым (1943 гъэ) нэмыцэ фашистыдзэхэр щызэхэзыкъутахэм яхэта гъунапкъэхъумэхэм фэеплъ  яхуэгъэувыным и IуэхукIэ       

                                                                       Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и указ 

Кавказым папщIэ екIуэкIа зауэзэрылIым (1943 гъэ)  нэмыцэ фашистыдзэхэр щызэхэзыкъутахэм яхэта гъунапкъэхъумэхэм я  фэеплъыр мыкIуэдыжын ящIын мурадкIэ «Тхыдэ мыхьэнэ зиIэу къэхъуахэм, апхуэдэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм ехъулIэныгъэ ин дыдэ   къыхуэзыхьахэм икIи и пащхьэм фIыщIэ щхьэхуэхэр щызиIэ цIыхухэм я фэеплъыр мыкIуэдыжын  щIыным и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Закон №94-РЗ-уэ 2012 гъэм дыгъэгъазэм и 3-м къыдэкIам и 7-нэ статьям и 1-нэ Iыхьэм ипкъ иткIэ унафэ сощI:

1. Кавказым папщIэ  екIуэкIа  зауэзэрылIым (1943 гъэ), нэмыцэ фашистыдзэхэр щызэхакъутахэм, яхэта гъунапкъэхъумэхэм я фэеплъ  Налшык къалэм Мэлбахъуэм и цIэр зезыхьэ и  уэрамым щыIэ скверым щыгъэувын.

2.Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм Мы Указыр гъэзэщIэным ехьэлIа Iуэхухэр зэфIагъэкIыныр  къызэригъэпэщын хуейщ.

3.Мы Указыр зэрагъэзащIэм кIэлъыплъыну пщэрылъ щыщIын Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хъубий М. Б.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек

Налшык къалэ

2023 гъэм накъыгъэм и 17-м

№49-УГ

Поделиться: