Сабийхэм ядолажьэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэ МВД-м  къэрал автоинспекцэмкIэ и управленэм и лэжьакIуэхэм Налшык дэт сабий сад №16-м щыIэ цIыкIухэм драгъэкIуэкIащ гъуэгухэм шынагъуэншэу щызекIуэнымрэ хабзэхъумэхэм я лэжьыгъэмрэ теухуа дерсхэр.

ЗэIущIэм и япэ Iыхьэм автоинспекторхэм сабийхэр щагъэгъуэзащ светофорыр, гъуэгу дамыгъэхэр, зэпрыкIыпIэхэр зищIысымрэ абыхэм я мыхьэнэмрэ. Дерсхэр зэфIэкIа нэужь, сабий садым къекIуалIэхэр гъуэгум яшэри, дерсыр зытеухуа псори  абдежым наIуэу щрагъэлъэгъуащ, икIэм, упщIэ - жэуап мардэм тету, абы кърикIуахэр къапщытэжащ.

Садым щыIэ цIыкIухэм  апхуэдэу ирагъэлъэгъуащ хабзэхъумэхэр зэрылажьэ машинэхэр, къагъэсэбэп хъыбарегъащIэ сигналхэмрэ Iэмэпсымэ щхьэхуэхэмрэ, апхуэдэу тепсэлъыхьащ  гъуэгухэм шынагъуэ къыщымыгъэхъуным жэщ-махуэ ямыIэу  кIэлъыплъ патруль IэнатIэ хэхам игъэзащIэ къалэнхэм  Абы дихьэхыу щIэдэIуа сабийхэм  автоинспекторхэр къагъэгугъащ гъуэгум шынагъуэншэу щызекIуэным теухуа хабзэхэр зэи къызэпамыудыну.

Мыпхуэдэ зэIущIэхэм мыхьэнэ ин яIэщ, сабийхэр сыт хуэдэ шынагъуэми зыщахъумэу, щытыкIэ гугъухэм къикIыфу егъэсэнымкIэ.

Шэрэдж Дисэ.

Поделиться: