«Уэ сыт зыхэпщIэр?»А фIэщыгъэм щIэт гъэлъэгъуэныгъэ гъэщIэгъуэн иджыблагъэ къыщызэIуахащ КъБР-р къызэрызэрагъэпэщрэ илъэси 100 щрикъум и цIэкIэ щыIэ паркъым ит сурэт гъэлъэгъуапIэм. Абы и лэжьыгъэхэр утыку къыщрихьащ Налшык щыщ сурэтыщI Нестеренкэ Эдит. Ар Москва зэрыIэпхъуэрэ куэд щIакъым. Абы зэрыжиIамкIэ, сурэт щIыным и фIэщу иужь зэрихьэрэ илъэсищ хъуауэ аращ. Абы и гъащIэм мыхьэнэшхуэ щиIащ «Alexander McQueen» бренд цIэрыIуэм къызэригъэпэща зэпеуэм зэрыщытекIуам (пандемием и зэманым социальнэ сетхэм щекIуэкIащ). СурэтыщI хъыджэбзыр зэман гуэркIэ а брендым зэрыдэлэжьар куэдкIэ къызэрыхуэщхьэпар къыхегъэщ. Эдит и IэдакъэщIэкIхэр Москва и галереехэм ящыщ зым щигъэлъэгъуауэ щытащ (цIыху зыбжанэм я гъусэу). Хъыджэбзым Налшык щыпсэухэм я пащхьэ кърихьа проектыр езым дежкIэ лъэбакъуэшхуэщ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, ар абы ей и япэ гъэлъэгъуэныгъэщ. - Сэ куэд щIауэ сехъуапсэрт Налшык си IэдакъэщIэкIхэр щызгъэлъэгъуэну. Сэ куэду срогушхуэ мы щIыналъэм сыкъызэрыщалъхуам, абы и цIэр фIыкIэ згъэIумэ сфIэфIщ,- жеIэ Эдит. - Къалэр зэIузэпэщ хъуным теухуауэ Налшык администрацэм дэлажьэ «Платформа» IуэхущIапIэм, галереем я лэжьакIуэхэм щхьэхуэу фIыщIэ яхуэсщIыну сыхуейт. Абыхэм си лэжьыгъэхэр екIуу утыку къызэрисхьэнум хуэдэу къысхузэрагъэпэщащ. Мы сурэтхэм я плъыфэр екIуу зэрызэхэлъхьар, я щIыкIэр, гупсысэкIэ зэрызэпэджэжыр умыгъэщIэгъуэн плъэкIыркъым. Сурэт щIыным и Iэмал зэмылIэужьыгъуэхэр къыщыгъэсэбэпа лэжьыгъэхэр удэзыхьэхщ. Ауэ нэхъыщхьэр хъыджэбзым и гупсысэ, дуней зыхэщIэкIэр дахэу ди пащхьэ къызэрырихьэрщ. СурэтыщIым гулъытэшхуэ хуещI плъыфэхэм. А пэшым къыщыгъэлъэгъуа сурэтхэр IыхьитIу бгуэш хъунущ - хужьрэ фIыцIэрэ. Жэщымрэ махуэмрэ я зэблэкIыгъуэм ещхь сурэтхэм а зэманитIым къагъэщI дунейри щыболъагъу. Пэшым и кум ирагъэува лэжьыгъэхэрщ япэу уи нэр зытехуэр. Абдеж щыт тегъэувапIэ гъэщIэгъуэнхэм хъыджэбзым и IэдакъэщIэкIхэм ящыщ зыбжанэ тетщ, я лъабжьэм тхьэмпIэ зэмылIэужьыгъуэхэр (гъуахэмрэ цIынэхэмрэ) щIэзщ. Абы екIуалIэ дэтхэнэми сурэтхэр къызэрыщыхъуар тритхэ хъунущ бжэм деж фIэдза щэкI кIапэм. ТхьэмахуитIкIэ екIуэкIыну гъэлъэгъуэныгъэм щIыхьэпщIэ Iахыркъым.
Поделиться:
Читать также:
04.05.2024 - 09:00 →
Музейм и накъыгъэ гъэлъэгъуэныгъэхэр
30.04.2024 - 13:00 →
Гъатхэмэ къапех
28.04.2024 - 15:02 →
ЦIыху лъэужьыфIэм и фэеплъ
27.04.2024 - 17:14 →
Витебск зыкъыщагъэлъэгъуэнущ
27.04.2024 - 13:04 →
Макъамэм зэфIэкI щызиIэхэр
|