Iулыдж лъагэ

Дзэлыкъуэ щIыналъэм хыхьэ Къармэхьэблэ къуажэм щыщ, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь, егъэджакIуэ цIэрыIуэ Къамбий Мухьэб Хьэлым и къуэр къызэралъхурэ накъыгъэм и 25-м илъэси 100 ирокъу. Сэ, си жагъуэ зэрыхъунщи, абы сыдэлэжьэну къысхуихуакъым. ЕгъэджакIуэ нэхъыжьхэр а цIыху щыпкъэм щытепсэлъыхькIэ сохъуапсэ: «Сыту я насып, IуэрыIуэтэжу мыхъуу, а цIыху бэлыхьым дэлэжьахэм».

Къамбийм теухуа гукъэкIыжхэм япэу сыщIигъэдэIуауэ щытащ си гуащэ Лыхь СэIимэт Ибрэхьим и пхъум. Ар ди еджапIэм щылажьэу, насыпыншагъэшхуэ къытепсыхат: и щхьэгъусэр гуузу дунейм ехыжат. Мамэ щIалэу сабииплI къыхуэнат. Нэхъыжьыр илъэсипщI, нэхъыщIэр илъэсрэ ныкъуэрэ хъууэ арат. Лэжьэныр щызогъэтри, псэуныгъэм игу къыхудэжыжыртэкъым. ЛэжьапIэми къыIукIыну мурад ищIат абы, ауэ Мухьэб ар къыхуидакъым, тригъэгушхуэу IэнатIэм пэригъэувэжыхукIи увыIакъым. Абы къыгурыIуат а бзылъхугъэр гуауэм пэлъэщын, сабийхэр къиIэтыфын папщIэ, цIыхум яхэтын, ядэлэжьэн зэрыхуейр. «гушхуэ зыкIуэцIылът ар, - жиIэрт си гуащэм. - ЗэхэщIыкI кууи иIэт». Си гуащэм и псалъэм щыхьэт тохъуэ Мухьэб теухуа гукъэкIыжхэмкIэ къыддэгуэшахэр.

Кумыщ (Сонэ) Iэсият Ибрэхьим ипхъу (илъэс 49-кIэ пэщIэдзэ классхэм егъэджакIуэу щылэжьащ, лэжьыгъэм и ветеранщ, «ЦIыхубэ егъэджэныгъэм и отличник» цIэр зэрехьэ):

- Сэ илъэс куэдкIэ Къамбий Мухьэб сыдэлэжьащ. Налшык дэт педучилищэр къэзуха къудейт, сыщIалэт, ауэ лэжьыгъэм сегугъурти, Мухьэб и гум занщIэу сыдыхьат. Ар егъэджакIуэ щIалэхэм сытым щыгъуи къыттеубгъуат. ТкIийт, ауэ уи гур иримыуду хъуари мыхъуари къыбгуригъаIуэрт. Мыхьэнэшхуэ иритырт дерсхэр зэредгъэкIуэкI планхэм. Нобэрей урокхэм хуэптха планым еплъу къыпфIэкIынутэкъым: блэкIамкIэ зэIэбэкIыжырти, абыкIэ къыщыщIидзэрт.

Сыт хуэдэ упщIэ уиIэми - бгъэдыхьэ, зэи «хьэуэ» жиIэнутэкъым, чэнджэщ щхьэпэ къуитынут, ар лэжьапIэ Iуэху е унагъуэ Iуэху ирехъу. Си цIэфIыр куэдрэ жиIащ, си лэжьыгъэм пщIэ хуищIу. «ЦIыхубэ егъэджэныгъэм и отличник» цIэмрэ абы щIыгъу дамыгъэмрэ къыщежьам щыгъуэ, еджапIэри егъэджэныгъэмкIэ щIыналъэ IэнатIэри уи лэжьыгъэм илъэситхукIэ кIэлъыплъынурэ, пхуэфащэу къалъытэмэ, итIанэ къуатынурат. Си лэжьэгъу зыбжани си гъусэу а нагъыщэр занщIэу къыдатат. Ар, дауи, зи фIыщIэр Къамбий Мухьэбт, щIыналъэм и унафэщIхэм я деж щиIэ Iулыдж лъагэрт.

Зи лэжьыгъэм емыгугъу, сабийхэм бгъэдыхьэкIэ къахуэзымыгъуэтыф къытхэкIмэ, и щхьэ течауэ жриIэрт, еущиерт. Ауэ фIыуэ лажьэм щхьэкIэ и псэр итыну апхуэдэт. Си щхьэкIэ сыхуэарэзыщ Мухьэб.

Кърымщокъал (КъуэщIысокъуэ) Iэсият Мунэзэр ипхъу (илъэс 50-м нэсауэ егъэджакIуэу мэлажьэ, «УФ-м и егъэджэныгъэ IэнатIэм щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэр зэрехьэ):

- ИлъэсипщIкIэ сыдэлэжьащ Къамбий Мухьэб Хьэлым и къуэм. Си насып къихьри, сыдэлэжьащ - апхуэдэу жысIэнщи. ЕгъэджакIуэ IэнатIэм япэ лъэбакъуэхэр щыхэсчам, хуабжьу и сэбэп къызигъэкIащ. Си урокхэм щIэса нэужь, ипэм къыщыщIэдзауэ икIэм нэсыху емызэшу зэпкърихыжынут. ФIыри къыбжиIэнут, мыхъуари щIихъумэнутэкъым. Уи ныкъусаныгъэр къыщыбгуригъэIуэжкIэ, хуабжьу къыпхуэсакъырт. ЩыткIиипхъэми ткIийт, щыщабапхъэми щабэт. УнафэщI щыпкъэм ищIэрт и лэжьакIуэхэм ящыщ дэтхэнэми сыт хуэдэ бзэкIэ епсэлъэнуми. «ЦIыху къэс IункIыбзэ цIыкIу къыхуегъуэтыф» жыхуаIэр Къамбийм хуэдэт, шэч хэмылъу. Балигъхэр щыгъэтауэ, еджакIуэ цIыкIу къэси пщIэ хэха хуищIырт.

Сигу къоуэ блэкIа зэманым иту Мухьэб сытепсэлъыхьын хуей зэрыхъур. Си лэжьыгъэм теухуауэ сыт хуэдэ ехъулIэныгъэ симыIами, ар Мухьэб деж сохь. Ди еджапIэр республикэм и мызакъуэу, къэрал псом цIэрыIуэ щыхъуауэ зэрыщытари Къамбий Мухьэбщ зи фIыгъэр. И Iыхьлыхэм, къыдэлэжьахэм, Къармэхьэблэ дэс дэтхэнэми - псоми ди гум гуапэу къинащ Мухьэб.

ЛЫХЬ Людмилэ, Къамбий М. и цIэр зэрихьэу Къармэхьэблэ дэт курыт школ №I-м и егъэджакIуэ.
Поделиться: