УФСБ-м къет

Къуэды тралъхьэ

Урысей ФСБ-м и Управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэм, экономикэм пыщIа щIэпхъаджагъэхэм япэщIэтынымкIэ Iуэхухэр щрагъэкIуэкIым къыщIагъэщащ Аруан районым хыхьэ Мэрзэхъу къуажэм и администрацэм и Iэтащхьэу щыта Емзэгъ М. Хь. хабзэм зэребэкъуар. 
ЗэраубзыхуамкIэ, Емзэгъ М. Хь. 2018 гъэм къыщыщIэдзауэ 2020 гъэм и мэлыжьыхь пщIондэ «Коммунальное хозяйство с.п. Морзох» МУП-м гъэпцIагъэкIэ ахъшэ фIидыгъуащ. 
Аруан район судым и унафэ къару зыгъуэам ипкъ иткIэ Емзэгъ М. Хь. УФ-м и УК-м и 159-нэ статьям и 3-нэ Iыхьэм къыщыхьа щIэпхъаджагъэр илэжьауэ ягъэкъуаншэ икIи уголовнэ къуэды тралъхьащ. 

Суд приставыр ягъэтIысынкIэ мэхъу

Урысей ФСБ-м и Управленэу КъБР-м щыIэм, Урысей ФССП-м и IуэхущIапIэу КъБР-м щыIэм я лэжьакIуэхэм къызэпаудащ къулыкъущIэм Iулъхьэ къызэрыIихыр. 
 КъызэрахутамкIэ, Урысей ФССП-м и Управленэу КъБР-м щыIэм и Бахъсэн район къудамэм и суд пристав-гъэзэщIакIуэм ахъшэ къыIэрыхьащ, щIыхуэ зытелъым ар егъэпшыныжыным теухуауэ судым къищта унафэр къызэрытригъэувыIам папщIэ.
УФ-м и Следственнэ комитетым КъБР-м щиIэ управленэм уголовнэ Iуэху къиIэтащ, абы УФ-м и УК-м и 290-нэ статьям и 3-нэ Iыхьэм къыщыхьа щIэпхъаджагъэхэр илэжьауэ. Ар илъэсийкIэ ягъэтIысынкIэ мэхъу. 

Илъэси 6 къыпоплъэ

Урысей ФСБ-м и Управленэу КъБР-м щыIэм, Урысей ФССП-м IуэхущIапIэу КъБР-м щыIэм я лэжьакIуэхэм къызэпаудащ хьэгъэщагъэ Iуэхум хэпщIауэ шэч зыхуащI къулыкъущIэм и мурадыр. 
Урысей ФССП-м и Управленэу КъБР-м щыIэм и Аруан район къудамэм и суд пристав-гъэзэщIакIуэм щIыпIэм щыпсэу цIыхубзыр къигъэгугъащ, ахъшэ къритмэ, абы ехьэлIауэ къаIэта Iуэхур къызэтрагъэувыIэжынымкIэ дэIэпыкъуну. 
УФ-м и Следственнэ комитетым КъБР-м щиIэ управленэм и Аруан район къудамэм уголовнэ Iуэху къиIэтащ, УФ-м и УК-м и 159-нэ статьям и 3-нэ Iыхьэм къыщыхьа щIэпхъаджагъэр абы илэжьауэ. Апхуэдэ щIыкIэкIэ хабзэм ебакъуэр илъэси 6-м нэскIэ ягъэтIысыну хуит ещI законым. 

Поделиться: