НобэНакъыгъэм и 25, махуэку ♦ЯфIэкIуэда сабийхэм я дунейпсо махуэщ ♦УФ-м щагъэлъапIэ Филологым и махуэр ♦1922 гъэм къалъхуащ юстицэмкIэ къэрал чэнджэщэгъу, жылагъуэ лэжьакIуэ Ансокъуэ Мухьэрбий. ♦1923 гъэм къалъхуащ Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь, Къэбэрдей-Балъкъэрым щIыхь зиIэ и егъэджакIуэ Къамбий Мухьэб. ♦1932 гъэм къалъхуащ Къэрэшей-Шэрджэсым и цIыхубэ усакIуэ Тут Михаил. ♦1940 гъэм къалъхуащ тхакIуэ, журналист, КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Тхьэмокъуэ Барэсбий. ♦1950 гъэм къалъхуащ парт, къэрал лэжьакIуэ, республикэм и Парламентым и УнафэщIым и къуэдзэу, КъБР-м и къэрал чэнджэщэгъуу щыта, УФ-м щIыхь зиIэ и ухуакIуэ Бозий Натбий. ♦1952 гъэм къалъхуащ техникэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор, Урысейм транспортымкIэ и академием и действительнэ член ЗекIуэрей Аслъэн. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 24 - 26-рэ, жэщым градус 16 - 18 щыхъунущ. Лъэпкъ Iущыгъэ: Псы къэмыжэм псыхьэлыгъуэ хыумыш.
Поделиться:
Читать также:
17.05.2024 - 07:16 →
Нобэ
16.05.2024 - 09:08 →
НОБЭ
15.05.2024 - 16:22 →
Хьэрш къэхутэныгъэщIэхэр
15.05.2024 - 15:10 →
Дэтхэнэри дыхуэныкъуэщ
15.05.2024 - 12:44 →
НОБЭ
|