Лос-Анджелес «зэрахъумар»

Гузэвэгъуэ жэщ

США-р хущIокъу дунейм щызэфIэува щытыкIэ ткIийр нэхъри зэщIигъэплъэну. И мурад нэхъыщхьэри езым и жыIэм дяпэкIи псори щIигъэтынырщ, зыгуэркIэ къыпэрыуэ псори ириудыхынырщ, и фIэфIыныгъэр дэнэкIи щыпхигъэкIынырщ.

Дауи, ар абы къехъулIэжыркъым, къэралхэр - инхэри цIыкIухэри - хуейщ езыхэм я щхьэ и унафэ ящIыжыну, нэхъ зэрафIэкъабылым хуэдэу псэуну. АрщхьэкIэ Вашингтон зэса хабзэм тетщ икIи сыт хуэдэ Iэмалри блигъэкIыркъым щIыналъэ псоми я Iуэхухэм хэIэбэн папщIэ. Абыхэм ящыщщ Урысейм Украинэм щекIуэкI зэпэщIэтыныгъэр и экономикэр лъэрымыхь ищIын, лъагуажьэмыщхьэу игъэтIысын мурадкIэ къызэригъэсэбэпыр. Америкэм и Штат Зэгуэтхэмрэ абыхэм я блыгущIэт Европэ зэкъуэтымрэ Киев Iэщэхэр уэру зэрыхуаутIыпщым къишэнкIэ хъунум егупсысыххэркъым. Унэ хужьым, уеблэмэ, щытепсэлъыхь хъуащ «мардэ зиIэ» ядернэ зауэм. Дауи, ар щекIуэкIын хуейр нэгъуэщI щIыпIэрщ, мыгъуэр зи мыгъуа Европэрщ, езыр Iэдакъэжьауэм щIэту, ар зэрекIуэкIым и унафэ ищIу кIэлъыплъын къудейщ. Аращ ар зэсар: хамэIэкIэ нэгъуэщI къэралхэм щызауэурэ и сэбэп зыхэлъхэр пхигъэкIыущ. Езым и щIыналъэм зэи бийм и удын лъэIэсакъыми, апхуэдэурэ екIуэкIын и гугъэщ. Аращ щIэгушхуэри. Ауэ гъащIэм къигъэлъэгъуакIэщ, гузэвэгъуэр я щхьэм зэрынэсу, американхэр зэрыгужьеигъуафIэ дыдэр. Хэбгъэзыхьмэ, ныбжьми егъащтэ...

…1942 гъэм мазаем и 25-м и жэщым Лос-Анджелес щыпсэухэр «зауэм» къигъэушащ. ЦIыху мелуанитI зыдэс къалэм уэздыгъэхэр къытеункIыфIащ, гыз макъым ещхь Iэуэлъауэшхуэм щIэту прожекторхэм уэгум къыщалъыхъуэрт къащхьэщыхьа кхъухьлъатэхэр, шэхэр фийрт, кIыфIыр ягъэнэхуу. ЦIыху жейбащхъуэхэр гужьеят, здэкIуэнур ямыщIэжу. Унэ Хужьымрэ Пентагонымрэ пIэщIэгъуэкIэ хъыбар ирагъэщIащ японхэр къазэрытеуамкIэ икIи икIэщIыпIэкIэ къадэIэпыкъун зэрыхуеймкIэ. АрщхьэкIэ зы сыхьэт нэхъ дэмыкIыу зэхэуэхэр езыр-езыру ужьыхыжащ. Къалэм бомбэхэр дадзакъым, десанти щетIысэхакъым. Нэхущым белджылы къэхъуащ зыри зыми зэрытемыуар, лъэужь гуэри щыIэтэкъым. Унэхэр я пIэ итт, къраудыха кхъухьлъатэхэм я къутахуэхэр плъагъуртэкъым. Ауэ драгъэуея топышэ къещэщэхыжахэмрэ зэрыгужьеям къыхаха гуузымрэ цIыхуи 7-м я гъащIэр ихьащ. Жэщ псом гугъуехьхэм хэта зауэлIхэр зэбгрыкIыжащ загъэпсэхуну. Ауэ я унафэщIхэр къэнащ: абыхэм къапэщытт нэпцIу зэрыгъэгужьеиныр къызыхаха щхьэусыгъуэхэр Вашингтон гурагъэIуэну. ГъэщIэгъуэн къэхъуат: къалэр «щахъумат» километр мин бжыгъэкIэ япэжыжьэ бийм. Ар дауэт?

 США-р Японием хы Хуэмым зэрыщыпэщIэувэжрэ мазитIым щIигъуат. А зауэм щIидзат американхэм хэщIыныгъэ хьэлъэ ягъуэтауэ: I94I гъэм дыгъэгъазэм и 7-м Токио и кхъухьлъатэзехьэ флотыр къаруушхуэкIэ еуат Гавай хытIыгухэм щыIэ дзэ базэ иным. Япон кхъухьлъатэ 350-мрэ псыщIагъырыкIуэ кхъухь псынщIэхэмрэ кхъухьышхуиплI щIрагъэлъэфат, «Аризона»   къагъэуат, «Оклахома» щхьэпрагъэдзат. Адрейхэри хьэлэч ящIат. Американ зауэлI мини 2-м нэс хэкIуэдат. Дызытепсэлъыхьым щымыщми, жытIэнщи, иджыри къэс къэзылъытэ щыIэщ абы щыгъуэ къэхъуар Вашингтон Токиом хуимыгъэгъуауэ икIи 1945 гъэм шыщхьэуIум Хиросимэрэ Нагасакирэ атом бомбэхэмкIэ иридза удыныр абы и жэуапу.

- Тенджызым быдапIэу щыIа Гавай хытIыгухэр япэжыжьагъкIэ США-мрэ Япониемрэ я зэхуэдэу хы Хуэмым щыIэщ. Абы къыхэкIыу тегузэвыхь хъуахэщ Штатхэм я хы Iуфэм, абы Iус Лос-Анджелес къащхьэщыхьа шынагъуэм. Абы нэхъри хигъэхъуащ Перл-Харбор иужькIэ махуитI нэхъ дэмыкIыу Гитлер США-м зауэ къызэрырищIылIам. Абы щыгъуэм нэмыцэхэр Москва и деж къыщыщIагъэIакIэтэкъым, Германиер зыщIыпIи къыщыхагъэщIатэкъым, арати, къытекIуэн щымыIэ къарууэ къалъытэрт. Пэжщ, американ политикхэм ягухэр игъэфIырт нацистхэм СССР-р зэуэ зэрызэримыпхъуэфам, арщхьэкIэ ящIэрт Вашингтон къылъэIэсыну Гитлер зэримурадыр. Нэхъ лъэрымыхьу зыкъигъэлъагъуэртэкъым Азием щызауэ Япониеми. Абы и дзэхэм Филиппинхэр, Гам, Уэйк хытIыгухэм щыIэ американ базэхэр яубыдат.

Хъыбар Iейхэр къикIырт Лондон. Дыгъэгъазэм и 26-м японхэм Инджылызым и Гонконг колониер, мазаем и 14-м абы и къуэкIыпIэ флотыр здэщыIэ Сингапурыр яубыдат. Гъэр хъуат Британием и зауэлI къызэрыгуэкIыу, офицеру мин 80. Къалэм къытеуа японхэр ар зыхъумахэм нэхърэ хуэдитIкIэ нэхъ мащIэт.

 ХитIым я зэхуакум дэт США-р иджыри къэс шынагъуэншэу псэурт. Инджылызым къыIэщIэкIыу щхьэхуит зэрыхъурэ гузэвэгъуэр зищIысыр зымыщIа американхэр гужьеят. Псом хуэмыдэу Лос-Анджелес щыпсэухэр. Абыхэм лъабжьэ яIэт: махуитI ипэкIэ, мазаем и 23-м, хы Iуфэм къесылIэри, япон псыщIагъырыкIуэ кхъухьыр щIыдагъэ заводым къеуат. Зыри хэкIуэдатэкъым, IуэхущIапIэми къыщыщIаIатэкъым, арщхьэкIэ…

ТIасхъэщIэххэм псори къыхураджэрт сакъыну. Лос-Анджелес километри 100-кIэ пэгъунэгъуу зыгуэрхэр уэгум щалъэгъуауэ къащыхъуащ. Псори пэплъэрт кхъухьлъатэхэр къащхьэщыхьэным. Зы офицер епIэщIэкIащ, зыхуэмыIыгъыжу: абы топ игъэуа иужь адрейхэр псынщIэ дыдэу къыпэджэжащ. Мис апхуэдэу щIидзащ «зауэм».

Дауи, дыхьэшхэнщ, а зэман дыдэм бий хьэщхьэрыIуэм лIэн-къэнэну япэщIэта совет цIыхухэм зэрахьа лIыгъэмрэ къагъэлъэгъуа бэшэчагъымрэ елъытауэ. Ахэр икIи пхузэгъэпщэнукъым. Фашист лIыукIыпIэм пIалъэ кIыхькIэ ита Ленинградрэ щIым щыщ ящIыжыну я мурада Сталинградрэ, нэгъуэщI къалэ куэдым я цIыхухэм ягъэва бэлыхьыр американхэм пщIыхьэпIэуи ялъэгъуакъым, ауэ сэтей къащIащ апхуэдэ гъэунэхуныгъэ хьэлъэм къызэрыхэмыкIыфынур. Абы къыхэкIыу ар фIэкIыпIэ имыIэу Пентагон и стратегхэм къалъытэн хуейщ Урысейм нэхъри къытегуплIэным теухуа мурадхэр щызэхалъхьэкIэ.

Поделиться:

Читать также: