Метрополитен-музейм щахъумэ

Голландие сурэтыщI Iэзэ Рейн ван Рембрандт и лэжьыгъэ нэхъ цIэрыIуэ дыдэщ «Гомер и бюстым бгъэдэт Аристотель» («Аристотель перед бюстом Гомера») сурэтыр. Ар 1653 гъэм ищIащ, Сицилием щыщ меценат Руффо Антонио и лъэIукIэ икIи лъапIэ дыдэу ирищауэ щытащ. Сурэт цIэрыIуэр иужькIэ зыбжанэри ящащ. Мы зэманым ар щахъумэ Нью-Йорк щыIэ Метрополитен-музейм. 
Рембрандт цIыху сурэт щIыныр фIыуэ къехъулIэрт сыт щыгъуи. ИтIани, зи гугъу тщIы сурэтыр псом нэхърэ нэхъ лъэщ хъуауэ къалъытэ. Сыту пIэрэт Руффо Антонио апхуэдэ теплъэр зиIэ сурэт хуащIыным щIыщIэлъэIуар? Ар зэхагъэкIакъым. А зэманым Рембрандт и хэкум апхуэдэ дыдэуи щыцIэрыIуэтэкъым. Ауэ щыхъукIэ, нэгъуэщI къэралхэм къыщалъытат абы и зэфIэкIыр. Дауэ щытми, лэжьыгъэр езыгъэщIа Руффо хуейт зы сурэтым пасэрей цIыху щэджащитIыр щилъагъуну. Рембрандт ищIа сурэтым Аристотель къыщыгъэлъэгъуащ XVII лIэщIыгъуэм зэрахьэу щыта фэилъхьэгъуэкIэ хуэпауэ – данэм къыхэдыкIа джанэ Iэщхьэ быхъурэ къэдабэ жилетрэ щыгъщ. Щхьэрыгъри къэдабэ шляпэ лъапIэщ. Къапщтэмэ, къэдабэр пащтыхьхэм зэрахьэ щэкIт. Абы къулей Iэджэми я лъапсэр нэщI ищIауэ жаIэ, къэпщэхуным мылъкушхуэ текIуадэрти. ИтIанэми, ехъуапсэрт цIыхухэр. Къэдабэм къыхэщIыкIа щыгъынхэр лIакъуэ-лIакъуэкIэ щIэину къахуэнэрт, уеблэмэ. ДыщэхэкIхэм япэ ирагъэщырт лъапIагъкIэ. Къэдабэ жилет пщыгъыныр егъэлеяуэ пщIэшхуэт. 
Сурэтым деж Аристотель щхьэпэлъагэщ, пкъыфIэщ. И пщэм илъщ медальон зыпыт дыжьын лэрыпс. Медальоным и кIуэцIым ищIыхьащ абы и гъэсэн Македонский Александр и сурэт. Сурэтым нэщэнэ гъэщIэгъуэн хэлъщ: абдеж щызэрихьэлIа хуэдэщ ит, блэкIа, къэкIуэну зэманхэр. Абы уегъэгупсысэ, нэр пIэпихыу уоплъ. 
1961 гъэм сурэт цIэрыIуэр доллар мелуани 2,3-кIэ Метрополитен-музейм ищэхуащ. А зэманым ар нэхъ лъапIэ дыдэу яща сурэтт. 

 

ГЪУЭТ Синэ.
Поделиться: