Къафэм и махуэшхуэКъафэм и дунейпсо махуэм и щIыхькIэ, Музыкэ къэрал театрым концерт гукъинэж щитащ къэфакIуэхэм я урысейпсо, дунейпсо зэпеуэхэм пашэ щыхъуа, лъэпкъ къафэхэмкIэ щапхъэу къалъыта «Вагъуэ цIыкIу» сабий ансамблым. Гупым и художественнэ унафэщIыр КъБР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Къурашэ Едыджщ. Пшыхьыр иригъэкIуэкIащ Профсоюзхэм щэнхабзэмкIэ я унэм и режиссёр нэхъыщхьэ Гумэ Маринэ. Къафэм и дунейпсо махуэм иращIэкIа пшыхь гуапэм зыкърагъэхьэлIат къафэр фIыуэ зылъагъу нэхъыжьхэми нэхъыщIэхэми. Концертыр къызэIуахащ пасэрей адыгэ цIыхубэ къафэжькIэ. Абы къыкIэлъыкIуащ куэдым фIыуэ ялъагъу удж хэш, удж пыху, ислъэмей, лъапэрышэ, зэныбжьэгъуищым я къафэхэр.
Поделиться:
Читать также:
05.05.2024 - 12:00 →
Гъуазджэм и хэщIапIэ
05.05.2024 - 11:00 →
ЦIыкIухэм ныпыр яфIэдахэщ
04.05.2024 - 09:00 →
Музейм и накъыгъэ гъэлъэгъуэныгъэхэр
30.04.2024 - 13:00 →
Гъатхэмэ къапех
28.04.2024 - 15:02 →
ЦIыху лъэужьыфIэм и фэеплъ
|