Дэгубэрэ Пшадрэ

Дэгубэм (Догуаб, Дуаб) и гугъу тщIымэ, апхуэдэ фIэщыгъэ зэрехьэ Геленджик (Хъулъыжъый, ХъупIэ ЦIыкIу) пэмыжыжьэу хы ФIыцIэм хэхуэж Пшадэ (Пшъадэ) и къуэпс нэхъ инхэм ящыщу бгыщхьэ жьанэхэмкIэ къыщежьэм. 

ЩIыпIаплъэхэм я деж цIэрыIуэ щыхъуа Дэгубэ и «гущапIэр» Кавказ Шытх Нэхъыщхьэм къыгуэщхьэхукIа Къуацэгъур сэнтхыщхьэр зыгъэбжьыфIэ Тхыбэ Iуащхьэм (метр 905-рэ и лъагагъщ) хы IуфэмкIэ гъэза и джабэ нэкIухэрщ. 
Языныкъуэ лъахэхутэхэм (Твёрдый Александр – «Топонимический словарь Кавказа») къызэралъытэмкIэ, «Дэгубэ» цIэр зэпкърытх хъунущ адыгэбзэм хэт «дыгъэ», «бэ» псалъэхэмкIэ, къызэрыдгурыIуэн хуейри «дыгъэр куэду зыдэпсэ», «дыгъэпскIэ гъэнщIа» егупсысыкIэущ. 
НэгъуэщIхэм зэрытрагъэчыныхьымкIэ, фIэщыгъэр, «дэгу» - рэ «бэ» - уэ зэхэбгъэкIмэ, къызэрыдбж хъунур «ямылейуэ щIыпIэ дэгу» мыхьэнэм хуэдгъакIуэущ.
Геленджик и Iэхэлъахэм зыщызыгъэпсэху щIыпIаплъэхэм ящыщу Дэгубэ и тIуащIэм зи лъэ щызыукъуэдий дэтхэнэри щыхьэт техъуэфынущ метр 25-м нэблагъэ зи лъагагъ нэпкъхэм дапхъэ зэщхьэщыхакIэрэ къехуэх псыкъелъэхэм уамытхьэкъункIэ Iэмал зэрамыIэм, апхуэдизу телъыджащэу ахэр зэхэухуэнащи. 
Къэзыухъуреихь мэзылъэ къуэладжэхэм зи ныджэр километр 12-кIэ пхызыша Дэгубэ сэмэгу лъэныкъуэмкIэ къыщыхэлъадэ и къуэпсхэм я нэхъ инщ Къуагуэрэ (Коаго) зи гугъу тщIа псыкъелъэхэм я нэхъыбэр зыхэхуэж Тхыбэрэ (Тхаб). 
Псы нэхъыщхьэм зэреджэм ехьэлIауэ нэгъуэщI еплъыкIэхэми уарохьэлIэ. Абыхэм ящыщу, псалъэм папщIэ, тхужыIэнущ «Дэгухэ я къуэладжэ» егупсысыкIэм хуэзышэну хущIэкъухэри, «Дэгубэ» - р «Дэгъуэбэ» - у («фIыр куэду здэщыIэ тIуащIэ» жыхуаIэу) къыщIезыгъэдзхэри, «шыгъэжапIэ» мыхьэнэм техуэу осетиныбзэм хэт къэпсэлъыкIэм къытепщIыкIауэ къэзылъытэхэр зэрыщыIэри. 
ГъэщIэгъуэнщ, ауэ Абхъаз щIыналъэми щожэх зэреджэмкIэ дызытепсэлъыхь фIэщыгъэм хуагъакIуэ хъуну къалъытэ, къикIыр абыхэм я бзэкIи зэрыгурыIуэгъуейуэ къанэ Дуаб псы цIыкIур. 

Пшъадэ (Пшадэ, Пшад) 

ФIэщыгъэр кIэрыпщIащ урысхэм мы щIыпIэм щаухуа къуажэм, абы къыщхьэщыт, метр 743-рэ зи лъагагъ Iуащхьэм, натхъуэдж адыгэхэр зыдэса тIуащIэм, Геленджикрэ (ХъупIэжьий) Архипо-Осиповкэрэ зэпызыщIэ щхьэдэхыпIэмрэ абдежым гъунэгъуу щежэх псы цIыкIумрэ (иужьрейм нэхъ пасэхэм «Дуаб»-кIи еджэу щытащ).
ЩIэныгъэлIхэм я нэхъыбапIэм зэрытрагъэчыныхьымкIэ, «Пшъадэ («Пшад») щIыпIэцIэм и япэ Iыхьэр, «пшы»-р, «псы» мыхьэнэ иIэу абхъазыбзэм къыхэна псалъэпкъращ. НэгъуэщIхэми къызэралъытэмкIэ, фIэщыгъэр абхъазыбзэм хэт «апшадэ» («жьыншэ») псалъэм къытехъукIащ. 
УарохьэлIэ щIыпIэцIэр иджырей кIахэ адыгэбзэм IыхьитIу щызэхыхьэ «пщэ-ды» жыIэкIэм хуэзышэхэми. Абыхэм къызэрыхагъэщхьэхукIымкIэ, япэ Iыхьэр, «пщэ»-р, «пшэ», «пшагъуэ» мыхьэнэхэм уахуэзышэщ, «ды»-р «щIэзыхъума», «зысея», «зыгъэдия» егупсысыкIэм убгъэдэзышэщ.
ФIэщыгъэм ехьэлIауэ нэгъуэщI зы еплъыкIи щыIэщ. Абы тетщIыхьмэ, щIыпIэцIэр лъабжитIу зэхэтщ: «пщэ (й)»-рэ «дэ»-уэ. Япэ Iыхьэр, «пщэ (й)»-р, тхушэдеяфэ (чинар) жыгым натхъуэдж адыгэхэр зэреджэу щытам пэгъунэгъущ, етIуанэ пычыгъуэр, «дэ»-р, пхъэщхьэмыщхьэ быдэ цIыкIум и лъэпкъыгъуэ псоми хужаIэ псалъэрщ. Ауэ щыхъукIи, фIэщыгъэр къызэрыдгурыIуэ хъунур «тхушэдеяфэрэ дейуэ зэхэт мэз» жыхуиIэущ. 
Филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, щIыпIэцIэхэр джыным илъэс куэд езыгъэхьа Мерэтыкъуэ Къасым «Адыгейский топонимический словарь» и тхылъым зэритымкIэ, «Мэз-мый» фIэщыгъэм дежи дызыщрихьэлIэр ищхьэкIэ къэтхьа «пщэ-ды»–м ещхь псалъэ зэхэгъэувэкIэщ. 
Къыхэгъэщыпхъэщ, Дэгубэрэ Пшадрэ щызрихьэлIэж щIыпIэм къыщхьэщыт шытхым (Геленджик къыщыщIэдзауэ километр 40-м нэблагъэ дэлъщ) и адрыщIкIэ испы унэ куэдым уазэрыщрихьэлIэри. 

«Пшы» - «Псы»

«Псы ежэх» мыхьэнэм хуагъакIуэу абхъазыбзэм къыхэна «пш» псалъэпкъым хуэдэ адыгэбзэми хэтауэ къэтлъытэмэ, мы тхыгъэр зэхьэлIа щIыпIэцIэм тригъахуэу филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор КIуэкIуэ Джэмалдин «Черкесская топонимика» и тхылъым къыщигъэлъэгъуа щапхъэхэр гъэщIэгъуэнщ. Абыхэм ящыщ зыбжанэ мыбдежым къыщытхьынщ:
«Пщыхьэ» - псыцIэщ. Мэзылъэ Iуащхьэхэр къызэринэкIыу тафэм къытехута Щхьэгуащэ ищхъэрэ-къухьэпIэмкIэ щыхэлъадэ псыхэм я нэхъ инщ. «Пшышъхьа» псалъэри абы къытехъукIащ, и мыхьэнэкIэ «псым и щхьэ» жыхуиIэщ. 
«Пшиш» («Пщыщ» - кIахэ, «Пшышэ» - къэбэрдей) - Псыжь сэмэгу лъэныкъуэмкIэ щыхэлъэдэж псыщ. 
«Адыгэ IуэрыIуатэхэр» тхылъым, Налшык къалэ 1968 гъэм къыщыдэкIам, дыщрохьэлIэ «Пшышэжь» псалъэу «Пшышэ и кIуапIэжь, ар зыдэту щыта ныджэжь» мыхьэнэхэр къызэрыкIым. КъызытепщIыкIауэ къалъытэри, ищхьэкIэ зи гугъу тщIа псыцIэрщ. 
«Пшыз» - кIахэ адыгэхэр Псыжь (Кубань) зэреджэр апхуэдэущ. ЖытIа псоми къадэкIуэу, мы фIэщыгъэм дызыхуишэращ: «ярэби, абы и цIэр “псы изу зэрыт” егупсысыкIэм къытемыпщIыкIауэ пIэрэ?» - жыхуэтIэм. 
ГъэщIэгъуэнщ, абхъазхэм къагъэсэбэп «пшап» псалъэр адыгэхэм «псыпэ» хужытIэм зэрытехуэри. Уеблэмэ, къызэрыщыхутар уэ къащIэ, ауэ «пша» псалъэпкъыр куржыхэм я бзэми хэтщ, «псы кIантIэ», «псынэ къибыргъукI» мыхьэнэхэм щыхуагъакIуэу. 
 

ЛЪАГЪУЭРЫКIУЭ Шухъыжьэ.
Поделиться:

Читать также: