- Тимур, къызэрыщIэкIамкIэ, уэ икIи ууэрэдусщ, икIи умакъамэтх Iэзэщ…
- Пшынэм пшыналъэ гуэр къибгъэкIыуи щрет, псалъэ гуэр къыпхуэкIуауэ зэбгъэзахуэуи ирехъу, гупсысэ гуэр уи щхьэм къиджэрэзауэ зэрыпIуэтэну щIыкIэм узэрихьэуи къыхрекI, ахэр гъуэрыгъуэурэ Тхьэм уи гум, уи щхьэм кърелъхьэ. Тхьэм иухати, пшынэ еуэныр си гум япэ щIыкIэ кърилъхьащ, итIанэ макъамэ, пшыналъэ гуэрхэм си гур хузэIуихащ, иужькIэ псалъэри къакIуэу хуежьащ. Ныбжьыр щыкIуэкIэ, хуэмурэ зыбужьурэ, уи зэфIэкIым хэхъуэурэ йокIуэкI. «ЛIыпIэ уоувэ» жыхуиIэрати, пшыналъэм теухуауэ зы лIыпIэ гуэр диувауэ къыщIэкIынущ. Пшынэ еуэнри, макъамэ тхынри, уэрэд усынри зэуIу щыхъум, утыку дихьащ.
- Апхуэдэурэ кIуэмэ, Лосэн Тимур уэрэджыIакIуэщ, жаIэу зэхэтхыну къыщIэкIынщ.
- Пэжым ухуеймэ, еджапIэм сыщыщIэтIысхьэм уэрэджыIакIуэ IэщIагъэрат къыхэсхар, апхуэдизкIэ уэрэдыр сфIэфIти. ИужькIэ пшынэр нэхъ текIуащ. Ауэ си гъащIэм щыщу илъэс 27 - 28-р уэрэдым пыщIауэ есхьэкIащ.
Пшынауэхэри зэщхьэщедз: зым и IэщIагъэм нэгъуэщIхэр хуегъасэ, адрейр къэфакIуэхэм ядолажьэ, уэрэдымрэ къафэмрэ зэзыпх пшынауи щыIэщ. Сэ сызыхиубыдэр а ещанэ лIэужьыгъуэрщ. Адыгэ пшынэр уэрэдым дэщIызгъуным хуабжьу селIэлIащ. Си япэ итахэм ящыщу уэрэдыр пшынэм Iэзэу езыгъэкIуфауэ зи цIэ къисIуэнур ЛIыцIэрыIуэ Кимщ. Апхуэдэу илъэс бжыгъэкIэ си пшыналъэр уэрэдхэм дэщIыгъуу къекIуэкIащ. Апхуэдиз илъэскIэ абы ущыхэткIэ, уэрэдым ущыдежьуи къэхъунтэкъэ?! Абыи сеплъащи, Тхьэм жиIэмэ, ари къызэхъулIэну согугъэ.
- Нэхущ Чэримрэ уэрэ илъэс куэдкIэ утыку фызэдитащ. Куэд щIоупщIэ фи гъуэгур щIызэхэкIам и щхьэусыгъуэм.
- Жыжьэ дыкъыщежьа щхьэкIэ, мы узыщIэупщIэм дыкъемыкIуэлIэну Iэмал иIэтэкъым. Илъэс 25-рэ ипэкIэ, дыщIалэ цIынэу, утыку дыкъихьащ. ХьэтIохъущыкъуей Ипщэ къуажэм дыкъыдэкIри, Чэримрэ Тимуррэ жаIэу, утыкум илъэс 25-кIэ дызэдитащ. Лэжьыгъэ хъарзыни зэдетхьэкIащ. Ауэ гъащIэр адэкIэ макIуэ, нэхъыжь ущыхъукIи, гупсысэ куэд уи щхьэм зэригъэзахуэу, нэхъыбэжым ущIэхъуэпсу уохъури, абыхэм уакIэлъыпхъэру ухуожьэ. Пшынауэми езым и пшыналъэ зэхилъхьэн хуейуэ щытыкIэ гуэр йохуэ. Ар проект пщIыну, утыку ипхьэну ущIэхъуэпсу ухуожьэ. Сэ апхуэдэ зыгуэрхэр си гум илъмэ, си ныбжьэгъуу сызыдэлэжьам и мурадхэр щынэгъуэщIкIэ, Iэмал имыIэу гъуэгуанэ зырыз адэкIэ утеувэн хуей мэхъу.
- Пшынэмрэ уэрэ фызэрызэрыгъуэтам утезгъэпсэлъыхьынут.
- Уэлей, си шынэхъыщIэ, а Iуэхум уэри фIы дыдэу хыбощIыкIмэ. СыщIалэжь цIыкIуу топ къехуэкIыныр япэ щизгъэщым, ар къысфIэIуэхуакъым. ИужькIэ, тIэкIу сыкъыдэкIуэтейуэ зыгуэрхэр зэзгъэзахуэ щыхъум, си анэшхуэр, си адэм и анэр, пшынауэ Iэзэу зэрыщытар къызжаIащ. Мис абдеж псори къыщежьащ.
«ЛIэужьыр бжьиблкIэ мауэ» жыхуаIэращи, ахьей, абы и лъым щыщ сэри сщIэт. Насып сиIэти, си нанэр пшынэ зэреуэр слъагъуну къысхуихуащ. Зы махуэ гуэрым си анэшхуэм сигъэтIысри къызжиIащ: «Тимур, уэ пшынауэ ухъункIи хъунщ, ауэ бжесIэнухэр зыхыумылъхьэмэ, адэкIэ укIуэфынукъым». Япэ дыдэ пшынэм Iэпэр зэрытеплъхьэнур си нанэм сигъэлъэгъуащ. ИтIанэ адыгэ пшынауэм хэлъын хуей хьэл-щэныр зыхуэдэм сригъэдэIуащ. Езы нанэ сыт и лъэныкъуэкIи адыгэ бзылъхугъэ щэныфIэм и щапхъэт. Ди нанэр пшынэ щеуэкIэ и напщIэми зимыIэту, и Iэпэм фIэкIа и Iэпкълъэпкъри мыхъейуэ апхуэдэт. Абы сигъэлъэгъуа пшынэ еуэ-кIэмрэ пшынауэ щэнымрэ сытемыкIарэт жысIэу куэдрэ сигу къокI.
Нанэ сигъэлъэгъуат пасэрей адыгэ пшынэ еуэкIэр икIи сызригъэдэIуа къафэхэм ящыщ зым «Нанэ и къафэ» жиIэу фIэсщыжри стхыжащ.
- Езы пшынэр сыт уэркIэ зищIысыр? Пшынэм зы мыхьэнэ гуэр иIэу пIэрэ адыгэ щIалэгъуалэм я гупсысэр къызэщIэгъэушэнымкIэ?
- Уемыплъ нобэ тIыгъ пшынэм. Адыгэ пшынэм лIэщIыгъуэ куэд къызэринэкIащ икIи лIэужьыгъуэ куэдым иуващ. Илъэсищэ ипэкIэ пшынэр тIэкIу нэгъуэщIу щытауэ къыщIэкIынщ, нобэр къыздэсым абы зихъуэжурэ къогъуэгурыкIуэ. «Сыадыгэщ» жызыIэ цIыхум дежкIэ адыгэ пшынэм мыхьэнэшхуэ иIэщ. Пшынэм ущытепсэлъыхькIэ, ди лъэпкъыр куэдым къыхэзыгъэщ джэгу щэнхабзэр уи нэгу къыщIегъэувэ. Абы къещIэкIащ хъуэхъужьри, къафэри, щIалэгъуалэ гушыIэри, нэгъуэщI Iуэхугъуэ куэди.
Джэгум деж къыщекIуэкIыу къысфIощI зы щхьэл гуэр. А щхьэлым щIэкIа щIалэр абы адэкIэ гъуэгу захуэм тетынущ. Джэгум псэ хэзылъхьэр пшынэращ. «Уэрэдым и ежьур щIопщщ» зэрыжаIэм ещхьу, джэгум и щIопщыр пшынэращ, жысIэнщ. Адыгэ пшынэ едаIуэ цIыхум и гум фIыщ илъынур.
- «Къэфэнрэ уджынрэ нэхъ зыхуэфI щIалэгъуалэр щыIэжкъым», - жызыIэ нэхъыжьхэм уахуозэ…
- Захуэщ. Ар а нэхъыжьым щIыжиIам егупсысыпхъэщ. «Хабзэр Iэтэу къосри, Iэмбатэу зэхахыж», - жаIэрт ди нэхъыжьхэм. Егупсысыт, Iэтэущ къызэрысыр… Куэду зэхэлъу, щIызэхэлъым щхьэусыгъуэшхуэ иIэу. Псори я пIэ иту, псоми чэзу яIэу. Iэмбатэр езыр нэрынэ-нэрынэу мис а хабзэр зэрызэхэлъращи, и зэкIэлъыгъэкIуэкIэ мыукъуэу зэрыщытыныр къиIуа-тэу аращ. Къафэми уджми чэзу яIэщ. Псори зытеухуар мардэращ, зэпэшачэращ. Адыгэм егъэлеяр фIэфIу зэрыщымытар мо нэхъыжьхэм къыдаIуэкIыу аращ. ДэзмыIыгъынкIэ Iэмал иIэкъым.
- Пшынэм уи губампIэ щыдиха къэхъуа, Тимур?
- Мыдрейхэм жаIэ псом емыщхьу сэ зыгуэр бжесIэнщ. Сэ пшынэр зэи губампIэдэх схуэхъуакъым. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, сэ си еплъыкIэр аращи, пшынэм уи губампIэр дихын хуейкъым. Пшынэр псэлъэнуращ, бзэрэбзэнуращ. Абы жиIэр зэхэпхрэ уи гум зэрыпэджэжым елъытауэ е уигъагъынщ, е уигъэгуфIэнщ.
Ауэ… Илъэсищэрэ щэ ныкъуэкIэ узэIэбэкIыжмэ, ди лъэпкъкIэ гукъеуэшхуэ диIащ, гуауэшхуэ и щхьэ кърикIуащ. Нэпс куэди адыгэм щIигъэкIащ, гукъеуэ куэди игъэващ, а псом ищIыIужкIэ нэхъыбэм хэкур ябгынэри, хэхэсу дуней псом щызэбгрыдза хъуащ.
И губампIэр игъэтIысыну хэхэсым пшынэм фIэкIа тегъэщIапIэ имыIэжу куэдрэ къыхуихуащ.. «Си пшыналъэр къыфхузогъанэ, сигу къеуэу си хэкур собгынэ» жиIэу кхъухьым итIысхьэу хамэщI кIуа Чэбэхъан пшынэр губампIэдэх ищIакъэ, жыпIэмэ, ищIащ. Хьэмэрэ хэкужь хуэлIэу лIэжа, зи пшынэми а хэкужь имыIэр езыгъэгъея Умар Хьэбидэт дауэ зэрыпщыгъупщэнур? Я цIэ къизмыIуэми, мащIэкъым пшынэр зыгъэгъар, абыкIэ зи гущхьэ бампIэр зыгъэтIыса тхьэмыщкIэхэр. ЦIыхум и гъащIэм къыхохуэ, и гу бампIэр зэригъэтIысын Iэмал лъыхъуэу. Мыбдеж пшынэри псэхэлъхьэж зэрыхъуам шэч хэлъкъым….
Нобэ тIэкIу зыкъэтщIэжми, ди щхьэр къэтIэтыж хуэдэу дыхъуами, ди Iуэхум иджыри мыхъумыщIэу зыкъом хэлъми, гугъэм зыкъиIэтащ. Тхьэм и шыкуркIэ, адыгэр дызэрыщIэ, дызэлъэIэс хъуащ. Иджы пшынэм губампIэдэхыу языныкъуэхэм деж деплъыркъым. Мы иужьрей илъэсхэм ар хуэмурэ къэдгъэпсэлъэжащ. ИпэкIэ гъыуэ щытами, къыпыдгъэгуфIыкIыфащ, иджы гур хэзыгъахъуэ пшыналъэхэрщ абы къикIын хуейр. Сыту ирехъуи, пшынэм ищIэнур зы фIы гуэру къыщIэкIынщ.
- Тимур, уи усыгъэмрэ макъамэмрэ зэхэзыхахэм гъэщIэгъуэну зыгуэрым гу лъатэ. Уи уэрэдхэм хэт псалъэхэр «тIорысэу», макъамэхэми ущедаIуэкIэ, пасэрей пшыналъэжьхэр бгъэджэгу хуэдэу, къэбгъэщIэрэщIэжу къыпфIощI. Мыр щэху зыхэлъ Iуэху гуэру пIэрэ хьэмэрэ уи зэчийм къигъэпкI гуэр?
- Дауи, къизгъэкI пшыналъэхэм уащыщIэдэIукIэ, пасэрей еуэкIэр къыумыцIыхункIэ Iэмал имыIэу и лъабжьэм щIэтщ. Пасэрей пшынэ еуэкIэр фIыуэ къэзубыда нэужьщ, сэ иджырей еуэкIэхэм щыгъуазэ сащыхуэхъужар.
Псалъэхэм ятеухуауэ жысIэмэ, сэри уэри дезыгъэджар Жылау Нурбийщ. Мыр лIы щэджащэу диIащ адыгэм. Нэгъэсауэ егъэджакIуэт. Куэдым дригъэдэIуащ, дыщигъэгъуэзащ. Псалъэм папщIэ, хьэщIэщ уэршэрыкIэм, лIыжь хъыбар IуэтэкIэм, нэхъыжь зэхэсыкIэм, адыгэ зэхущытыкIэм, зэпсэлъэкIэ хабзэхэм ехьэлIауэ абы къыдбгъэдилъхьам, хъыбару къытхуиIуэтам щIэи гъуни иIэкъым. Абы къызигъэщIар балигъ гъащIэм лъабжьэ быдэ щысхуэхъуащ. Пшыналъэхэр щыстхми, къызыхэсхын сиIэу срихьэлIащ. ФIыщIэр зейр Нурбийуэ къызолъытэ, адыгэбзэм и лъахэм дизышар аращ.
- Уи уэрэдхэр зыхыумыщIэнкIэ Iэмал имыIэу богъэпс, Тимур. А уэрэдыр щыбускIэ, сыт нэхъ узыгъэпIейтейр, нэхъ зытебгъащIэр?
- Псэращ псори зэлъытыжар. УзыгъэпIейтейр умыщIэу, уи псэр зыгуэрым зэрихуэу хуожьэ. Абы щыгъуэм жьэгум деж сотIыс, пшынэр, хьэзырыххэщи, къызощтэри, а къэпIэжьажьэр къизгъэкIыу сыхуожьэ. Тхьэм къызитар къыIызох, жысIэнщ (погуфIыкI). Абы къуитар пшынэ Iэпэм тыболъхьэ, итIанэ нотэм тептхэнущ. НотэкIэ занщIэу зэхуэбгъэкIуэну иужь уихьэмэ, нэхъ гугъущ.
- Уи гур пIэжьажьэрэ уи Iэпэр щымыдаIуэ къыхэкIрэ?
- Я нэхъыбапIэм апхуэдэщ (погуфIыкI). Гу зэрылъыстамкIэ, зэрыщытыр пщIэрэ? Зыгуэрым ущигъэгузавэм деж, уи гур сыт хуэдизу мыпIэжьэжьами, пшынэ Iэпэм зыри къыпхуигъэкIынукъым. Уигурэ уи щхьэрэ зэтелъу, узэхурикъужу, нэгъуэщI гупсысэ уимыIэу уэр-уэру укъыщынэм дежщ къыщызэрыIэтыр псори. Апхуэдэу гупсэгъэIэсэу сэ сиIэр жэщырщ.
- Уэрэдыр сыт хуэдизу гурыхьу умыусми, сыт хуэдэу дахэу макъамэр зэхыумыгъэувэми, ар цIыхум деж нэзыхьэсын уиIэн хуейщ. А IуэхумкIэ лъэныкъуитIри фызэхуэарэзыуэ зыгуэрым удэлажьэу къыщIэкIынщ.
- Пшыналъэм ехьэлIамэ, сэ езым утыкум къисхьэжынущ, абы хуэныкъуэу къысщыхъу макъамэ Iэмэпсымэхэр къесшэлIэжурэ сызэрыхуейм хуэдэуи сщIынущ.
Ауэ уэрэдмэ, сфIэгъэщIэгъуэнщ дэтхэнэ адыгэ уэрэджыIакIуэми сыдэлэжьэну. Макъыр абыхэм Тхьэшхуэм къаритащ, сэ мы пшынэ Iэпэр къызэрызитам хуэдэу. УэрэджыIакIуэ къэс зыр зым къыщхьэщызыгъэкI зэчий ябгъэдэлъыжщ. Зы хэубыдыкIауэ мыхъуу, нэхъыбэм садэлажьэмэ нэхъ къызощтэ. Абы теухуауэ ди уэрэджыIакIуэхэм яхэту къыщIэкIынкъым зызыхуэзгъэзауэ сыкъэзыгъэщIэхъуа. Иджыблагъэ ди лэжьыгъэ кIапэ гуэр дунейм къытехьащи, абыи къигъэлъэгъуащ ар.
- Нэхъ пыухыкIауэ жыпIэмэ, цIыхухэр щIоупщIэ ТхьэкIумащIэ Аслъэнрэ Хьэкъул Оксанэрэ ягъэзащIэ уэрэдхэм. Мы уэрэдитIыр къытрагъэзэжурэ едаIуэу куэдрэ зэхэпхынущ…
- «Хъуапсэ и псэ кIуэдыркъым», - жиIащ пасэрейм. Хъуапсэр дэтхэнэ зыми хэлъмэ, дапщэщми зэ къехъулIэнущ и хъуэпсапIэр. Уэрэдыр щхьэ ТхьэкIумащIэ Аслъэн жебгъэIэн хуей хъуа жыпIэмэ, ар езыр къаруушхуэ зыбгъэдэлъ цIыхущ. Ар сэ занщIэу зыхэсщIащ икIи сызэрыщымыуари иужькIэ си фIэщ хъужащ. Езы Ас-лъэн къыгурыIуэжу си гугъэкъым а уэрэдым хилъхьар зыхуэдизыр икIи ар абы къызэрехъулIар. ДяпэкIи апхуэдэу лажьэу Iуэхур игъэкIуатэмэ, адыгэ макъамэ гъуазджэм и дунейм куэдрэ хэтыну щIалэщ Аслъэн.
«Абедэ и фIыгъуэ» жыхуиIэ уэрэдым теухуауэ жыпIэмэ, Чэбэхъан-пшынауэм иужькIэ Абедэщ (Хьэбидэтщ) сэркIэ щапхъэр. Чэбэхъан и цIэр IуэрыIуэтэжу зэхэсхыжауэ аращ, ауэ Хьэбидэт къэсцIыхуащ. Хьэбидэт жиIэну зыхуеяр уэрэдымкIэ езыр къыдэпсалъэ хуэдэущ зэрыстхар. «Сэ мыбы нэсщ схуэхьар, адэкIэ фэ къыпыфщэ», - жиIэу къысщохъу абы и гъащIэм сыщыпхрыплъкIэ. Хьэбидэт дыщэ пхъуантэ ирокъу, илъэсищэм къриубыдэу апхуэдэ цIыху зэ къалъхуми аращ. Ди насыпщ адыгэм апхуэдэ цIыху къызэрытхэкIар. Сэ хуэсщIэжыфынурати, си гуапэу уэрэд хуэзгъэпсри, цIыхум и пащхьэ ислъхьащ абы и цIэр. Гум и къуэпсым нэсыфыну къысщыхъуар Хьэкъул Оксанэщ. Уэрэдыр зыгъэзэщIэнур къыщыхэсхми куэдрэ сегупсысакъым, занщIэу зыхуэзгъэфэщар Оксанэщ. Хьэбидэт и щIалэгъуэмрэ Оксанэ и щытыкIэмрэ зэ плъэгъуэкIэ зэтохуэ. Мор пшынауэ Iэзэу, мыдрейр уэрэджыIакIуэ Iэзэу щытми. Си гугъэщ уэрэдым гъащIэ иIэну…
- Уи уэрэдхэм я гъэпсыкIэр зыми ещхькъым. Сыт абы лъабжьэ хуэхъур?
- Хэкур зрагъэбгына адыгэхэм дахэ-дахэу уэрэд яусыжакъым. Абыхэм здрахар жаIащ, я къафэхэм еуэжащ. Илъэсищэрэ щэ ныкъуэкIэ яхъума уэрэдыжьхэр щыIэщ, псом хуэмыдэу Узун-Яйла щахъумащ. Къафэхэмрэ уэрэдхэмрэ я тхыдэр ящIэжу апхуэдэщ. Уэ ущыIащ абы, щыплъэгъуащ, щызэхэпхащ. Хэкум исхэри къэбэдзэуэжу хуежьащ. УэрэдыжьхэмкIэ хуеплъэкI, абы и IэфIыр зыщIашэ хъуащ. Езыхэм уэрэдхэр яусыжу хуежьащ.
Ауэ сигу иримыхь щыIэщ. «Сэ сыноплъри, уэри укъызэплъыжри дигу зрихьат» жыхуиIэхэм хуэдэхэр сэ къасщтэркъым. Ауэ апхуэдэхэр уигу иримыхькIэ зэфIэкIыркъым. Ар щумыдэкIэ, блэкIа, иджырей адыгэ пшыналъэ и щIэбзэу, пщэдейм и щапхъэу къэгъэщI, утыкум пхуэщIэр щыщIэ. ПхузэфIэкIынумэ… Апхуэдэущ сызэрегупсысар. Сэ нобэрей адыгэ эстрадэр зэрыслъагъур къэзгъэнэхуащ.
- Уи цIэм епхауэ йокIуэкI пшынауэ пшыхьхэр, Тимур…
- ЯпэщIыкIэ «пшынауэ удж» фIэсщри, апхуэдэу илъэс зыбжанэкIэ екIуэкIащ. ИтIанэ «пшынауэ пшыхь» хъуащ. Апхуэдэу а концерт зэIущIэр Думэн Мурадинрэ сэрэ зэгъусэу къызэдгъэпэщащ. Думэн Мурадинт къызэгъэпэщакIуэ нэхъыщхьэр, сэ сридэIэпыкъуэгъут. «Пшынауэ уджым» и щытыкIэм ещхьу, «пшынауэ джэгу» езгъэжьащ иужькIэ. Мы «пшынауэ джэгур» «пшынауэ шоум» хуэзгъэкIуэну мурадхэр сиIэщ, гупсысэ гуэрхэр нобэкIэ зопцI. Тхьэм жиIэмэ, утыкуми ихьэнщ. ДызыхуэкIуэ бжьыхьэм дгъэлъэгъуэну согупсыс.
- Тимур, ищхьэкIэ къыхэбгъэщащ уэрэджыIакIуэхэм ядебгъэкIуэкI лэжьыгъэр зыхуэдэр къэзыгъэлъагъуэ уи гуащIэдэкI иджыблагъэ дунейм къызэрытехьар. Зи гугъу пщIыр Тыркум къыщыдэкIа уи альбомитIыр арагъэнщ. Ар щхьэ хамэщIым дунейм къыщытехьа?
- Дуней псом щызэбгрыдза хъуа ди лъэпкъэгъухэм я нэхъыбэр здэщыIэр Тырку щIыналъэрщ. Дызыщыгъуазэ тхыдэ Iуэхухэм адыгэр хэхэсрэ хэкурысу зэкъуачащ. Абы лъэныкъуитIыр «ментальность» жыхуаIэ лъэпкъ гупсысэкIэмкIэ зэщхьэщичащ. Зы пшыналъэ ищIэн хуэдизкIэ мыбы исымрэ хамэщI щыIэмрэ зэспхыну сыхуеящ а альбомхэмкIэ. ХуэIэтын хуэдизкIэ пшыналъэмрэ уэрэдымрэ къатехуэрщ жыхуэсIэр. Адыгэхэр зэпызыщIэ лъэмыж хъуну сыщыгугъащ абы. Альбомхэр Тыркум, дунейр щызэблэкI Истамбыл, къыщыдэкIыным щхьэусыгъуэ хуэхъуари аращ.
- АльбомитIри зиIэхэм сурэт зытрагъэхыурэ интернетым къызэрырагъэувэм къегъэлъагъуэ абы щIэупщIэ зэриIэр…
- Ар иреныбжьыщIэ, иренэхъыжь, Тыркум и тыкуэнхэм адыгэ макъамэрэ уэрэдрэ зытет диск къызэрыщащэхуар ягъэлъэгъуэжу Интернетым сурэткIэ къыщрагъэувэжкIэ, къызэрызгурыIуэр абыкIэ си гуапэ ящIыну хэт къудейуэ аракъым, атIэ зэрылъэпкъыр, хэку зэраIэр адрейхэми нэрылъагъу щащIуращ. Ари зы Iэмалщ я адыгагъэр нэхъ лейуэ къыхагъэщынымкIэ. Мыбы и IуэхукIэ а зи гугъу сщIа лъэмыжыр зекIуапIэ хъуа хуэдэу соплъ…
- Уигу илъым уи лъэкIэ унэсу, уузыншэу, уи лъэпкъ щIэбгъэгушхуэн гуащIэрэ зэфIэкIрэ куэду къыпкъуэкIыу Тхьэм уигъэпсэу, Тимур!