Африкэм зехъуэжЭфиопием и къухьэпIэ лъэныкъуэм щыIэ Бенишгангуль щIыналъэм щыщу цIыху 500 ислъам диным къихьащ. Ислъамыр къыщежьагъащIэм гугъу ирагъэхь муслъымэнхэр ЛIыкIуэ лъапIэу щэлатымрэ сэламымрэ зэхам Эфиопием Iэпхъуэну хуит ищIауэ щытащ. А къэралым тепщэгъуэр щызыIыгъ чыристан папщтыхь псэ къабзэр муслъымэнхэм еныкъуэкъу къурэйшхэм емыдаIуэу, щэхьабэхэм къащхьэщыжауэ щытащ а зэман жыжьэм. Абы и псапэм и лъэужь махуэ къыщIэкIынщ дызэрыт зэманым иджыри къэс чыристан диныр щытепщэу щыта Эфиопиер ислъам къэрал хуэм-хуэмурэ зэрыхъур. ЦIыху мелуани 110-рэ зэрыс къэралым и процент 35-р муслъымэн диным ихьакIэщ, мэжджыту яухуэхэм я бжыгъэми хуэмурэ хохъуэ. ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться:
Читать также:
18.05.2024 - 12:48 →
Кинофестивалым и махуэхэр
18.05.2024 - 12:26 →
Дохутырхэр лэжьыгъэ и пIалъэкIэ зохъуажэ
18.05.2024 - 10:01 →
ЕджапIэ нэхъ ин дыдэр
15.05.2024 - 17:01 →
«ТекIуэныгъэм и щIэблэр»
14.05.2024 - 12:36 →
Алий и пшыхь
|