Ди лъахэр зэрыгушхуэ ныбжьыщIэхэр

Ди гуапэ зэрыхъущи, Зыуэ щыт къэрал экзаменхэр мы гъэм зытахэм куэду къахэкIащ къэпщытэныгъэхэмкIэ балли 100 къэзыхьахэр. ЖыпIэнурамэ, гъащIэм и зы Iыхьэу щыт школ илъэсхэр апхуэдэ ехъу­лIэныгъэ лъагэкIэ къепхьэ­лIэныр ар щIэныгъэ нэхум и лъэмыж быдэ къэкIуэнум хуэзыщI, уи пщIэри уи нэмысри жылагъуэм щызыIэт Iуэху­гъуэщ. Апхуэдэу абы къегъэ­лъа­гъуэ а еджакIуэхэм илъэс бжы­гъэкIэ къадэлэжьа, ахэр зыу­нэтIа IэщIагъэлIхэри зыпэ­рыт IэнатIэм ехъулIэ, щIэныгъэ куу­рэ зэфIэкI лъагэрэ зыбгъэ­дэлъ лэжьакIуэу зэрыщытыр. 

А псоми иджыблагъэ щытеп­сэлъыхьащ КъБР-м егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министр Езауэ Анзоррэ ЕГЭ-м балли 100 къыщызыхьа ныбжьыщIэхэмрэ я зэIущIэм. Iуэхум кърихьэлIат ныб­жьыщIэ акъылыфIэхэр щеджа курыт школхэм я унафэщI­хэр, егъэджакIуэхэр. ПщIэ хуащIу абы ирагъэблэгъат апхуэдэ бын щэныфIэхэр, зэфIэкI лъагэ зыбгъэдэлъхэр щагъэса унагъуэхэм я нэхъыжьхэр. 
ГуфIэгъуэ зэIущIэр къызыIузыха Езауэ Анзор и гуапэу ехъуэ­хъуащ еджэным щыпэрыт щIалэ­гъуа­лэм. Министрым къызэрыхи­гъэ­щамкIэ, балли 100 нэхъыбэ дыдэу къызэрахьар химиемкIэщ, инджылызыбзэмкIэ балли 100 ди республикэм щыщ еджакIуэм иджы япэу къихьауэ аращ. Езауэм апхуэдэу жиIащ ныбжьы­щIэ­хэр нэхъыбэу дэзыхьэхыр ­ес­тес­твеннэ щIэныгъэхэмрэ информатикэмрэу зэрыщытыр. ­­А предметхэмкIэ екIуэкI къэп­щы­тэныгъэхэм еджакIуэхэм ику иту къыщахьыф балл бжыгъэхэм хэхъуащ, балли 100 къэзыхьхэри яхэту. А псоми я тегъэщIапIэщ щIыналъэм и егъэджэныгъэ IэнатIэм зыужьыныгъэфI зэри­гъуэтыр, зэхъуэкIыныгъэ нэры­лъагъу­хэри зэрыщекIуэкIыр. Абыхэм сэбэп яхуохъу «Зыу­жьыныгъэм и къежьапIэ» IэнатIэхэр курыт школхэм къызэры­щызэIуахри, къуажэ школхэр Iэ­щIа­гъэлIхэмкIэ нэсу къызэгъэпэща зэрыхъури, егъэджакIуэхэр лэ­жьыгъэм нэхъри зэрыдихьэхри.
- Догушхуэ икIи допагэ фэркIэ, ныбжьыщIэхэ. Вбгъэдэлъ Iэдэбагъым, егугъуныгъэм, а псори ­лъабжьэ зыхуэхъуа щIэныгъэ ­лъагэм фи пщIэр къыщиIэтащ ­республикэми жылагъуэми. ­ЗыIэ­рыв­гъэхьа апхуэдэ ехъулIэ­ныгъэфI­хэм я фIыгъэкIэ фи цIэ дахэр къыхэнащ ди щIыналъэм и егъэджэныгъэ IэнатIэм и тхыдэм. Ар пщIэшхуэщ, атIэми фэ ар къэв­лэжьащ фи акъылыфIагъкIэ, зэфIэкIкIэ, гъэсэныгъэкIэ, - жиIащ Езауэ Анзор, ныбжьы­щIэхэм захуигъазэу. - Хуабжьу ди гуапэщ къыфпэщылъ гъащIэ гъуэ­гуанэр ехъулIэныгъэрэ те­кIуэ­ныгъэ защIэкIэ гъэнщIауэ ефхьэкIыну. Курыт школым фы­зэрыщIэса илъэс 11-м къриубы­дэу а Iуэхум хэлъхьэныгъэфI хуэф­щIащ, лъабжьэ быдэ фхуэхъун гъащIэ гъуэмылэ зэвгъэпэщащ. Зыуэ щыт къэрал экзаменхэм къыщыфхьа балли 100-р ирехъу фызыхуеджэну мурад фщIа IэщIагъэмкIэ зэвгъэгъуэтыну щIэ­ныгъэмрэ зэфIэкIымрэ я тегъэщIапIэ. Фи Iуэху фIы ирикIуэ, дызэрыгушхуэ, куэдкIэ дызыщыгугъ зи щIалэгъуэхэ. Си фIэщ мэхъу фи цIэхэр фIыкIэ иджыри мызэ-мытIэу къызэрыIунур. 
АдэкIэ министрыр къытеувыIащ егъэджэныгъэм и пкъоуэ къалъытэ егъэджакIуэм дэтхэнэ школакIуэм и гъащIэми щиубыд увыпIэм. Шэч хэлъкъым - зи IэнатIэр хьэлэлу, жэуаплыныгъэр зыхащIэу езыхьэкI а IэщIагъэлIхэм лэжьыгъэшхуэ ирахьэлIащ я нэIэм щIэту щIэныгъэм и нэхум хуаша щIэблэм апхуэдэ ехъулIэ­ныгъэфIхэр зыIэрагъэхьэным. Министрым фIыщIэ ин яхуищIащ апхуэдэ егъэджакIуэхэмрэ школ лэжьыгъэр тэрэзу зыунэтIыф унафэщIхэмрэ. 
- Гулъытэншэ сщIынукъым ды­зэрыпагэ ныбжьыщIэхэр къы­зэрыкIа унагъуэхэри, - къыхигъэщащ министрым. - Фэ, адэ-анэ­хэм, гугъу задевгъэхьащ фи бынхэм, абыхэм я махуэр къы­­­зэрызэгъэпэщам, дэзыхьэх унэ­тIыныгъэхэмрэ гулъытэ зы­хуащI Iуэхугъуэхэмрэ набдзэгубдзаплъэу фыкIэлъыплъу, фи сабийм и зыужьыныгъэмрэ дуней еплъыкIэу бгъэдэлъымрэ фыхуэсакъыу. ФIыщIэшхуэ фхузощI апхуэдэ бынхэр зэрывгъэсам папщIэ. Жылагъуэр зэрыгушхуэ щIэблэ узыншэ къызыщIэхъуэ унагъуэхэм афэрым!
НыбжьыщIэхэм псалъэ щратым, абыхэм къэрал къулыкъущIэм фIыщIэ хуащIащ апхуэдэ гулъыт лъагэ зэрагъуэтам папщIэ. Зи щIалэгъуэхэр минист­рым гупсэхуу епсэлъылIащ, я мурадхэмрэ хъуэпсапIэхэмкIэ дэ­гуашэу. КъисIуэну сыхуейщ ди республикэм щекIуэкIа мыгъэ­рей ЕГЭ-м балли 100 къы­щы­зыхьа еджакIуэ 13-м я цIэ-унэ­цIэхэр. Ап­хуэдэхэщ Тыкъуэ Лау­рэ, Мы­сыр Саидэ, Къущхьэ Сэримэт, Къэгъэзэж Андемыркъан, Дыкъуэ Iэминэ (химие); Якушенкэ Илья, Мэремыкъуэ Дарье, Батыр Данизэ (урысыбзэ); Хьэжы Ренат (математикэ); Хьэгъэбанэ Залинэ (тхыдэ); Соблыр Му­хьэмэд, Сокъур Идар (информатикэ, ИКТ); Сэхъурокъуэ Артур (инджылызыбзэ). 
ЗэIущIэм и кIэухыу Езауэ Анзор иджыри зэ гуапэу ехъуэхъуащ еджэным ехъулIэныгъэфIхэр щы­­зыIэрызыгъэхьа ныбжьы­щIэ­хэм, фэеплъ сурэтхэри зытрагъэхащ. 
- Мурад лъагэхэр зыхуэвгъэувыж, ахэр зэвгъэхъулIэным ерыщу фыхущIэкъу. Дыфщогугъ ди республикэм, къэралышхуэм я унафэр зезыгъэкIуэн, я къэкIуэнур зыубзыхун IэщIагъэлI щып­къэхэр, къулыкъущIэшхуэхэр къыф­хэкIыну, - жиIащ министрым. - Ди лъахэр зэрыгушхуэ и бынхэм сынывохъуэхъу нобэ фы­зытехьа лъагъуэ нэхур гъащIэм гъуэгу бгъуэшхуэу къыщыфхущIэкIыну. 

ЖЫЛАСЭ Маритэ.
Поделиться: