Урысыбзэм иIыгъ увыпIэр

1969 гъэм щегъэжьауэ, илъэситху къэс зэ зэхашэ УрысыбзэмкIэ езыгъаджэхэм я дунейпсо зэгухьэныгъэм (МАПРЯЛ) и конгрессыр фокIадэм и 13 - 15-хэм щызэхэтынущ Санкт-Петербург. ФилологиемкIэ щIэныгъэлIхэр, урысыбзэмкIэ егъэджакIуэхэмрэ методистхэмрэ хэтынущ иджы 15-нэу зэхыхьэну зэIущIэшхуэм. Абы къекIуэлIэнущ къэрал 55-м къикIа лIыкIуэ 500-м нэс. 
 ХьэщIэхэр къикIынущ Азием, Африкэм, КъуэкIыпIэ Гъунэгъум, Европэм и КъуэкIыпIэ, КъухьэпIэ лъэныкъуэхэм, Латин Америкэм, СССР-м хиубыдэу щыта къэралхэмрэ щIыналъэхэмрэ. 
 Хабзэ хъуауэ, МАПРЯЛ-м и конгрессхэм къоблагъэ Вьетнамым, Индием, Китайм, Румынием, Сербием, Словакием, нэгъуэщI къэралхэм щыщ щIэныгъэлIхэр. КъинэмыщIауэ, зэхуэсым хэтынущ урысыбзэр егъэджыным ирахьэлIэ Iэмалхэм щIэупщIэхэу, Бразилием, Катарым, Колумбием, Никарагуам, Перум, Шри-Ланкам, Эквадорым щыщ егъэджакIуэхэмрэ щIэныгъэм и лэжьакIуэхэмрэ. 
 Зэхуэсым къыщаIэтыну Iуэхухэм ину заубгъу: иджырей урысыбзэм и зыужьыкIэр, ар зезыгъакIуэ системэр, щIэуэ къыхыхьэхэр жылагъуэм лъэзыгъэIэс Iэмэпсымэхэр, зэдзэкIыгъэхэм хуагъэув пщалъэхэр, зытет мардэхэр, хабзэщIэхэмрэ хъыбарыщIэхэмрэ бзэм ират зэхъуэкIыныгъэхэр - а псоми щытепсэлъыхьынущ конгрессым. 
Зэхуэсым и япэ махуэм къекIуэлIахэм я пащхьэм къыщыпсэлъэнущ зи ехъулIэныгъэхэмкIэ цIэрыIуэ щIэныгъэлIхэмрэ жылагъуэ лэжьакIуэхэмрэ. Абыхэм язщ цIыхубэм фIыуэ ялъагъу икIи куэд зыщIэдэIу, Санкт-Петербург къэрал университетым и когнитивнэ (гупсысэм епха) къэхутэныгъэхэмкIэ институтым и унафэщI Черниговская Татьянэ, Китайм урысыбзэмкIэ щезыгъаджэхэм я зэгухьэныгъэм и президент, Пекин дэт университетым и проректор, профессор Ци Нин, Европэмрэ США-мрэ урысыбзэр зэрыщрагъэдж проектхэм я унафэщI, Барселонэ къыщызэIуаха, иммерсие (бзэм хэпщIауэ) Iэмалым тет европей институтым щылажьэ Бердичевский Анатолий, Болгарием и щыхьэр Софие дэт, Лъэпкъ гъащIэмрэ экономикэмкIэ университетым хыхьэ хамэ къэралыбзэхэмрэ жылагъуэм къыщысэбэп лингвистикэмкIэ и кафедрэм и доцент Пенчевой Антонин, къинэмыщIхэр. ХьэщIэ лъапIэу конгрессым кърагъэблэгъэнущ УФ-м щIэныгъэхэмкIэ и академием пасэрей урыс литературэмкIэ и къудамэм и щIэныгъэ лэжьакIуэ, урыс тхакIуэ цIэрыIуэ Водолазкин Евгений. 
 ЩIэныгъэ унэтIыныгъэ 13-кIэ зиубгъунущ конгрессым, зэрырагъаджэ тхылъхэм я гъэлъэгъуэныгъэхэри къызэIуахынущ. Урысыбзэр щаджкIэ Iуэхур зылъахъэ лъэпощхьэпохэр щызэпкърахынущ стIол хъуреиплIым: «Бжыгъэр зи тегъэщIапIэ Iэмэпсымэхэм урысыбзэр зэрырагъэдж Iэмалхэр зэрахъуэжар», «Хабзэм мыхьэнэ зрит тхыгъэхэр зэрызэпкърыхыпхъэр», «Литературэ тхыгъэм хэт лIыхъужьыр и Хэкумрэ зыщыпсэу къэралымрэ зэрахущытыр цIыхубэм къазэрыгурыIуэ щIыкIэр», «Урысыбзэр щебгъэджкIэ жылагъуэм и гукъыдэжхэм мыхьэнэуэ етыпхъэр зыхуэдизыр». 
Конгрессыр щызэхуащIыж махуэм урысыбзэр зыдж, хамэ къэралхэм я лъэпкъ IуэхущIапIэхэм я лIыкIуэхэр къэпсэлъэнущ: урысыбзэмрэ литературэмкIэ егъэджакIуэхэм Индием щыIэ зэгухьэныгъэм и президент Дасгуптэ Дебалэ, Сенегалым и щыхьэр Дакар дэт университетым егъэджэныгъэмрэ гъэсэныгъэмкIэ и факультетым урысыбзэр егъэджынымкIэ и кафедрэм и унафэщI, профессор Ндяй Манету сымэ. 
 МАПРЯЛ-м къызэригъэпэщ зэIущIэхэр щекIуэкIынущ Санкт-Петербург и нэхъыфIыщхьэу къалъытэ, тхыдэм пщIэ зыхуищI щIыпIэхэм: Къэрал Эрмитажым, Урысейм нэхъ жьыуэ къыщалъытэ егъэджапIэхэм язу, Таврическэ сэрейм хэт Думэм и хьэщIэщым, Санкт-Петербург дэт университетым. 
 Дызэрыт илъэсыр ЕгъэджакIуэмрэ унэтIакIуэмрэ и гъэу щыщыткIэ, АдыгэбзэмкIэ езыгъаджэхэми мыпхуэдэ зэхуэсышхуэ ирагъэкIуэкIыну Iэмал яIэну къыщIэкIынщ. 
ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться: