Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэм топсэлъыхь

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек «щIыналъэ сыхьэт» зэ­IущIэ иригъэкIуэкIащ. Абы хэтащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий, республикэм и Iэтащхьэм и Администрацэм и УнафэщI Къуэ­дзокъуэ Мухьэмэд, вице-премьерхэу Къуныжь МуIэедрэ ­Хъубий Маратрэ, къалэ, район администрацэхэм я Iэтащхьэ­хэр.

- Иджыпсту Iуэху нэхъыщхьэу диIэр лъэпкъ проектхэмрэ къэ­рал программэхэмрэ гъэзэ­щIэ­нырщ. БлэкIа мазиблым къызэ­рагъэлъэгъуамкIэ, лъэпкъ проектхэр гъэзэщIэнымкIэ къэралым и хэгъэгухэм я деж ещанэ увыпIэр щытIыгъщ. И кIэм нэдгъэс лэжьыгъэхэм ящыщщ ­щIыналъэ гъуэгухэр щIыныр, курыт школхэм я спорт пэшхэр зэгъэпэщыжыныр. Къапщтэмэ, еджапIэхэр зыхуей хуэгъэзэ­жынымкIэ лэжьыгъэхэр зэраубзыхуам тету йокIуэкI, егъэджэныгъэ IуэхущIапIэ 40 зэрызэрагъэпэщыжми зэпымыууэ ды­кIэлъоплъ, - жиIащ Мусуков Алий.
ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ ­дунейр егъэлеяуэ хуабэ зэры­хъуам къыхэкIыу жылагъуэхэр псыкIэ къызэгъэпэщыным теу­хуауэ щыIэ щытыкIэми. «Псыуэ къагъэсэбэпыр куэдкIэ нэхъыбэ хъуащ. Абы епха коммунальнэ ­IэнатIэ псори я къару къызэ­рихькIэ мэлажьэ. «Кыщпэк» псы хъумапIэр зэрыхъукIэ нэхъ псын­щIэу къагъэщIэрэ­щIэ­жы­ным, абы и лъэщагъым проценти 10 - 15-кIэ хэгъэхъуэным хуэунэтIа хэкIыпIэхэр къалъыхъуэ», - жи­Iащ КIуэкIуэ Казбек.
ШыщхьэуIум и 1-м щегъэжьауэ бюджет лэжьакIуэхэм я улахуэм хэхъуэным теухуауэ къащта унафэм къару иIэ зэрыхъуам, ар зэрагъэзэщIэнум, абы къызэ­щIиубыдэну IэнатIэхэм я гугъу ящIащ. 
Республикэм и Iэтащхьэм гъэ еджэгъуэщIэм зыхуэгъэхьэзыры­ным теухуауэ нэхъапэкIэ пщэ­рылъ ищIахэм ятеухуауэ зэфIагъэкIа Iуэхухэми щытепсэ­лъы­хьащ зэIущIэм. Апхуэдэу ди ­щIыналъэм и нэ зытет Херсон ­об­ластым и курыт школ 20-м ­папщIэ зыхуэныкъуэ хьэпшып­-хэр зэхуахьэсащ - Скадовскэ, ­Голопристанскэ округхэм я ад­министрацэхэм я лъэIукIэ абы­хэм хурагъэшэнущ портфель 760-рэ, еджэнымкIэ зыхуеину ­нэгъуэщIхэри дэлъу. Къищы­нэ­мыщIауэ, школхэм ящыщ зым и медицинэ пэшыр IэмэпсымэкIэ къызэрагъэпэщынущ, художественнэ литературэу тхылъ 1000, учебникхэр, шахмат, шашкэ зэрыджэгун комплекти 100 Iэрагъэхьэнущ.
Апхуэдэ лэжьыгъэхэр щрагъэкIуэкI ди республикэми. Щхьэусыгъуэ зэхуэмыдэхэмкIэ щытыкIэ хьэлъэ къихута, къэралым, жылагъуэм я дэIэпыкъу­ны­гъэ хуэныкъуэ унагъуэхэми зэ­рахузэфIэкIкIэ зыщIагъэкъуэнущ.
Гулъытэ хуащI дзэ Iуэху хэхам хэтхэм я унагъуэхэми. «Хэкум и хъумакIуэхэр» фондым и щIыналъэ къудамэм къыIэрыхьэ лъэIу­хэм ятеухуауэ апхуэдэ унагъуэ­хэм я сабийхэм зыхуейхэр хуа­щIэнущ.
ЗэIущIэм и кIэм КIуэкIуэ Казбек къалэ, район администрацэхэм я унафэщIхэм пщэрылъ ящищIащ гъэ еджэгъуэщIэм зы­хуэгъэхьэзырыным теухуа Iуэху псори ткIийуэ я нэIэм щIагъэтыну.

 

КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэм къызэритамкIэ.
Поделиться: