ПIургъэлъагъу

Пасэм щыгъуэ адыгэпщхэмрэ лIакъуэлIэшхэмрэ я быныр атэлыкъхэм хуапIырт. Дауи, ахэр къуажэ сабийм хамыгъыхьэу щIэубыдауэ ягъасэртэкъым. Хабзэм къызэрищтэкIэ, абы хуащIапхъэ зыри къагъанэртэкъым. Абы я лъэтеувэри, я щхьэц упсри, къинэмыщIхэри, зэрыжылэу зэдагъэлъапIэу, яIэту щытащ. Абы и лъэныкъуэкIэ гъэщIэгъуэнщ ди бзэм къыхэна: «И къангъэшхэгъуэщ. Уи къангъэшхэгъуэр сыт?» - жыхуаIэхэр. Хуэбгъэфащэ хъунущ къаныр (пIурыр) зэрыжылэу зэдайуэ щытауэ, я къаныр гъуэрыгъуэу ягъашхэр къэгъани, гъуэрыгъуэуи кIэлъыплъу щытауэ икIи зи къан кIэлъыплъыгъуэр нэхъ тыншу, губгъуэм итхэм нэхърэ ар нэхъ къыхахыу пасэм екIуэкIауэ.

А псом и щIыIужкIэ, мыдрей мэкъумэшыщIэхэм я бынхэм хуамыщIу къану япIым и атэлыкъым тхьэлъэIу лей хуищIырт, сабийр илъэс ирикъуа нэужькIэ. адыгейхэм, кIахэ адыгэхэм абы щхьэкIэ жаIэу щытащ «пIургъэлъагъу», къэбэрдейхэр зэреджэр «къангъэлъагъут». Ар тхылъым зэрихуар  «пIургъэлъагъу»-щи, апхуэдэу ди бзэм хэтмэ, нэхъ тэмэму къыщIэкIынущ.

Мы тхьэлъэIур, зэрыхабзэти, сабийм и щхьэр, и дзыгъуэ щхьэцыр илъэс ирикъуауэ щытрахым ирырагъэхьэлIэрт. И къаным пIургъэлъагъу зэрыхуищIынумкIэ атэлыкъым хъыбар яригъащIэрт езым и ныбжьэгъухэм, сабий и адэмкIи и анэмкIи и адэшхуэхэм я ныбжьэгъухэм, ауэ езы адэшхуэ-анэшхуэхэр, хъыбар ящIэми, кърихьэлIэртэкъым. Ар емыкIуу, хабзэм къемызэгъыу ялъытэрт. Дауи, пIураплъэ къакIуэм и бжыгъэр елъытат сабийм и лъэпкъым и зэфIэкIымрэ атэлыкъым и цIыхугъэмрэ. ИщхьэкIэ къызэрыхэдгъэщащи, мэкъумэшыщIэ сабийхэм я щхьэр зэраупсу щытам мыри зыкIи къыщхьэщыкIыртэкъым, цIыху нэхъыбэ зэрыщыIэр хомыбжэмэ. Абы щыгъуэ ещхьу мыбыи и щхьэцыр иупсыну лIы тэмакъкIыхь, Iумахуэ, угъурлыкъыхахырт. Ауэ ар пщы е лIакъуэлIэш хуагъазэртэкъым, нэхъыбэу щхьэр зыупсыр лъхукъуэлIхэм ящыщу атэлыкъым и дзыхь зригъэзырт. Е ар езы атэлыкъым зыхуигъэфэщэжуи хъурт, и ныбжькIэ хэкIуэтамэ.

Щхьэр щаупскIэ, мыбы щыгъуи  ар зыупсымрэ сабийр зыIыгъымрэ аркъэнкIэ къагъэтIылъыхьырт. Абы, дауи, мэгъу мыхьэнэ иIащ – бзаджэнаджэхэр сабийми абы и щхьэцми зэран хуэмыхъун щхьэкIэ. щхьэр зыупсым «бисмилахь» жиIэрти, япэщIыкIэ сабийм и щхьэ джабэ ижьыр кърихьэхыртэ, итIанэ щхьэ гупэр, къыкIэлъыкIуэу щхьэ щIыбыр, псом яужь сэмэгурабгъу лъэныкъуэр. Щхьэр упсын иуха нэужькIэ, ар зыупсыр сабийм ехъуэхъурт «Бэраупс» жиIэрти. Абы дзэдзум и щхьэцыр хуэсакъыу, къимыгъанэIауэ зэхуихьэсыжырти, цы топ цIыкIуу игъапцIэрт, итIанэ хъуахъуэурэ сабийм и быфыкъуэ анэм иритыжырт. Щхьэцыр зыупсар и щхьэгъусэр армырамэ, быфыкъуэ анэм абф и фIыщIэр игъэкIуэдыртэкъым: фэилъхьэгъуэ е и IэкIэ ищIауэ цей,тэджэлей хуэдэхэр лIым иритырт. Абдеж щыщIэдзауэ щхьэр зыупса лIыр сабийм и благъэу, и атэлыкъ етIуанэ хуэдэу хъурт, я гъащIэр сыт и щIыскIи зэтауэ, зэхьэлIауэ.

ЗэрыжытIащи, адрей сабийхэм хуэдэу пIур цIыкIум и щхьэцри хыфIадзэртэкъым, уеблэмэ нэхъ хуэсакъыу яхъумэрт. Ар балигъ хъуауэ къаныр щатыжкIэ, щхьэцыр абы и анэм хуахьыжырт. Абы иужьыжкIэ, къаным щхьэгъусэ игъуэтамэ, и дзыгъуэ щхьэцыр абы ихъумэрт, ар зейр лIэуэ дыщIалъхьэжыхукIэ. Хъыджэбз цIыкIухэр балигъ хъуамэ, я дзыгъуэ щхьэцыр езыхэм зэрахьэжырт, бын яIэ щыхъуам дежи я бынхэм я дзыгъуэ щхьэцым и гъусэу.

Къаным и щхьэр яупсу щхьэцыр быфыкъуэ анэм иратыжа нэужькIэт атэлыкъым и пIурыр и хьэщIэхэм щаригъэлъагъур. Сабийр атэлыкъым и Iэблэм тесу хьэщIэщым гуфIэгъуэ Iэнэм щыбгъэдэс и хьэщIэхэм я деж ихьырти, псоми гъуэрыгъуэу ябгъэдихьэурэ яригъэлъагъурт. ХьэщIэхэр сабийм къехъуэхъурт, и щхьэм Iэ къыдалъэрти, абы къызэрыхуэупсэм и цIэр ираIуэрт. ЩIалэ цIыкIухэм, зэрыхабзэти, шы-уанэ зэтелъ, Iэщэ, былым гуэрхэр къратырт, хъыджэбз цIыкIум бзылъхугъэр зыхуеин хуагъэфащэрт.

ПIургъэлъагъум гуфIэгъуэ Iэнэ къыщаIэтым и мызакъуэу,   джэгушхуэхэр иращIэкIырт, хъыджэбзхэм щхьэкIэ хъринэ щIащIэрт, кIапсэрыкIуэхэр къашэрт, хьэщIэхэр нэщанэ ирагъауэрт, шыгъажэ, шы игъэлъ, шыбгъэрыуэ, джэдыкIэ къутэ, нэгъуэщI Iэджэхэри ирагъэкIуэкIырт, джэгуакIуэхэм уэрэд яусырт, къафэхэмрэ уджхэмрэ нэху щыху зэхэкIыртэкъым.

Дауи, къыжыIапхъэщ, сабийр гъэсэным епха хабзэхэр тхьэлъэIурэ гущэхэпхэ хуэдэ IуэхугъуэхэмкIэ зэрызэфIэмыкIыр. Уеблэмэ, щIэблэр щапIыр, щагъасэр мыдрей къызэрыгуэкI унагъуэ гъащIэ екIуэкIырщ, махуэ къэс дунейм къыщыхъур сабийм зэрыбгъэдалъхьэрщ. ИкIи ар зы цIыхум, хьэмэрэ тIум я жэрдэмкIэ зэфIэкIыркъым. Гъэсэныгъэм псори хэтщ, зэм езыр ягъасэ, зэми езым егъасэ.

Сабийр зыгъасэр цIыхухэм, нэхъыжьхэм я закъуэкъым. ЩIэблэр ягъасэ жыгхэми, губгъуэхэми, псыхэми, уафэми, вагъуэхэми, псэущхьэхэми. Ар куэд мэхъу, ар куэду зэхохьэ. Ауэ, зэрыгурыIуэгъуэщи, псом нэхърэ нэхъыщхьэр езы цIыхухэрщ. ЯпэщIыкIэ унагъуэм исхэр – адэшхуэ, анэшхуэ, адэ, анэ, къуэш, шыпхъу. Унэм йокIри, гъунэгъухэр, жылэдэсхэр, адэкIэ зыхуэзэ, зыхыхьэ цIыху псори. Абы къыхэкIыу, пIургъэлъагъу, къангъэлъагъухэм лъабжьэ хуэхъуагъэнущ сабий гъэсэныр, ар пIыныр балигъ псом я Iуэхуу, я къалэну зэрыщытыр. Къаныр лъэпкъ псом, хьэблэм, жылэм, нэхъыжьхэм хэдз щымыIэу ягъэсэн хуейуэ зэрыщытым абы шэч къытриугъэхьэркъым.

НэхъыщIэхэм ягъэсэныр, гъуэгу тэмэм тегъэувэныр я Iуэхут дэтхэнэ зы адыгэми. Псалъэм щхьэкIэ, шу гъуэгурыкIуэм сабий къуейщIей илъэгъуамэ, абы ешхыдэ къудейуэ къимыгъанэу, сабийр зейм я унэр къигъуэтырт, абы дыхьэрти, и нэгу щIэкIа псори унагъуэм я нэхъыжьхэм яжриIэрт, я быным я нэIэ трагъэтыну елъэIуу. Ар унагъуэм я жагъуэ ящIын дэнэ къэна, лIы мыцIыхум фIыщIэ хуащIырт икIи щIалэ цIыкIум и тхьэкIумэр фIыуэ «хуаIуантIэрт».

Адыгэ унагъуэм и гъащIэм, и псэукIэм, абы и зэгурыIуэкIэм куэдкIэ елъытат къахэхъуэ сабийм и дуней тетыкIэ хъунур. Нэхъыжьхэм я лэжьэкIэ, зыгъэпсэхукIэ, гушыIэкIэ, тIысыкIэ, шхэкIэ, псэлъэкIэ нэгъунэ нэхъыщIэхэм щапхъэ яхуэхуърт, щIэалэ цIыкIухэр цIыхухъухэм дэплъейуэ, хъыджэбз цIыкIухэм унагъуэм ис бзылъхугъэхэм щапхъэ трахыу. Абы и лъэныкъуэкIэ фIэкIыпIэ зимыIэ Iуэхугъуэт унагъуэм зы унафэ илъыныр, а унафэм щIэту дэтхэнэ зыми езым и къалэныр игъэзащIэу щытыныр. Мыбы щыгъуи псори зыхуэкIуэжыр нэхъыжьхэм я дуней тетыкIэу нэхъыщIэхэм ялъагъурт.

 

Поделиться:

Читать также: