Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ

 Урысей Федерацэм визэкIэ къакIуэ хамэ къэрал лэжьакIуэхэм ящыщу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм къигъэсэбэпыну зыхуейхэр зыубзыху Правительствэ комиссэм хэтхэм зэхъуэкIыныгъэхэр яхэлъхьэным и IуэхукIэ

2023 гъэм бадзэуэгъуэм и 24-м      Налшык къалэ  №142-ПП

 Урысей Федерацэм  визэкIэ къакIуэ хамэ къэрал лэжьакIуэхэм ящыщу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм  къигъэсэбэпыну зыхуейхэр зыубзыху   Правительствэ комиссэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2015 гъэм накъыгъэм и 25-м къыдигъэкIа унафэ №104-ПП-кIэ къищтам мыпхуэдэ зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн:

а) Правительствэ комиссэм мы къэкIуэнухэр хэгъэхьэн:

Акаевэ С.В. -  Федеральнэ налог IэнатIэм Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щиIэ къудамэм и унафэщIым и къуэдзэр (зэрызэгурыIуам тету)

Зэгъэщтокъуэ М.А.-  Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министерствэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэм  Iэпхъуэшэпхъуэным  пыщIа IуэхухэмкIэ и  къудамэм и унафэщIыр (Правительствэ комиссэм и унафэщIым и къуэдзэщ) (зэрызэгурыIуам тету)

Тогузаев Т.М -  ЛэжьыгъэмкIэ къэрал инспекцэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм  щыIэм и унафэщIыр - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм  лэжьыгъэмкIэ и къэрал инспектор нэхъыщхьэр (зэрызэгурыIуам тету);

б) Правительствэ комиссэм хэгъэкIын Бахъуэ А.Хь, Будаев Р.И., Мэремкъул А.Н.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий

 

 

     Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и

                              Унафэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал, кIэзонэ, бюджет, автоном IуэхущIапIэхэм я лэжьакIуэхэм я улахуэхэр IэнатIэхэм трагуашэурэ зэрызэтраухуэ щIыкIэм теухуа Положенэм зэхъуэкIыныгъэ хэлъхьэным и IуэхукIэ

2023 гъэм бадзэуэгъуэм и 24-м         Налшык къалэ   №143-ПП

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм унафэ ещI:

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал, кIэзонэ, бюджет, автоном IуэхущIапIэхэм я лэжьакIуэхэм я улахуэхэр IэнатIэхэм трагуашэурэ  зэрызэтраухуэ щIыкIэм теухуа Положенэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм  и Правительствэм «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал, кIэзонэ, бюджет, автоном IуэхущIапIэхэм я лэжьакIуэхэм  я улахуэхэр IэнатIэхэм зэрытрагуашэ щIыкIэхэм хуэкIуэным и IуэхукIэ» 2008 гъэм шыщхьэуIум  и 19-м къыдигъэкIа унафэ №196-ПП-мкIэ  къищтам и 15-нэ пунктым и ещанэ абзацым зэхъуэкIыныгъэ хэлъхьэн, етIуанэ псалъэухар хэгъэкIауэ.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий

 

      Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал мылъкуу   е  зэхэмыгъэщхьэхукIа мылъкуу щыт щIы Iыхьэхэм щIат бэджэндыпщIэр зыхуэдизыр зыубзыху хабзэхэмрэ апхуэдэу бэджэндыпщIэр зэрагъэув щIыкIэм,  щат пIалъэхэм зэхъуэкIыныгъэхэр яхэлъхьэнымрэ я IуэхукIэ

  Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и

   Унафэ

2023 гъэм бадзэуэгъуэм и 24-м      Налшык къалэ   №144-ПП

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм унафэ ещI:

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал мылъкуу е зэхэмыгъэщхьэхукIа мылъкуу щыт щIы Iыхьэхэм щIат бэджэндыпщIэр зыхуэдизыр зыубзыху Хабзэхэу, апхуэдэу бэджэндыпщIэр зэрат щIыкIэу, щат пIалъэхэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2015 гъэм накъыгъэм и 18-м къыдигъэкIа унафэ №90-ПП-мкIэ къищтам зэхъуэкIыныгъэ хэлъхьэн, 7-нэ пунктым и ебланэ  абзацыр мыпхуэдэу тхауэ:

«кIэрыхубжьэрыху быдэхэр ягъэкIуэщIын (щIатIэн)  папщIэ къагъэсэбэп  (Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал мылъкуу е зэхэмыгъэщхьэхукIа мылъкуу щыт щIы Iыхьэхэм зы илъэсым бэджэндыпщIэу щIы  Iыхьэхэм я кадастр уасэм и проценти 2-м хуэдизу щыгъэува концессие зэгурыIуэныгъэм къыщыгъэлъэгъуа лэжьыгъэхэр  щрагъэкIуэкIын папщIэ щIы Iыхьэхэр щыхухаххэр хэмыту) щIыпIэхэр».

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэщI Мусуков  Алий.

 

 ЩIыналъэ къэрал псэупIэ кIэлъыплъыныгъэм (я нэIэ тегъэтыным теухуа  Положенэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и

                                  Унафэ

2023 гъэм бадзэуэгъуэм и 25-м     Налшык къалэ   №145-ПП-м

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм унафэ ещI:

1. ЩIыналъэ къэрал псэупIэ кIэлъыплъыныгъэм (я нэIэ тегъэтыным) теухуа Положенэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2022 гъэм гъатхэпэм и 3-м къыдигъэкIа Унафэ №38-ПП-мкIэ  къищтам  мыпхуэдэ зэхъуэкIыныгъэхэр яхэлъхьэн:

1) 5-нэ пунктым:

а) «къит энергетикэ фейдэр» псалъэхэм я ужькIэ япэ абзацым щIыгъужын «Урысей Федерацэм газкIэ къызэгъэпэщынымкIэ и законодательствэм тету»;

б) ебланэ абзацым «IуэхущIапIэхэм» псалъэр «IуэхущIапIэ хэхахэр» псалъэхэмкIэ щызэхъуэкIын»;

в)  ебланэ абзацым  къыкIэлъыгъэкIуэн мыпхуэдэ  абзацыр: «Iугъуэ къызэрыкI, жьы зэрыщIрагъэху бжьамийхэм я щытыкIэмрэ  зэрылажьэ щIыкIэмрэ къэпщытэным, апхуэдэу ахэр гъэкъэбзэным икIи ремонт щIыным теухуа лэжьыгъэр езыгъэкIуэкI IуэхущIапIэхэр;»

2) Ебгъуанэ абзацым и 7-нэ пунктым кIэлъыгъэкIуэн мыпхуэдэ  абзацыр:

«Унэ кIуэцI е  фэтэр кIуэцI газ Iэмэпсымэр шынагъуэншэу къэгъэсэбэпынымкIэ икIи техникэ кIэлъыплъыныгъэм  щIэгъэтынымкIэ къигъэувхэм, апхуэдэу фэтэр куэду зэхэт унэм я зэхуэдэ мылъкуу щыт жьы зэрыщIрагъэху, Iугъуэ  зэрыкI бжьамийхэр зехьэным теухуауэ къигъэувхэм;»;

3) 44-нэ пунктым «апхуэдэу Урысей Федерацэм и ПсэупIэ кодексым къыщыгъэлъэгъуа нэгъуэщI Iуэхухэм» псалъэхэр хэгъэкIын;

4) Зи гугъу тщIы Положенэм и япэ абзацым «энергием къит  фейдэм хэгъэхъуэным теухуауэ» псалъэхэм дыщIыгъужын «Урысей Федерацэм газкIэ къыщызэгъэпэщынымкIэ и законодательствэм тету» псалъэхэр.

2. Мы унафэм къару егъуэт 2023 гъэм фокIадэм и 1-м щегъэжьауэ.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий.

 

  «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и цIыхухэмрэ щIыналъэмрэ щIыуэпс, техноген  къэхъукъащIэ къызэрымыкIуэхэм ящыхъумэныр, мафIэсхэмрэ  псыхэмрэ цIыхухэм я шынагъуэншагъэр  къыщызыгъэпэщыныр» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал программэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и

                                Унафэ

2023 гъэм шыщхьэуIум и 7-м    Налшык къалэ   №157-ПП

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм унафэ ещI:

«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и цIыхухэмрэ щIыналъэмрэ щIыуэпс, техноген  къэхъукъащIэ къызэрымыкIуэхэм ящыхъумэныр, мафIэсхэмрэ псыхэмрэ цIыхухэм я шынагъуэншагъэр къыщызэгъэпэщыныр» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал программэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2020 гъэм жэпуэгъуэм и 5-м къыдигъэкIа унафэ №229-ПП-мкIэ  къищтам халъхьэ зэхъуэкIыныгъэхэм арэзы техъуэн.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэщI Мусуков А.

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

Поделиться: