Мэлэчыпхъу и къупхъэм ит пщащэ

 Республикэпсо мыхьэнэ зиIэ «Адыгэ пщащэ» зэпеуэр лъэпкъым къыдекIуэкIа хабзэр къэгъэщIэрэщIэжынымкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэщ. 
 Кэнжэ къуажэм дэт Щэнхабзэ уардэунэм щызэхашэ зэпеуэм япэ увыпIэр зыщыхуагъэфэщахэм ящыщщ пщащэ тхьэIухуд, щэныфIэрэ щIыкIафIэ Борсэ Саидэ. НыбжькIэ абы нэхъ щIалэ яхэмытми (илъэс 14), хьэлкIэ, зыIыгъыкIэкIэ, псэлъэкIэ зэгъэкIуакIэ, гушыIэкIэкIэ къытекIуэн пщащэхэм яхэттэкъым. А псоми къэпщытакIуэ гупым хэтхэм пщащэ цIыкIум и ныбжьыр ящигъэгъупщэри, япэ увыпIэр фIахыфакъым. И IущагъкIи, и акъыл жанагъкIи, и теплъэкIи IуэрыIуатэм хэт Мэлэчыпхъу и къупхъэм ит пщащэр нэхъ гъунэгъуу фэдгъэцIыхумэ ди гуапэу «Адыгэ псалъэм» и хьэщIэщым къедгъэблэгъащ. 

- «Адыгэ пщащэ» зэпеуэм и хъыбар къызэрыпщIам, абы ухыхьэну узэрытегушхуа щIыкIэм дыщыбгъэгъуэзамэ арат. 
- АдыгэбзэмкIэ си егъэджакIуэ ХьэIупщы Маринэ зэпеуэм и хъыбар къыщищIэм, абы сыхэтыну къысхуигъэфащащ. Iуэхур зытетыр си анэм щыжесIэм, япэщIыкIэ дзыхь имыщIурэ: «Дахагъэм и зэпеуэу ара? Арамэ, ар адыгэ хъыджэбзым и гъащIэм зэран хуэмыхъуну пIэрэ?», - щыжиIэм, дыкъикIуэтыжащ. 
Абы яужь егъэджакIуэр си анэм епсалъэри, зэпеуэм и купщIэр, абы и мыхьэнэр зэхэхауэ къыгуригъаIуэри, иригъэдащ. Ауэ щыхъукIи, си адэр нэхъ къытегъэхьэгъуейт абы ехьэлIауэ. АрщхьэкIэ иужькIэ ари Iуэхум арэзы техъуэжри, псори зэгъусэу къыздэIэпыкъуурэ, зэпеуэм сыхуагъэхьэзыращ. 
- Зэпеуэм зыщыхуэбгъэхьэзырым сыт нэхъ гугъу узыдехьар? 
- Пэжым ухуеймэ, гугъуехьтэкъым ахэр си дежкIэ. Сэ щIэгъэкъуэныфI сиIащ. Псом хуэмыдэу си анэрат емытIысэхыххэр. Зэпеуэм и сыт хуэдэ Iыхьэри нэгъэсауэ къызэзгъэпэщынымкIэ, утыкум екIуу ситынымкIэ, нэгъуэщI IуэхухэмкIи къыздэIэпыкъуащ. Адыгэ пщащэм и пщIэр сымыгъэлъахъшэу утыку ситынырт си дежкIэ нэхъыщхьэр. 
Схуэмыгъэкъарууну гугъусыгъу гуэри хэлъауэ схужыIэнукъым. Къэфэным куэд щIауэ сыдихьэхырти, а Iыхьэр къысхуэмыгъэсу сыпэплъэрт, пщэфIэным сыхэзагъэрт. Ауэ IуэрыIуатэр зи лъабжьэ упщIэхэр тынштэкъыми, абыхэм фIыуэ захуэзгъэхьэзыращ. Си адэ къуэш Ало Тимур абыкIэ къыздэIэпыкъуащ, абы сригъэджащ тхылъ куэд. 
- Уи зэфIэкI псори утыкум къыщыбгъэлъэгъуэну Iэмал уиIа? 
- Пщащэхэм я зэфIэкI къыщагъэлъагъуэ Iыхьэм хухаха зэманыр зэрымащIэм къыхэкIыу, дыщэидэ зэрысхуэщIыр згъэлъэгъуэну Iэмал сиIакъым. Сэ сыкъэфащ, уэрэд жысIащ, ауэ а зымкIэ сигу ныкъуэу къэнащ. 
- «Адыгэ пщащэ» зэпеуэм хэта хъыджэбзхэр фыкъызэрызэдэгъуэгурыкIуам утезгъэпсэлъыхьынут. Апхуэдэхэм къэхъу хабзэщ хъыджэбзхэр зэныкъуэкъуу, зэгурымыIуэу… 
- ФэрыщIагъ халъэгъуэну сыхуейкъым мыбы еджэхэм си псалъэм, ауэ адыгэ пщащэ нэс хужумыIэну зы закъуи яхэтакъым абыхэм. Зэпеуэм дыхуагъэхьэзырыну дыщызэхуашэсам нэхъыбэ дыхъурт, ауэ Iуэхум пэмылъэщыну къэзылъытэхэр е абы хэтыну хуэмейхэр хэкIыжурэ, иужьым къэнахэр апхуэдизкIэ зэныбжьэгъу дызэхуэхъуати, «Уэращ тезгъэкIуэнур», «Хьэуэ, уэращ» жыхуиIэмкIэ фIэкIа зэныкъуэкъу дяку къыдэхъуэртэкъым. Хэт и утыку къихьэгъуэр къэсми, абы щхьэкIэ дыгузавэрт. 
Зэпеуэм сызэрыхэтам фIы куэд къысхуихьащ жысIэмэ, езгъэлеинукъым. Пэжщ, нэхъыбэм сыкъацIыхуащ, ауэ аракъым нэхъыщхьэр. Нэхъыжьхэр къызбгъэдыхьэурэ псалъэ гуапэ къызжаIэ. Абы зыщыхуэзгъэхьэзырым, сымыщIэ куэди къэсщIащи, ари куэд и уасэщ. Зэпеуэм къыщысхьа увыпIэр си дежкIэ лъапIэщ, гушхуэныгъэ ин къысхилъхьащи. Ар фIыгъуэшхуэщ си дежкIэ. 
- ГъащIэм гъуазэ щыпхуэхъу, щапхъэ зытепх цIыхуу хэт сымэ уиIэр? 
- Адыгагъэм, лъэпкъ Iуэхум, хабзэм, щытыкIэ дахэм и щапхъэ нэсу, срипагэу си адэ къуэш Ало Тимур сиIэщ. Уеблэмэ, урысыбзэкIэ дыпсалъэу зэримыдэнур, ар и жагъуащэ зэрыхъунур дощIэри, си дэлъху цIыкIумрэ сэрэ дыщыпсалъэкIэ дызэкIэлъыплъыж зэпытщ. Сэри сыхуейт а зи гугъу сщIы хьэлыфIхэмкIэ абы ещхь сыхъуну. Мыдрейуэ зэпIэзэрыту, щабэу, Iэдэбу, Iуэхум егупсысауэ бгъэдыхьэу псэу си анэри си гъуазэщ. ЖыIэ лей хуейуэ къэслъытэркъым анэм, псом хуэмыдэу пхъум дежкIэ, иIэ мыхьэнэм. 
- Саидэ, уефIэкIуэну, зыбужьыну, ехъулIэныгъэ ущымыщIэну ди гуапэщ.

 

Епсэлъар Щомахуэ Залинэщ.
Поделиться: