Нобэ хуэдэт…

Илъэс къэси хуэдэу, шыщхьэуIум и 14-м Абхъаз Республикэм щекIуэкIащ Хэку зауэшхуэр зэрыщIидзэрэ илъэс бжыгъэ зэрырикъум теухуа дауэдапщэхэр. Куржы-Абхъаз зауэр зэрыщIидзэрэ мы махуэхэм илъэс 31-рэ ирикъуащ. Мыр щыгъуэ махуэу къэзылъытэр абхъазхэм я закъуэкъым, атIэ Кавказ Ищхъэрэми, Урысейми, нэгъуэщI къэрал куэдми зэи ящыгъупщэркъым 1992 - 1993 гъэхэм жэнэт лъахэм щекIуэкIа зауэр. 
Мы гъэм Абхъаз Республикэм и Президент Бжание Аслъэн цIыхубэм защыхуигъазэм къыхигъэщащ Хэку зауэшхуэр абхъаз тхыдэм и напэкIуэцI гууз дыдэхэм зэращыщыр. «Куржым абы щыгъуэм къулыкъу щызыIыгъахэм  абхъаз лъэпкъыр я унафэ щIагъэувэн папщIэ зэпсэлъэныгъэ мамырхэм ебакъуэри, шэкъэуэж зауэр ирагъэжьат. Сыт хуэдиз хьэкIэкхъуэкIагъэ зэрамыхьами, ди лъэпкъыр къыхэщтыкIакъым, абхъазхэм я пашэ Ардзинбэ Владислав и псалъэм едаIуэри, хэкум и щхьэщыжакIуэу зэбгъурыуващ.  Абхъазхэм къагухьащ урысхэр, ермэлыхэр, алыджхэр, куржыхэр, нэгъуэщIхэри. Япэ махуэм щыщIэдзауэ къыткъуэуващ Кавказ Ищхъэрэм, Урысейм и Ипщэ щIыналъэм  щыщ ди къуэшхэр», - жиIащ Аслъэн. 
Псори зэрыщыгъуазэщи, мафIэ лыгъейкIэ зэпэщIэува лъэныкъуитIым я къарур зэхуэдэтэкъым. КъызэрыгуэкI Iэщэ фIэкIа зыIэщIэмылъ ди къуэшхэм къапэуващ танк, артиллерие, кхъухьлъатэ, вертолет, Iэщэ лъэрыхьхэмкIэ зэщIэузэда куржыхэр. Куэдрэ зэуэну загъэхьэзыртэкъым абыхэм, атIэ кърахьэжьа Iуэху шынагъуэмкIэ абхъазхэр ягъащтэу, а махуэ дыдэм е къыкIэлъыкIуэм АР-м и Совет Нэхъыщхьэр зэбграгъэкIыу Куржы Къэрал совет зэхашэну арат я мурадыр. Ауэ зи адэжь лъахэмрэ зи пщIэмрэ яхъумэжу къапэувахэм я ерыщагъымрэ я псэм и быдагъымрэ щалъагъум, куржыдзэм зэхэуэ гуащIэхэр иублащ. 
Махуэ 413-кIэ екIуэкIащ зауэр. КъызэралъытэмкIэ, зауэм цIыху мин 16 хэкIуэдащ, абы щыщу мини 4-р абхъазщ, мини 10-р куржыщ, минитIыр Кавказ Ищхъэрэм хыхьэ республикэхэмрэ Осетие Ипщэмрэ щыщхэщ. 
Абхъазым и щыгъуэ махуэм мыхьэнэшхуэ зрат зы щIыпIэ иIэщ республикэм. Ар дэтхэнэ зы абхъазым дежкIи лъапIэу къалъытэ, АР-м и япэ Президенту щыта, лъэпкъ лIыхъужь Ардзинбэ Владислав щыщIалъхьа щIыпIэрщ - Сыхъум пэмыжыжьэу щыIэ Эшерэ Ищхъэрэ къуажэм дэт мемориалырщ. ШыщхьэIум и 14 махуэм Iуащхьэ цIыкIум тет кхъащхьэм цIыхухэр щыму дэкIуейуэрэ удз гъэгъахэр тралъхьэ, лъэныкъуэкIэ йоувэкIри, абы хуащI пщIэм и нэщэнэу, дакъикъэ зыбжанэкIэ щытщ, Владислав зэрихьа лIыгъэм, хахуагъэм, лъэпкъым и пащхьэ къыщихьа фIыщIэхэм тепсэлъыхьу. 
ПэшитIым и блынхэм щыфIэдзащ Эшерэ щыщ, Кавказ Ищхъэрэм къикIа, Гумистэ фронтым Iута лIыхъужьхэм я сурэтхэр. Апхуэдэуи «Абхъазым и лIыхъужь» медалыр, Леон орденыр, Хахуагъэм папщIэ медалыр зратахэм я цIэ унэцIэхэр зэрыт тхылъхэр щIэлъщ. ГуIэгъуэ куэд къэзыхьа зауэм, Iэгу хуэдиз хъу къэрал цIыкIум, куэд зыщыгуфIыкIа ТекIуэныгъэм ятеухуа усэхэр Iэнэхэм тегуэшащ. ПэIущIэ пэшым щIэлъщ Владислав и хьэпшыпхэр, кърата дамыгъэ лъапIэхэр, и тхылъхэр, нэгъуэщI куэди. Лъэпкъым и щхьэр лъагэу езыгъэIэт лIыхъужьхэм я «хэщIапIэщ», абхъазхэр нобэми щIэгуIэ нэщхъеягъуэм и дамыгъэщ, мамырыгъэм лъабжьэ хуэхъу фэеплъщ, блэкIамрэ нобэмрэ зэпызыщIэ унэщ Эшерэ Ищхъэрэ дэт музейр. 
Абхъазыр зыхъумахэм я фэеплъ махуэм къыкIэлъыкIуэу, ягъэлъапIэ я фIэфIыныгъэкIэ абы щызэуахэм я махуэри. Ар я махуэщ  Куржы-Абхъаз зауэм 1992 - 1993 гъэхэм хэкIуэда, нэгъуэщI щIыпIэхэм къикIа щIалэ 200-м щIигъум. Абхъазыр гузэвэгъуэ щихуа дакъикъэм абы жыджэру зэрызыщIагъэкъуар дэнэ щIыпIи щапхъэу щыбгъэлъагъуэ хъунущ. А махуэр нобэр къыздэсым абхъаз лъэпкъым, хэкум дежкIэ лъапIэщ, абы щыгъуэ а щIыпIэм ихьащ мамырыгъэм папщIэ зи псэр зытыну хьэзыр я къуэшхэр. Апхуэдэу Апсным япэу къуэувахэм, унафэ зыщIахэм, щIалэхэр зэхуэзышэсахэм яхэтщ КъБР-м щыщу  Сосналы СулътIан, Щэныбэ Мусэ, Нало Заур сымэ.  Къуэш лъэпкъым къытехьэ лейм я  гъусэу пэщIэувэну абы кIуэ щIалэгъуалэм я адэ-анэм жраIэртэкъым зэрежьэр. Ахэр ишэрт зэкъуэшхэм ящIэт лъым, ди адэжьхэм я джэрпэджэжым, пэжыгъэм, захуагъэм хуаIэ гулыцIым. 
Куржы-Абхъаз зауэм хэта куэдым я цIэр иджыри къыздэсым цIыхубэм яIэщIэхуакъым. Иджыри зэман куэдкIэ псэунущ зэкъуэшыгъэм, лIыгъэм, хахуагъэм, пэжыгъэм я джэлэс хъуа а щIалэхэм я цIэр. 
«Зи фIэфIыныгъэкIэ Абхъазым къыдэIэпыкъуну япэ гупыр, Сосналы СулътIан зи унафэщI ди къуэш адыгэхэр, етIуанэ махуэм къэсат ди деж. Япэ махуэм щегъэжьауэ ТекIуэныгъэр къэсыху дэ къыткъуэтащ Урысейми, нэгъуэщI къэралхэми щыщхэр. Абыхэм я бжыгъэр мини 2-м щIигъурт. Ди жагъуэ зэрыхъущи, 200-м щIигъур хэкIуэдащ. Абыхэм я лIыгъэмрэ хахуагъэмрэ ди щхьэр яхудогъэщхь икIи я фэеплъыр дохъумэ. 
Ноби къытхэт ди къуэшхэм фIыщIэ яхузощI, я щхьэкIи я унагъуэкIи узыншагъэ быдэрэ зэIузэпэщыныгъэрэ яIэну сахуохъуахъуэ», - жиIащ Абхъаз Республикэм и Президентым.  

НэщIэпыджэ Замирэ.
Поделиться: