Сыт хуэдэ хъуэхъуми жэуап иIэжщ

ЦIыхум зэрехъуэхъу псалъэхэм мыхьэнэшхуи яIэщ, къаруи яхэлъщ, ахэр зыжепIэм щIэгъэкъуэн щыхуэхъуи щыIэщ. Арагъэнщ адыгэхэм ижь-ижьыж лъандэрэ къадекIуэкI хабзэхэм «хъуэхъум» увыпIэшхуэ щIыщиубыдыр. Ахэр, дауи, зэщхьэщокI я мыхьэнэрэ щыжаIэ зэманымкIэ. Абыхэм ящыщ зыбжанэ ди тхыгъэм щызэхуэтхьэсащ.
Къалъхуа сабийм и бынжэр щыпаупщIкIэ, япэу зэрехъуэхъур мырат: «Хулъэ лъынэ, кIадэ дащхьэ, хущхьэ хуэдэу убагъуэ, лъынэ хуэдэу дахэ ухъу». 
Адэ-анэм, адэшхуэ-анэшхуэм ехъуэхъурт: Тхьэм къыфхуигъэхъу; псэ быдэ Тхьэм фхуищI; и гущэпс Тхьэм быдэ ищI; и хъер Тхьэм фигъэлъагъу; и нэщIэбжьэ Тхьэм фимыгъэлъагъукIэ; узыншэу Тхьэм къыфхуигъэхъу; насыпыфIэ Тхьэм фхуищI; Тхьэм къыфщIигъэувэ.
ЩIалэ цIыкIу къалъхуамэ: лъэпкъ Тхьэм фхуищI; Тхьэм лъэпкъ къупщхьэжь фхуищI; и гущэпс быдэ ухъу! - жаIэрт.
Лъэтеувэм деж ехъуэхъурт «лъэ быдэкIэ Тхьэм тригъэувэ» псалъэхэмкIэ. 
Сабийр япэу псыхъуэм щызэпрахым, псым джэдыкIэ хадзэрти, «ди Тхьэ! И узри, и лажьэри дрекIуэ!» - жаIэрт.
Сабийр къепсамэ, мыпхуэдэу ехъуэхъурт: кIадэ дащхьэ, гущхьэ лъынэ, пхъэщхьэмыщхьэ бдэбагъуэ, уи узыгъуэ укIуэди, мыкIуэдыжу укъэхъу. 
Псы зыхуашия цIыхум: «Псым хуэдэу уаулъагъу», - жиIэ хабзэщ.
Бысымым къригъэшха ерыскъым щхьэкIэ хьэщIэм жеIэ: «Бей-тхъэж Тхьэм фищI; фи шхыныр Тхьэм игъэбагъуэ; сывгъэтхъэжащ, Тхьэм фигъатхъэ!»
Унагъуэ зыухуахэм я Iыхьлыхэм жраIэ: «Фи благъагъэр махуэ Тхьэм фхуищI; Зэблагъэ зэхуэмахуэ фыхъу; ГуфIэгъуэ кIыхь Тхьэм фхуищI; Нысэ махуэ Тхьэм фхуищI; Лъапэ махуэ къыфхишияуэ Тхьэм къыщIигъэкI; Акъылэгъу фхухъу, нэрыбгэ махуэ фхухъу!»
НысащIэм и Iыхьлыхэм жраIэ: «Лъэдакъэ махуэ Тхьэм къыфхущинэ; Тхьэм сыхьэт махуэ иригъажьэ; Лъапэмахуэ ирихьауэ Тхьэм къыщIигъэкI; насыпыфIэ дыдэ хъуауэ Тхьэм къыщIигъэкI; Тхьэм хущIримыгъэгъуэжкIэ; вэгъзэгъ яхухъу, нэрыбгъэ махуэ фхухъу».
Щауэм жраIэ: «ПIэщхьагъ тынш Тхьэм пхуищI, гу зыщывигъахуэ, жьы тхьэм фызэдищI».
Унэ зыухуахэм е къэзыщэхуахэм йохъуэхъу: «Унэ махуэ Тхьэм фхуищI; узыншэу Тхьэм куэдрэ фыщIигьэс; Тхьэм фыщIигъэтыншыхь; тыншыпIэ фхухъу!» 
Чий ухуэн щIэзыдзам жраIэрт: «Чы махуэ дэбдзауэ Тхьэм къыщIигъэкI».
Лэжьыгъэ IэнатIэ зыгъуэтам, щIэныгъэ зэзыгъэгъуэтам жраIэ: «И хъер Тхьэм уигъэлагъу; уи IэщIагъэм хыуигъэгъахъуэ!»
ЛIам и Iыхьлым хуогузавэ: «Тхьэм фщимыгъэгъупщэкIэ; Тхьэм фыкIэлъигъэпсэу; шэчыгъуафIэ Тхьэм фщищI; IэтыгъуафIэ Тхьэм фщищI; хьэдрыхэ нэху Тхьэм кърит; Тхьэм и гуэныхь къыхуигъэгъу; нэхъыжьхэм я пащхьэ напэ къабзэкIэ Тхьэм иригъэхьэж; дунеягъэкIэ Тхьэм къимыгъэхъуапсэкIэ; и лъэужьыр махуэ Тхьэм фхуищI; Тхьэм гущIэгъу къыхуищI!»
И ныбжькIэ щIалэу дунейм ехыжамэ: «Абы къимыгъэщIар фи гъащIэм Тхьэм къыпищэ; флъэгъуар фщызыгъэгъупщэн Тхьэм къывимыткIэ!» - жаIэ. 
ЩыгъыныщIэ щызытIэгъам йохъуэхъу: «ФIыкIэ уигъэлажьэ; нэхъыфIыжкIэ щыухыж е узыншэ щыгъын Тхьэм пхуищI.
Зыгуэр зыфIэкIуэдам «Уи щхьэм и щхьэузыхьщ» - жраIэ. Сымаджэм деж щIэупщIакIуэ кIуамэ:
«Тхьэм уигъэIуэтэж; Тхьэм уи узыр псынщIэ пхуищI; Тхьэм пщхьэщих; узыншэ Тхьэм уищIыж, Тхьэм щIэх укъызэфIигъэувэж».
Сымэджам щыIущIэкIэ: «Лъапэ махуэ къыухьэжьэж; гуауэу (фэбжьу, узу) къэкIуэнур абы ирикIуауэ Тхьэм къыщIигъэкI», - псалъэхэр жраIэ.
УIэгъэ хъуам, фэбжь гуэр зыгъуэтам жраIэ: «КъыпщыщIыну псор Тхьэм абы иригъакIуэ; фэбжь хъуами, лажьэ Тхьэм имыщIкIэ».
ЗыгуэркIэ къыпхуэупсам жраIэ: «Уи Iыхьэ кIыхь ухъу; къызыхэпхар Тхьэм игъэбагъуэ; Тхьэм абы нэхъ пхэщIын къуимыткIэ; абы нэхъ пхэмыщIу Тхьэм узэригъакIуэ; нэхъыбэжу Тхьэм къыпхилъхьэж!» 
Щыгъын е бзыхьэхуэ езытам ехъуэхъурт: «Джылъу Iулъым хуэдизыр уи гъащIэ, уи нэсып ухъу!»
IуэхутхьэбзэкIэ зыкъыпщIэзыгъэкъуам жраIэ: «Абы нэхъ гугъуехь Тхьэм къуимыткIэ; уи IитIым и хъер улъагъу; гугъу узэрехьам нэхъ гугъуехь Тхьэм къуимыткIэ».
Гъуэгу техьэм жраIэ: «Гъуэгу махуэ; фIым Тхьэм ухуишэ; сыхьэтым и нэхъыфIым Тхьэм ухуишэ».
НэхъыщIэм нэхъыжьым зэрызыхуигъазэм щхьэкIэ къыхуигъэгъуну елъэIуу, жеIэ: «Уи нэмыс нэхъ лъагэ ухъу!» 
ЗэрымыщIэкIэ и псэлъэгъум лъэIэсамэ: «Си Iэр фIыкIэ ноIусэ», - жаIэрт.
Зыгуэрым и псалъэр зэпаудамэ: «Уи псалъэр фIыкIэ уIыгъ», - жаIэ.
ЩызэбгъэдэкIыжкIэ: «ФIыкIэ Тхьэм дызэхуигъазэ; узыншэу ушыт! – жаIэ.
Сыт хуэдэ хъуэхъуми жэуап иIэжын хуейщи, ар цIыхум и ныбжьым емылъытауэ: «Тхьэм уигъэпсэу; насыпыфIэ ухъу; гъащIэ кIыхь ухъу!» - жыIапхъэщ.
Ныбжь зиIэм зэрехъуэхъур: «Ди япэ Тхьэм куэдрэ уригъэт; жьыщхьэ махуэ ухъу; куэдрэ Тхьэм утхуигъэпсэу!»
Нэхъыжьым нэхъыщIэм фIыщIэ щыхуищIкIэ жеIэ: «Уэ упсэууэ сэ сылIэ; Тхьэм сыщIыуигъэлъхьэж; Тхьэм си ужь укъригъанэ!»
БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться: