ЕхъулIэныгъэр я плъапIэу

Лэскэн районым хыхьэ Хьэтуей къуажэм дэт, Дол Хьэсэнбий и цIэр зезыхьэ курыт школым и мащIэкъым зэрыгушхуэн еджакIуэхэр. Илъэс зэхуэмыдэхэм ар къэзыухахэм яхэтщ ехъулIэныгъэ лъагэхэр яIэу республикэми къэралми я зыужьыныгъэм зи гуащIэ хэзылъхьэхэр. Ахэр къуажэми курыт школми я пщIэр зыIэт, я щIыхьым хэзыгъахъуэ цIыху щэджащэхэщ. 
Апхуэдэ нэхъыжьхэр я щапхъэщ нэхъыщIэхэм, ахэр я гъуазэу Хьэтуейм и щIэблэм я гъащIэ лъагъуэр хаш. Пэжщ, къуажэм и нобэрей щIалэгъуалэми яхэтщ, ныбжькIэ яхуумыгъэфэщэну, зэфIэкI лъагэхэр зэзыгъэхъулIэфахэри. Шэч къытетхьэркъым нобэ зи гугъу тщIыну ныбжьыщIэхэми зэман кIэщIым къриубыдэу адэкIи мызэ-мытIэу я цIэр фIыкIэ зэрызэхэтхынум. Курыт школым и тхыдэм щыяпэу, зы классым щIэсахэу, абы и гъэсэни 7-м мы гъэм КъБКъУ-р, КъБКъМУ-р ехъулIэныгъэкIэ къаухащ. ЕджапIэ нэхъыщхьэм и диплом плъыжьыр къахьащ ХьэщIэлI Астемыр (Юриспруденция), Тэрчокъуэ Мадинэ (Прикладная математика и информатика), Нэпсокъуэ Миленэ (Информационная безопасность), ХьэщIэлI Данэ (Филологие), Нало Дианэ (Юриспруденция), Бэрау Лианэ (Управление персоналом), Шампар Иринэ (КъБКъМУ - Технология пищевых производств) сымэ.
Университетыр фIым и фIыжкIэ къэзыуха ныбжьыщIэхэр щагъэлъэпIащ Налшык дэт Театр ЩхъуантIэм икIи щIэныгъэ нэхъыщхьэ зэрызыIэрагъэхьам щыхьэт техъуэ тхылъыр абы и утыкум къыщратыжащ. Гухэхъуэт, гушхуэныгъэ къыпхэзылъхьэт зы илъэсым курыт еджапIэр къэзыуха ныбжьыщIих зэуэ а утыкум щыплъагъуныр, республикэм и щIэблэ зэчиифIэхэм яхэту я гъэсэнхэм я цIэр зэрагъэIур абыхэм я егъэджакIуэхэм я напщIэм телът, шэчыншэуи, я пщIэри къиIэтырт. 
Илъэс I5 ипэкIэ школ пщIантIэм къыдыхьа цIыкIухэм щIэныгъэм и бжэр япэу къахузэIузыхар пэщIэдзэ классхэм щезыгъэджа Мэремыкъуэ Зоерэ Щоджэн Тосярэщ. Ахэращ ныбжьыщIэхэр еджапIэ гъащIэм хэзышари хэзыгъэгъуэзари, уеблэмэ дунейм нэгъуэщIынэкIэ хэзыгъэплъари. Пэжыр жыпIэмэ, япэ егъэджакIуэхэм куэдкIэ елъытащ сабийм и къэухьым зэрызиужьынур. Зоерэ Тосярэ яхузэфIэкIащ дэтхэнэ зы цIыхуми гъащIэ гъуэмылэ нэхъыщхьэу иIэ щIэныгъэм и лъабжьэ быдэр кърагъэжьэн. 
Класс нэхъыжьхэм кIуа ныбжьыщIэхэм илъэсиблкIэ анэ етIуанэм хуэдэу яхэтащ курыт школым и унафэщIым и къуэдзэ ГъукIакъуэ Мадинэ. Класс унафэщIым и къалэным и закъуэтэкъым ГъукIакъуэм игъэзащIэр, абы ныбжьыщIэхэр адыгэбзэмрэ литературэмкIэ иригъаджэрт, къищынэмыщIауи, и гъэсэнхэм ныбжьэгъу пэжым хуэдэу яхэтт. Жэуаплыныгъэшхуэ пылъу зи пщэрылъыр зыгъэзащIэ Мадинэ дэтхэнэми и Iуэху зыIутым сытым дежи щыгъуазэт, чэнджэщэгъу яхуэхъурт, гъуэгу захуэм хуиунэтIырт. ЩахуэткIии къэхъуами, еджакIуэхэм сытым дежи зыхащIэрт абы къахуиIэ лъагъуныгъэр, псоми фIыкIэ зэрахуэхъуапсэр. Апхуэдэ и щытыкIэрщ ГъукIакъуэм и гъэсэнхэм я пщIэ лъагэр къыхуэзыхьар, езыхэми гуапэу къыхагъэщ школым щагъэкIуа илъэсхэр гукъинэж дахэу къазэрыхуэнар я класс унафэщIым куэдкIэ зэрифIыгъэр.
- 20I9 гъэм еджапIэр къэзыуха ныбжьыщIэхэм я ехъулIэныгъэм школ псор ирогушхуэ, - жеIэ гуфIэгъуэм зэщIиIэтэу ГъукIакъуэ Мадинэ. - А гупым хуэдэу зэщхьу зэрихьэлIэжа куэд щыIэу къыщIэкIынкъым: еджэныгъэкIи гъэсэныгъэкIи къахэщырт. Школым сыт хуэдэ Iуэху щекIуэкIми, жыджэру хэтт, абыхэм къалэн ящыпщIар зыхуей хуэгъэзауэ зэрызэфIагъэкIынур хьэкът. Районми республикэми щекIуэкI зэхыхьэхэм, щIэныгъэ конференцхэм, олимпиадэхэм сытым щыгъуи къыщыхэжаныкIырт, текIуэныгъэхэр къыщахьу. НыбжьыщIэхэм дазэрыщыгугъар ягъэпэжащ. Зыхуеджахэр IэщIагъэ зырызми, къыхаха унэтIыныгъэхэм ехъулIэныгъэхэр щызыIэрызыгъэхьа ныбжьыщIэхэм сохъуэхъу адэкIэ зызрапщыт Iуэхухэм зэфIэкI лъагэхэр къыщагъэлъэгъуэну, насыпыфIэу псэуну. 

 

ЩхьэщэмыщI Изэ.
Поделиться: