Нэгурэш-шоколад

Япэ Iыхьэ
1
 Налшык къалэ гупэр зыгъэбжьыфIэ унэ зэтетхэм я зым, пэшищу зэхэт фэтэрым и пщэфIапIэм, и закъуэу анэм къыщIина Нэгурэш мэпэщащэри щIэсщ. 
 Сыт хуэдэ джэгуу пIэрэ ар дэзыхьэхар? Мамэ къыщыгъупща телефоным итIыхьурэ набгъэ зищIыжрэ? Хьэмэ зигъэщIэращIэм, сурэт зытрихыжу щыс? Хьэуэ! Нэгурэш и напэкIуэцIым къихьэ и ныбжьэгъухэм папщIэ видео трех. 
 - Си IэщIэдз лъапIэхэ! Иджыпсту шоколад зэращIыр фэзгъэлъагъунущи, жыжьэ фыIумыкI. Шоколад фщIын папщIэ, фи мамэ зыщIыпIэ кIуауэ, е, нэгъуэщI мыхъуми, хущIэмыхьэу щытын хуейщ. Сыту жыпIэмэ, хьэкур щIэвмыгъанэу хъунукъым. Илъэсибл фримыкъуамэ, ар зыми къыфхуидэнукъым. Ауэ сэ нэгъуэщI Iэмали сощIэ. Зэрытепкъузэу къэкъуалъэм хуэдэ шейныч фиIэмэ, абы и щIыIум тевгъэувэ хъунущ какао дагъэмрэ какао быдэмрэ зэрывгъэткIуну тепщэчыр. ЯпэщIыкIэ хэфлъхьэнухэр къэфшэч. Какао быдэр дагъэм нэхърэ тIукIэ нэхъыбэу щымытмэ, шоколадыр тIатIэу къэнэнущ. Фошыгъу хэфлъхьэну зыщывмыгъэгъупщэ. Фыхуеймэ, куэду, фыхуеймэ, нэхъ мащIэу. Фо фиIэмэ, нэхъыфIыжщ, фошыгъу куэдыр зэранщ. 
2
 Нэгурэш и телефоныр къыщеуам, шоколадыр жын папщIэ, и IэщIэдзхэм ящIэн хуейр яжриIэн иухатэкъым иджыри. 
 - Алло! Нэгурэш сызэпсалъэр? 
 - НтIэ! 
 - Сэ уи IэщIэдзхэм сащыщщ. Сынэщыпхъуэзехьэщ. Шоколад нэхърэ нэхъ сфIэфI мы дунейм теткъым. Ар сщIыфу себгъэсащи, узыхуейуэ хъуар пхуэсщIэнущ. 
 - КхъыIэ, школым сымыкIуэу схуэщI! – занщIэу къыжьэдоху япэ классым щIэс Нэгурэш. 
 - ДызэгурыIуащ! – къоIукI телефоным. 
 - Уи макъыр мамэ ейм сыту ещхь! – егъэщIагъуэ хъыджэбз цIыкIум. 
 - Сэ сызэрыхуейм хуэдэу сохъуэжыф си макъыр! – жеIэ нэщыпхъуэзехьэм. - Укъысщымышынэн папщIэ, уи анэм ейм ещхь сщIауэ аращ! 
3
 ЕтIуанэ пщэдджыжьым Нэгурэш къэушауэ пIэм хэлът, ауэ зыми «къэтэдж» къыжриIэртэкъым. ЗанщIэу къищIэжащ ипэ махуэм къэхъуар. Пэжу пIэрэ-тIэ нэщыпхъуэзехьэм къызэригъэгугъар? 
 - Мамэ! Школым сыкъыкIэрыхунукъэ? – щIоупщIэ хъыджэбз цIыкIур дзыхьмыщIу. 
 - Нобэ умыкIуэми, ягъэ кIынкъым. Зыгъэпсэху! – нэщыпхъуэзехьэм и макъым ещхьу мэпсалъэ мамэ. – Сыт пхуэспщэфIын? 
 - Сэ иджыри сымэжалIэркъым. Телефоныр сыбгъэIыгъын? 
 - Къащтэ, ухуеймэ! 
 - Уэ здэпхьынукъэ? 
 - АIэ! Нобэ зэгъусэу дыщIэсынщ. Сэ кино сеплъу, уэ телефонымкIэ уджэгуу. 
 Нэгурэш мэгузавэ. 
 - Папэ къыдэшхыдэнукъэ? 
 - Дэнэ ар папэ къыщищIэнур? ЖетIэжынкъыми, зэфIэкIащ. 
 - Абы папэ депцIыжу къикIыркъэ? 
 - Папэ ущепцIыжыр ар къэбгъапцIэмэщ. Дэ пцIы дыупсыркъым, и жагъуэ дымыщIу аркъудейщ. 
 Нэгурэш и гур ину къоуэ. Школым кIуэмэ, нэхъыфIу пIэрэ-тIэ? Ауэ анэм телефоныр къыхутрилъхьакIэщ, къимыщтэу хуэшэчынукъым. Джэгу гуэрым хыхьэри, хуэмурэ хъыджэбз цIыкIум и гур къызэрыгъуэтыжащ. «Мис, иджыпсту сытокIуэ», - щыжиIэ дыдэм, мамэ къыщхьэщохьэ: 
 - Уи ныбжьэгъу хъыджэбз цIыкIухэм уахуэзэшрэ? 
 - СщIэркъым! – щтэIэщтаблэу къыдоплъей Гурэ. 
 Анэр щымщ, псори ищIэм ещхьу. ИтIанэ къоупщI: 
 - Зыгуэрым уи жагъуэ къищIа? ЩIалэ цIыкIухэр къоуэрэ? 
 - Хьэуэ! 
 - Сыт-тIэ къэхъуар? 
 - «Гъ» схужыIэркъыми, псори къысщодыхьэшх. 
 Хъыджэбз цIыкIумрэ адыгэбзэмкIэ егъэджакIуэмрэ куэд щIауэ гугъу зэрогъэхь. Нэгурэш дерс псомкIи фIы дыдэу йоджэ. Ар имыщIэ нэхъей, ФатIимэ Руслановнэ къыхуэпхъашэщ. Сабийр имыщIэмкIэ егъэджакIуэм еупщIыну щошынэ, тхылъым итыр къыгурыIуэркъым. ИтIани, и гукъеуэр анэм зэрыжриIэу, Нэгурэш еджэгъуэ махуэр зэрыдигъэхуам хущIегъуэжын щIидзащ. 
 - ФатIимэ къошхыда? 
 - Къызэшхыдакъым, ауэ…
 - Ауэ?
 - Уи мамэ адыгэкъэ? Уи папэ адыгэкъэ? – жиIэри къызэупщIати, «нтIэ» жысIащ. 
 - ИтIанэ-щэ? 
 - Сэ сыбдэIэпыкъунщ, адыгэбзэ нэхъыфIу зэбгъэщIэну ухуеймэ, жиIати… 
 - Уэ-щэ? 
 - «Сыхуейкъым, сэ ин сыхъумэ, Америкэм сыкIуэнущ!» - жесIащ. 
 - Езым-щэ?
 - «Мы американкэ къомым етщIэнур тщIарэт!» - жиIэри, мыгуфIэжу хъуащ. Абы лъандэрэ «американка», «американка» жаIэурэ, псори къысщодыхьэшх. 
 - А тIэкIура? 
 - Махуэ къэс диIэщ абы и дерсыр. 
 - Щхьэ занщIэу жумыIарэ-тIэ? Адыгэбзэ уемыджэу тщIынщи, зэфIэкIащ. 
 - Дауэ? 
 - Папэ тхылъымпIэ къыдедгъэхынщ умыадыгэу. 
 - Сыхэт-тIэ? 
 - УцIыхущ! Нэгурэш-шоколадыр хэтыт? – жиIэщ мами, IэплIэ быдэ къыхуищIу, и IитIыр сабийм иришэкIащ. 
 
ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться:

Читать также: