Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм фэтэр куэду зэхэт унэхэм я зэхуэдэ мылъкур сыт и лъэныкъуэкIи зэгъэпэщыжын зэрыхуейр зэрагъэув Хабзэмрэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм фэтэр куэду зэхэт унэхэм я зэхуэдэ мылъкур сыт и лъэныкъуэкIи зэгъэпэщыжын зэрыхуейр зыгъэув Комиссэм хэтхэмрэ зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ

2023 гъэм     шыщхьэуIум и 7-м     Налшык къалэ     №156-ПП

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм унафэ ещI:
1. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм фэтэр куэду зэхэт унэхэм я зэхуэдэ мылъкур сыт и лъэныкъуэкIи зэгъэпэщыжын зэрыхуейр зэрагъэув Хабзэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2016 гъэм гъатхэпэм и 3-м къыдигъэкIа унафэ №25-ПП-мкIэ къащтам мыпхуэдэ зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн:
1) 3-нэ пунктым:
а) «унафэщIым и къуэдзэм» псалъэхэр «унафэщIым и къуэдзэхэм» псалъэхэмкIэ щызэхъуэкIын;
б) мыпхуэдэ абзац щIыгъужын:
«Комиссэм и унафэщIщ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм ухуэныгъэмрэ псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэмкIэ и министрыр, Комиссэм и унафэщIым и къуэдзэхэм ящыщ зыр коммерцэу щымыт IуэхущIапIэ хэхауэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и щIыналъэм фэтэр куэду зэхэт унэхэу щыIэхэм я зэхуэдэ мылъкур сыт и лъэныкъуэкIи зэгъэпэщыжыным зи лэжьыгъэр хуэунэтIам и Iэтащхьэрщ».;
2) 7-нэ пунктым:
а) етIуанэ абзацым щIыгъужын «икIи къыщагъэлъагъуэ Комиссэм и зэIущIэм и протоколу Комиссэм и унафэщIымрэ (зэIущIэр езыгъэкIуэкIымрэ Комиссэм хэтхэу зэIущIэм щыIэхэмрэ Iэ зыщIадзамкIэ»;
б) ещанэ абзацым «(зэIущIэр езыгъэкIуэкIым)» псалъэхэр хэгъэкIын;
3) 10-1-нэ пунктым щIыгъужын:
 «101. Комиссэм и унафэм Iэ щIадз Комиссэм и унафэщIымрэ Комиссэм хэтхэу зэIущIэм щыIэхэмрэ.».
2. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм фэтэр куэду зэхэт унэхэм я зэхуэдэ мылъкур сыт и лъэныкъуэкIи зэгъэпэщыжын зэрыхуейр зыгъэув Комиссэ хэтхэу зи гугъу тщIы унафэмкIэ къащтам хэтхэм мыпхуэдэ зэхъуэкIыныгъэхэр егъэгъуэтын:

1) Комиссэм хэгъэхьэн мы къэкIуэнухэр:
Бэрбэч А. Хь. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм ухуэныгъэмрэ псэупIэ коммунальнэ хозяйствэмкIэ и министрыр (Комиссэм и унафэщIщ)
Кулиев М. А. - «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм фэтэр куэду зэхэт унэхэр сыт и лъэныкъуэкIи зэгъэпэщыжынымкIэ щIыналъэ оператор» коммерцэу щымыт фондым и унафэщI нэхъыщхьэр (Комиссэм и унафэщIым и къуэдзэщ) (зэрызэгурыIуам тету)
Ломов М. С. - Прохладнэ къалэ округым и щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэм и япэ къуэдзэр (зэрызэгурыIуам тету)
Мэремыкъуэ А. А. - Налшык къалэ округым и щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэм и къуэдзэр (зэрызэгурыIуам тету)
Мэжджыхь А. М. - Iуащхьэмахуэ муниципальнэ районым и щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэм и къуэдзэр (зэрызэгурыIуам тету)
Уэрэзей А. Хь. - Тэрч муниципальнэ районым и щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэм и къуэдзэр (зэрызэгурыIуам тету)
Уянаев А. Р. - Шэрэдж муниципальнэ районым и щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэм и къуэдзэр (зэрызэгурыIуам тету)
Иуан О. А. - «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм фэтэр куэду зэхэт унэхэр сыт лъэныкъуэкIи зэгъэпэщыжынымкIэ щIыналъэ оператор» коммерцэу щымыт фондым унэхэр сыт и лъэныкъуэкIи зэгъэпэщыжынымрэ техникэ кIэлъыплъыныгъэмкIэ и къудамэм и унафэщIыр (зэрызэгурыIуам тету)
2) Комиссэм хэгъэкIын Азубэч М. Т., Алъхъэс А. А., Ашэбокъуэ А. М.. Къэзан А. А., Котченкэ Р. А.. Кочергин Д. А., Тогузаев Ю. Хъ.
 

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий.
Поделиться: