ЗэзыгъэуIу зэхуэсым и зэхыхьэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым Хабзэншагъэ къы­щымыхъуным кIэлъыплъ, зэпыу имыIэу ла­-жьэ зэзыгъэуIу зэхуэсым Экономикэмрэ жы­лагъуэ шынагъуэншагъэмкIэ советымрэ я зэ­IущIэ иригъэкIуэкIащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек. 

ЗэIущIэм хэтащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий, КъБР-м и Iэтащхьэм и ­Администрацэм и УнафэщI Къуэдзокъуэ Му­хьэмэд, УФ-м и Президентым и полномочнэ лIы­кIуэу КИФЩI-м щыIэм КъБР-м къегъэщIылIа и къэрал инспектор нэхъыщхьэ Мэкъуауэ Тимур, Правительствэм хэтхэр, министрхэр, муници­пальнэ щIыпIэхэм я администрацэхэм я уна­фэщIхэр, хабзэхъумэ, кIэлъыплъакIуэ органхэм я унафэщIхэр, дзэ зэгухьэныгъэхэм щыщхэр. 
ЩIыналъэ щхьэхуэхэм, къалэ округхэм, егъэ­джэныгъэм пыщIа IуэхущIапIэхэм щIэпхъаджагъэ къыщымыхъуным хущIэкъуным ехьэлIа ­Iуэхугъуэхэр щызэпкърахащ зэхуэсым. Гу лъып­-тэу мыхъумыщIагъэм и щыхьэту къэув бжыгъэхэр зэрыхэщIар къыхагъэщащ, ар муниципальнэ IуэхущIапIэхэм щрагъэкIуэкI лэжьыгъэхэм я фIыгъэу къалъытащ. Абы щхьэкIэ къэмынэу, республикэм и унафэщIым къызэхуэсахэм къалэн ящищIащ хабзэншагъэ къэмыхъуным хуэгъэза Iуэху псори щIагъэхуэбжьэну. 
Гулъытэшхуэ хуащIащ школхэм щIэпхъаджа­-гъэ къыщымыгъэхъуным, гъэсэныгъэ Iуэхухэр егъэфIэкIуэн зэрыхуейм. Зи гугъу ящIыр егъэджакIуэхэм я жэуаплыныгъэм хэгъэхъуэнырщ, ­гулъытэ щхьэхуэ хуэныкъуэ сабийхэм зэрадэIэ­пыкъунырщ, псалъэм папщIэ, «ЛIыхъужьхэм я бынхэр» проектыр къагъэсэбэпкIэрэ. Къинэ­мы­щIауэ, зыгъэпсэхугъуэм къриубыдэу сабийхэр ­лагерхэм кIуэфын папщIэ, республикэм лэжьыгъэ щокIуэкI. 
Щхьэхуэу тепсэлъыхьащ «Хьэрычэт IэнатIэ мащIэмрэ курытымрэ хэтхэм, я щхьэ хуэлэжьэж­хэм защIэгъэкъуэн» лъэпкъ проектыр зэфIэха зэ­рыхъум. УнэтIыныгъэ нэхъыщхьэхэр мыпхуэдэщ: я щхьэ хуэлэжьэж цIыхухэм ядэIэпыкъун, «старт­апхэм»-кIэ, хьэрычэт Iуэхум и лIэужьыгъуэ псомкIи защIэгъэкъуэн. КъБР-м Экономикэ зыужьы­ныгъэмкIэ и министерствэм къызэритымкIэ, ­ды­зэрыт зэманым республикэм я щхьэ хуэлэ­жьэж хьэрычэтыщIэхэм я бжыгъэм щыхэхъуащ, псори зэхэту цIыху мин 66-м нэсащ. ФIыкIэ зи­хъуэжащ хьэрычэт мащIэмрэ курытымрэ епхахэм я бжыгъэми. Ар и фIыгъэщ Iуэхур зылъахъэ кIэлъыплъы­ныгъэхэр нэхъ мащIэ зэрыхъуам, къэралым хьэ­рычэтыщIэхэм я дэтхэнэ жэрдэм­ми зэрызы­щIигъакъуэм. 

Поделиться: