Къуэшыр зыгъэхамэу, хамэр зыгъэблагъэ

Къэхъугъэ телъыджэхэмкIэ зи гъащIэр гъэнщIауэ щыта, ныбжьэгъу пэжхэмрэ жагъуэгъу гущIэгъуншэхэмрэ зи бэу дунейм тета, гупсэхугъуэмрэ ажалымрэ я зэхуакум къыщызыкIухьу дэта… Иджырей тхыдэджхэм ар зэрамыгъэфIа фIэщыгъэцIэрэ хуамыгъэфэща дзырэ щыIэжкъым. Европэм нэхъ ин дыдэу щыIа Сан-Джорджио ахъшэ хъумапIэм и унафэщIхэм зэрыжаIэу щытамкIэ, щIыхуэм ишхарэ езыр щхьэщытхъу хъужауэ апхуэдэт а цIыхур. Къаффэм зэригугъэмкIэ, ар и щхьэцыпэм къыщыщIэдзауэ и лъэхъуамбэ жьакIэм нэс зэрыщыту къаугъэт. Византиер лъырэ пщIэнтIэпскIэ къэзызэуа тырку сулътIан Мухьэмэд ЕтIуанэм ар и бий пэрыту къилъытэрт, кърым хъан Менгли-Джэрий зэрыжиIэмкIэ, хьэIуцыдзт… А псоми я щхьэ кIуэжыр – урыс пащтыхь Грозный Иван ар Москва хуэкIуэн щхьэкIэ имыщIэн щыIэтэкъым. Зи гугъу тщIыр къывгурыIуамэ, ар Матрегэм и иужьрей унафэщI де Гизольфи Захариещ. Зи хьэлымрэ зи насыпымрэ нобэрей тхыдэджхэм я акъылым имызагъэ цIыхущ.

ХэзымыщIыкIхэм папщIэ псори гурыIуэгъуэ хъун щхьэкIэ, Дзыгъуанэ Тимур игъэхьэзыращ тхыдэм щыщ пычыгъуэ.

Пасэрейм Тэмтэрэкъай (Тмутаракань) иджыпсту ТаманкIэ зэджэр Тамань хытIыгу ныкъуэм тету щытащ. Ар политикэмрэ хьэрычэтымрэ я курых, гъащIэр къыщикъуэлъыкI щIыпIэу къалъытэрт. Дызытепсэлъыхь Матрегэ къалэр абы щыщт. Къалэр зейр зих-адыгэхэрами, абыхэм яхэст урымхэри, алыджхэри, урысхэри, ермэлыхэри. Кърым хытIыгу ныкъуэмрэ  Таманымрэ я зэхуаку зэрыдэлъым къыхэкIыу, Матрегэр уасэншэт, Iуэху нэхъыщхьэ дыдэхэр щызэрахьэр а тIуащIэрат. А псом къыхэкIыу, Генуер хущIэкъурт а къалэр и унафэм щIигъэувэну, зэрыщыту и IэмыщIэм ирилъхьэну. Урымхэмрэ адыгэхэмрэ Iуэхушхуэхэр зэдащIэ щыхъум (XIII - XV лIэщIыгъуэхэм), Матрегэм и мыхьэнэри нэхъ лъагэж хъуащ. Апхуэдэу генуезхэм Кавказым и бгыжьхэм дыжьын къыщыщIахыну  Iуэхушхуэхэр зэтраублэрт. Ауэрэ Псыжь нэс Iэбэрт. Абдеж икIыу, бдзэжьей гъэгъуа щхьэкIэ Тэн Iуфэ екIуалIэрт.

 КIэщIу жыпIэмэ, я хьэрычэт Iуэхухэм дэгъуэу заужьырт.

Дызытепсэлъыхь лIэщIыгъуэм урымхэмрэ адыгэхэмрэ икIэм-икIэжым Матрегэ къалэр зи IэмыщIэ къинэным щхьэкIэ зэхуэдзэлашхэрт. ПсалъэкIэ зэгурымыIуэ щыхъум, адыгэ уэркъхэмрэ урымхэмрэ зауэм зыхуагъэхьэзыру щIадзащ. Абдеж зы цIыхум и нэгу къыхущIэмыгъэхьэ, зыми игу къэмыкI Iуэхугъуэм псори зэхигъэкIащ… Урымым пщIэ лъагэ щызиIэ, лъэпкъ нэхъ лъэщ дыдэхэм ящыщу Гизольфи лIакъуэм къыхэкIа зы щIалэрэ адыгэпщ нэхъыщхьэ Бэрзэхъу и пхъумрэ лъагъуныгъэшхуэ зэхуащIащ. ПситI зэрыгъуэтам, Шекспир и трагедием къызэрыхэщыжым хуэдэу, зыри зэран яхуэхъуакъым, ныбжьыщIэхэр зэрышащ. Абдежым урымхэмрэ адыгэхэмрэ я зэхуаку дэлъ «дэп гъэплъар» мамырыгъэкIэ ягъэужьыхащ. ГуфIэгъуэм къыхихри, Бэрзэхъу Матрегэ къалэр и малъхъэм тыгъэу иритащ. Адыгэм и тхыдэм апхуэдэ зэи хэтакъым, пхъум и щыгъынхьыжым къалэ псо дыщIагъуу. Ауэ Бэрзэхъу зы Iуэхугъуэ IэщIэгъупщыкIат – а зэманым Матрегэр нэгъуэщIым ейт. Къалэм ехьэлIа хуитыныгъэ псори зи IэмыщIэм илъ Жамбэч пщым и дзэр зэрымащIэ дыдэм къыхэкIыу, Бэрзэхъу пэщIэувэмэ, зыри къызэримыкIынур къыгурыIуэри, псалъэ къыфIигъэкIакъым. Ари гурыIуэгъуэт - Бэрзэхъу цIыху лъэрызехьэт. Ар илъэс куэдкIэ урымхэм пэщIэтащ, зиххэр чыристан зауэм хуигъэхьэзырт (Крестовый поход). Зи гугъу тщIы зэманым чыристан диным иту щыта зих-адыгэхэр Трапезунд пащтыхьым дамэгъу зэрыхуэхъум и щыхьэт тхыгъэ Бургундием и герцог Филипп 1453 гъэм мэлыжьыхьым и 22-м Iэрагъэхьауэ щытащ. Тыркухэм ирамыщIылIа чыристан зауэм хэтын хуея адыгэхэм я дзэзешэу щытынур Бэрзэхъут. ЛIэщIыгъуэжьхэм къыпхыкIыу, нобэм къыхэпшэхъуа мы дэфтэрхэм япкъ иткIэ упсалъэмэ, адыгэм дунейпсо утыкум щиубыду щыта увыпIэр хуабжьу инт, пщIэ, дзыхь къыхуащIырт.

Пщащэм и адэр адыгэми, и анэр - Борундэ - нэмыцэ лъэпкъым и гъуэт лIакъуэм щыщт. Гъуэтхэм ящыщ куэди хы ФIыцIэ Iуфэм щепсыхауэ, я гъащIэри зэтеублауэ къекIуэкIырт. Адыгэ хабзэм зыкIи къемыкIу Iуэхугъуэ игъахъэрт Бэрзэхъум – зыгуэрым зэгурыIуэныгъэ щрищIылIэкIэ, и щхьэгъусэм и цIэр дэнэкIи къыщыхэщырт, Iэ къыдыщIидзырт. КъикIыу пIэрэ абы Бэрзэхъу, хуэныкъуэ хъумэ, и благъэхэм я дэIэпыкъуэгъум щIэлъэIуну, абы и уасэри гъуэтхэм я пхъур тхыдэм къыхэнэныр арауэ?!

Арати, 1419 гъэм догъэзэжри, де Гизольфи Симон и къуэ Винченцио адыгэпщ Бэрзэхъу ипхъу Быхъэкъуэнэн щхьэгъусэу къешэ. Зэблагъэ хъуахэм къызэралъытэжымкIи, ар икъукIэ зэпыщIэныгъэфIт. Ауэ…

НыбжьыщIэхэр насыпыншэу къыщIэкIащ – тIури емынэм ихьащ. МащIэ дыдэрэ зэдэпсэуами, Венченциорэ Быхъэкъуэнэнрэ лъэужьыншэ хъуатэкъым, абыхэм къуэ къащIэнат.

Мис аращ мы тхыгъэр зытеухуари.

И адэ-анэр дунейм ехыжа нэужь, Захарие и адэшхуэ Симон ипIыжащ. Симон цIыху Iущу, лъэрызехьэу къыщIэкIри, 1424 гъэм генуезхэм зэгурыIуэныгъэ ярищIылIащ, Генуе псор зэрыщыту Гизольфи лIакъуэм ейуэ. Симон дунейм ехыжа нэужь, 1446 гъэм, абы и мылъку псори и къуэрылъху Захарие къыхуэнащ.

Зи адэ-анэр щIэх дыдэу зыщхьэщыкIа щIалэщIэм апхуэдиз мылъку зэуэ къыщеуалIэм, и жагъуэгъухэм я бжыгъэри псынщIэу хэхъуэу хуежьащ. Дауи, и адыгэ благъэхэр къыдэIэпыкъурт, ауэ мыбдежи ныкъусаныгъэншэ хъуакъым. УпщIэншэу Матрегэ къызытрахауэ щыта Жамбэч и къуэрылъху Къуэдыбелды 1457 гъэм зыкъиIэтащ, зэгуэр и унагъуэм ея къалэр къизэужыну. ЛъэныкъуитIыр зыкъомрэ зэныкъуэкъуауэ, къалэри зедзэн хъуауэ, Iуэхухэр щызэхэзэрыхьым, Захарие Къаффэм елъэIуащ пщIэкIэ дэIэпыкъуэгъу къыхуигъэкIуэну. Адыгэхэм къалэр къазэужри, Захарие иратыжащ.

Абдежым Захарие и гур зэрыфIыцIэр наIуэ къэхъуащ - къыдэIэпыкъуа адыгэхэм яхуигъэлъэгъуа пщIэр иубыдыжащ, дяпэкIи и благъэхэр къызэрыдэIэпыкъуным елъэпэуащ. Зыми и унафэ щIэмыту, экономикэ, политикэ я лъэныкъуэкIэ щхьэзыфIэфI унафэщI хъуну хуейуэ арагъэнт Захарие.

НэщIэпыджэ Замирэ.

КъыкIэлъыкIуэнущ.

Поделиться:

Читать также: