Сурэтхэр щыхьэт зытехъуэр

Адыгэм и псэукIам, ди Хэкум и дахагъэм, щIыуэпсым и IэфIагъым ди эрэм ипэкIэ лIэщIыгъуэ етхуанэм Диодор Сицилийскэр тетхыхьауэ щытащ. Нэхъ кIасэIуэу адыгэхэм ехьэлIа Iуэхугъуэ куэд къритхэкIащ Полиен. Тыргъэтауэ гуащэм и хъыбар ди нобэм къэзыхьэсар Полиен и тхыгъэхэращ. ЖыпIэнурамэ, лъэпкъ зэщымыщхэм къахэкIа цIыху Iущ, зэчиифIэ куэд Кавказым щыхьэщIащ.

Апхуэдэ цIыху гъуэзэджэт, зэчиифIэт Симпсон Уильям - тхакIуэр, сурэтыщI Iэзэр, Инджылыз къэралым и лIыкIуэу 1853 - 1856 гъэхэм КъухьэпIэ Кавказым щыпсэуа лIакъуэхэм зи тхыгъэ гъэщIэгъуэнхэр, сурэт зэхуэмыдэхэр тезыухуар.

Адыгэхэм я зэуэкIэр, я фащэр, я гупсысэкIэр, я дуней тетыкIэр наIуэ къэзыщI Симпсон и тхыгъэ, сурэт гъуэзэджэхэмкIэщ а лъэхъэнэм хамэ къэралхэм, лъэпкъхэм адыгэхэр къызэращIэу щытар. Кавказым щыпсэу лъэпкъхэм ехьэлIа къэхутэныгъэхэр езыгъэкIуэкI щIэныгъэлIхэм, тхакIуэхэм, усакIуэхэм Симпсон и лэжьыгъэ уасэншэхэр къагъэсэбэпауэ щыткъым. Аращ ди лъэпкъым дежкIэ ахэр щIэлъапIэ дыдэр.

1855 гъэм и бжьыхьэм Инджылыз къэралым и дзэ министр Генри Пелэм-Клинтон Кърымым щызауэ и къэралыдзэм и Iуэху зытетыр и нэкIэ зригъэлъагъумэ фIэфIу, КъухьэпIэ Кавказым къэкIуауэ щытащ. Генри и къэралыдзэм я Iуэху зытетым къыщымынэу, зауэ зращIылIа адыгэ лъэпкъми и псэукIэм, зыгъэгумэщIхэм зыщигъэгъуэзэну ди лъахэм щыхьэщIащ.

А лъэхъэнэм инджылызыдзэм и министр Генри и дзыхьщIэгъу блыгущIэту щIыгъуащ Симпсон Уильям. Ауэ а гъэ дыдэм лорд Абердин и Правительствэм тетыгъуэр IэщIахыжри, адыгэхэр бэкIэ зыщыгугъар  пщIыхь IэфIым хуэкIуэжат. Генри и ужькIэ IэнатIэншэу къэна герцог Ньюкасл Кърым щIыналъэм зыплъыхьакIуэ къыщыкIуам, абы Симпсон иригъэлъэгъуащ и сурэт зыбжанэ, хы ФIыцIэм деж Инджылызым и хыдзэмрэ Урысейм и хыдзэмрэ щаIа зэпэщIэтыныгъэм теухуауэ. Сурэтхэр герцогым игу хуабжьу ирихьауэ къыщIэкIри, герцогым щIыгъу цIыхухэм ари яхэту, гупыр адыгэхэм я деж хьэщIапIэ къэкIуащ. А гупым хэтащ Симпсон къищынэмыщIауэ, хым теухуа сурэт гъуэзэджэхэр къэзыгъэщI Освальд Брайерли, тхакIуэ Лоренс Олифант, Кавказым щыпсэу лъэпкъхэм я бзэхэр фIыуэ зыщIэ Лука (герцогым и унэIутт).

1855 гъэм жэпуэгъуэм (октябрым) и 3-м гупым я кхъухьыр Анапэ и кхъухьтедзапIэм къекIуэлIащ. Адыгэхэр хьэщIэхэм хабзэм тету япежьэри, Псыжь псыхъуэ щыпсэухэм я деж ирагъэблэгъащ.

Адыгэхэм я хьэщIэхэм кIэлъызэрахьа хабзэр, унагъуэм исхэм я зэхущытыкIэр, я Iэнэм къытрагъэува шхыныгъуэ нэгъунэ итхыжащ тхакIуэ, сурэтыщI инджылыз лIы зэчиифIэм, апхуэдизкIэ бысым къыхуэхъуахэр и гум, и псэм дыхьати. Адыгэхэм я хьэщIэхэм зыхрагъэщIащ, бийм и пащхьи лIыгъэ къыщагъэлъэгъуэфу зэрыщытыр. Симпсон и нэкIэ илъэгъуащ адыгэхэр я Хэкум папщIэ зыщымысхьыжу, къикIуэт ямыIэу езыхэм нэхърэ хуэдищэкIэ къару нэхъыбэ зиIэ бийм зэрыпэщIэтыфыр.

Адыгэхэм я щIыналъэм Урысей Правительствэм кърищIыхьа быдапIэхэм ящыщ зым Симпсон и бысымым къызэригъэпэща теуэм езыри здащтэри, и нэкIэ ирагъэлъэгъуащ лIыгъэу, бэшэчагъыу, шыIэныгъэу яхэлъыр здынэсыр, пащтыхь генералхэм «хабзи-бзыпхъи зимыIэу, зэуэным къыхуигъэщIауэ» жыхуаIэ адыгэхэр зыхуэдэр. СурэтыщIым дежкIэ а Iуэхугъуэр лъэужьыншэу блэкIакъым. Симпсон и тхыгъэхэм деж щыжеIэ адыгэхэм нэхъыщхьэу къалъытэ Iуэхуищыр - ар лIым и джатэр сыт щыгъуи маисэу зэрыщытыпхъэрщ, етIуанэр - жьакIуэу ущытынырщ. Ещанэр - и Iэнэр хьэзыру, шхыныгъуэ плIыщI тригъэувэфу щытын зэрыхуейрщ. Пэжщ, зи Iэнэм шхыныгъуэ плIыщI адыгэ псоми щIэкIыу трагъэувэфу щытагъэнкъым, ауэ иIэр уимыгъэшхыфу адыгэ лъэпкъым цIыху яхэтакъым.

Симпсон гъэщIэгъуэныщэ щыхъуар бийм къауIа адыгэлIым шэр къыщыхахыжым шыIэныгъэ къигъэлъэгъуаращ. Инджылыз е урыс сэлэтхэм узыр зыгъэужьых хущхъуэ ирахьэлIэм хуэдэ абы ирамыхьэлIа пэтми, адыгэ зауэлIым зы щэIу макъ къимыгъэIуу шэр къызыхригъэхыжат.

Абы «Лагерь в Черкесии» зыфIища и сурэтым деж егъэлеиныгъи щыщIэныгъи имыIэу адыгэ жьэгум и теплъэр зэрыщыта дыдэм хуэдэу къигъэлъэгъуащ. Сурэтым щыболъагъу герцог Ньюкасл Iэнэ лъакъуищым бгъэдэсу адыгэхэм пщIэ къыхуащIу зэрагъэхьэщIар. Псом нэхърэ нэхъ гъэщIэгъуэныр абы и «Черкесы у форта Вайя» сурэтращ. Мы сурэтым деж IупщIу зэхэхауэ щыболъагъу быдапIэр щаухуа щIыпIэм (фортым) и дахагъыр, цIыхухэм ящыгъ щыгъынхэр, уеблэмэ я нэгум къищ гупсысэр къибджыкIыфым хуэдэу гъэпсащ. ЩIэныгъэлIхэм зэрыжаIэмкIэ, а сурэтымкIэ быдапIэр здэщыта щIыпIэр ноби къэбгъуэтыжыфынущ.

Симпсонщ кIахэ адыгэхэм я щIыналъэм къина «Испы унэхэм» - дольменхэм я сурэтхэм хамэ къэралхэм щыпсэу лъэпкъхэр, щIэныгъэлIхэр, къэхутакIуэхэр щызыгъэгъуэзар. СурэтыщIым испы унэхэм ятрищIыкIа сурэтхэм къыщымыувыIэу, абыхэм папщIэ лъэпкъым IуэрыIуатэу къыхуэна хъыбарыжьхэри итхыжащ. Нобэ испы унэхэм я ныбжьыр щIэныгъэлIхэм зэхуэмыдэу жаIэ. ЩыIэщ абыхэм илъэс миниплI я ныбжьу жызыIи, нэхъыжьыжу къэзылъыти. Адыгэхэм зигу къахуэмыфI лъэпкъхэм, ахэр уафэм къеха цIыхухэм яухуауи жаIэ. Ауэ зыщIыпIи пхуэмыхьыжынур езы ухуэныгъэхэмрэ щаухуа щIыналъэмрэщ.

ГЪУКIЭКЪУЛ Даут.

 

Поделиться:

Читать также: