Егъэджэныгъэм и япэ лъэбакъуэхэр

Налшык къалэм и тхыдэм и напэкIуэцIхэм къызэраIуэтэжымкIэ, 1859 гъэм Налшык къыщызэIуахауэ щытащ япэ школхэр. Абы лъабжьэ хуэхъуат «Бгырыс еджапIэхэм я устав» дэфтэрыр. Апхуэдэ гулъытэ щIэныгъэм ирата нэужь, еджэным гу хуэзыщIа щIалэгъуалэм и бжыгъэр нэхъыбэ хъуащ. 

А дэфтэрым ипкъ иткIэ, къалащхьэм къыщызэIуахауэ щытащ классищ къыщыбух хъуну еджапIэ. Абы сабийхэр щыхурагъаджэрт, псом япэрауэ, дин Iуэхум, адэкIэ урысыбзэм, есэпым, географием, гулъытэ хуащIырт сурэт щIынымрэ дахэу тхэнымрэ. ЕджапIэм хэт пансионым щыIэхэр унагъуэ къулейхэм, лъэпкъ цIэрыIуэхэм къахэкIа щIэблэт. Зи гугъу тщIы еджапIэм япэ дыдэу щеджахэм я бжыгъэр тхущIрэ тIурэ хъурт. Абыхэм я нэхъыбэр урыст. Адыгэу яхэтыр цIыху пщыкIуийт, балъкъэрхэр тху хъууэ арат. Ахэр ирагъаджэрт Къармэ Исхьэкърэ Джабоев Ахьиярэ.
Нэхъ иужьыIуэкIэ еджапIэм къащтэу хуежьащ адыгэ, балъкъэр мэкъумэшыщIэхэм я бынхэри. Еджэну гукъыдэж зиIэхэр куэдкIэ нэхъыбэ хурт, еджапIэм иIэ Iэмалхэм нэхърэ. Уеблэмэ ар къызэрызэIуахрэ илъэс щэщI щыхъуам щыгъуи, абы зэрызиужьышхуа щыIэтэкъым: пансионым щыпсэууэ еджэр цIыху блыщI хъурт, къакIуэ-кIуэжу еджэныр къезыхьэлIэр плIыщIым щIигъу къудейуэ арат. Ауэ къыхэгъэщыпхъэщ абы ирихьэлIэу еджапIэм къудамэщIэ къыщызэIуахауэ зэрыщытар. Абы мэкъумэш IэщIагъэлIхэр щрагъаджэрт. 
Егъэджэныгъэм фIыуэ зэрызимыужьым и щхьэусыгъуэхэм ящыщт щIыпIэр егъэджакIуэкIэ зэрыкъулейсызыр. Абы къыхэкIыу 1873 гъэм егъэджакIуэхэр щагъэхьэзыр класс хэха къыщызэIуахащ окружной еджапIэм. ИтIани, лъэпкъ щIэныгъэлIу, IэщIагъэлIу диIэр мащIэ дыдэт: 1878 гъэм ирагъэджа цIыху 7384-м ящыщу адыгэу хэтыр 89-рэт, балъкъэру - 35-т. 
Iуэхур ирагъэфIэкIуэн папщIэ, 1896 гъэм Налшык къыщызэIуахащ балигъ хъуахэр щеджэну хуит тхьэмахуэ школ. Абы къекIуалIэхэм я ныбжьыр илъэс 18 - 40 хъурт, зэджэри КъурIэн лъапIэм и закъуэти, абыи щIэныгъэ и лъэныкъуэкIэ къуит щыIэтэкъым. Бгырысхэм еджэнымкIэ щIэгъэкъуэн къахуэхъуу щытащ Ставрополь дэта гимназиер. ХIХ лIэщIыгъуэм и кIэм а еджапIэр къаухакIэт бгырыс щIалэгъуалэм ящыщу цIыху 800-м. АдэкIэ абыхэм я бжыгъэм хэхъуэ зэпытурэ екIуэкIащ. Бгырысхэм ящыщ щеджэрт Харьков дэт технологие институтми, Санкт-Петербург и къэрал университетми. 
Апхуэдэ еджапIэхэм щIэныгъэ щызэрагъуэтауэ щытащ ди лъэпкъ щIэныгъэм, щэнхабзэм и лъабжьэр зыгъэтIылъахэу ХьэтIохъущокъуэ Къазий, Абыкъу Мухьэмэд, Къармэ Исхьэкъ, Сэхъу Гъузер, Тамбий Пагуэ сымэ, нэгъуэщIхэми. АдэкIэ абыхэм къащIэуващ егъэджэныгъэ IэнатIэм ди лъахэм зыщезыгъэужьа, абы и жылэ псоми щIэныгъэм и нэхур дезыгъэдза IэщIагъэлI гупышхуэ. 

КЪАРДЭН Маритэ.
Поделиться:

Читать также: