УнагъуэщIэхэр хъума хъун папщIэ

 Жылагъуэм и щытыкIэр къэзыпщытэ Росстат IуэхущIапIэм къызэритымкIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым щыкъутэж унагъуэхэм я бжыгъэр 1264-м фIэкIри, 1748-м нэсащ. Кавказ Ищхъэрэм хэт республикэхэр зэплъытмэ, а щытыкIэр щынэхъ лъагэр Осетие Ищхъэрэ - Аланиерщ. 

 2023 гъэм и япэ илъэс ныкъуэм къриубыдэу, Осетием зэщхьэгъусэ 1758-рэ щызэбгъэдэкIыжащ. Илъэс ипэкIэ а бжыгъэр зэрыхъуу щытар 1262-рэщ. Ауэ щыхъукIэ, республикэм нэчыхьу щатха бжыгъэм хэщIащ: 904-м и пIэкIэ – 825-рэ. Къэбэрдей-Балъкъэрыр къапщтэмэ, а лъэныкъуэмкIэ ди республикэм, Дагъыстэным, Ингушым 4-нэ увыпIэр яIыгъщ: нэчыхь 1000-м щыщу 61-р якъутэж. ЗэбгъэдэкIыжхэм я бжыгъэм щыхэхъуащ Дагъыстэнми: илъэс блэкIам и япэ Iыхьэм 4972-уэ щытар мы гъэм 8123-м нэсащ. Ингуш Республикэм: 1012-р – 1312-м хуэкIуащ. Урысейм нэчыхьу щакъутэжхэм я бжыгъэмкIэ Шэшэным 13-нэ увыпIэр иIыгъщ: унагъуэ 1000-м щыщу 57-р мэлъэлъэж. Псори зэхэплъхьэжмэ, илъэс ныкъуэ блэкIам Кавказ Ищхъэрэм щыкъутащ унагъуэ 3598-рэ. 
 Мыбдежым къыщыдгъэлъагъуэр бжыгъэ къудей щхьэкIэ, дэтхэнэ зыми и щIыбагъым я адэ-анэр псэууэ зеиншэ хъуа сабийхэр, зэщыIея благъэхэр, гъащIэм гу пхъашэкIэ фIэкIа бгъэдэмыхьэжыф щIалэгъуалэр къыдэтщ. Ислъам диным псапэшхуэу къелъытэ цIыхуитI зэбгъэкIужыныр. ПцIы щIэбупсыну хуит укъыщищI щхьэусыгъуищым язщ зэфIэнахэр зэгурыбгъэIуэжыныр, зыр адрейм фIыуэ хущытыным щхьэусыгъуэ ухуэхъуныр. 
 Зи гугъу тщIы Iуэхугъуэм чэнджэщ щхьэпэкIэ поджэж дин щIэныгъэлI Щхьэныкъуэ Анзор нэчыхьым триухуа и хъутIбэр: 
«Алыхь Лъагэм мы дунейм цIыхуу тетым, дэри дахэтыжу, зыкъытхуегъазэ мы псалъэхэмкIэ: «Уа цIыхухэ! ФыфIэлIыкI фи Тхьэу зы псэм (Iэдэм) фыкъытезыгъэщIыкIам, и щхьэгъусэри (Хьэуа) езым къыхэзыщIыкIыжам, хъулъхугъэ, бзылъхугъэ Iэджэхэри а тIум къатезыгъэпщIыкIыжам. ФыфIэлIыкI Алыхьу зи хьэтыркIэ фылъаIуэм, благъагъэр ффIэкIуэдынкIэ фышынэ. Алыхьыр плъыру къыфщхьэщытщ». (4:1)
 Iэят лъапIэм къызэрыхэщащи, Iыхьлыгъэ-благъагъэм гулъытэшхуэ хуищIу аращ ди диным. Абы къыхэкIыу, къэшэн-дэкIуэным цIыхухэр трегъэгушхуэ, нэчыхьым ехьэлIа Iуэхугъуэхэр наIуэу яхузэпкърех, хэт сыт и къалэнми, хэт сыт и хьэкъми къагурегъаIуэ. 
 Нэхъыбэ дыдэу зэхущытыкIэр быдэ зыщI лъабжьэри Аллахьу Тэхьэлам КъурIэнкIэ къыдбгъэдилъхьащ: «ЦIыхугъэ фхэлъу абыхэм (щхьэгъусэхэм) фадекIуэкI. ЗыгуэркIэ ахэр жагъуэу флъэгъуами, фэ жагъуэу флъэгъуам фIыгъуэшхуэ Алыхьым къыфхудигъэкIуэнкIэ мэхъу!» (4:19)
 ЦIыхум и щIэныгъэр мащIэщ: пщэдей къэхъунур къэгъэнауэ, нобэ екIуэкIыр къыщыгурымыIуэр, фIымрэ Iеймрэ щыхузэхэмыгъэкIыр нэхъыбэщ. Арамэ, уепIэщIэкIыу зыри пщIэ хъунукъым, псом хуэмыдэу унагъуэ Iуэхум ехьэлIауэ. КъинэмыщIауи, сыт и лъэныкъуэкIи уигу ирихьу мы дунейм зыри тебгъуэтэнукъым, атIэ зы лъэныкъуэр уи гум дыхьэмэ, адрей лъэныкъуэр уи гум къимыщтэу щытынкIэ хъунущи, а уигу ирихь лъэныкъуэм нэхъ тебгъащIэурэ зэхущытыкIэр пхъумэн хуейуэ аращ.
 Дауэ зэрумыхъумэнур «зэгурыIуэныгъэ хьэлъэ» Аллахьу Тэхьэлам зыфIища нэчыхьыр?! Ар Алыхьым и цIэкIэ ятхауэ щымытами, зэи хьэрэмыр хьэлэл пхуэщIынутэкъым. НтIэ, абы удэджэгу хъуну?!
 Нэчыхьым и пщIэр апхуэдэу лъагэу Алыхьым щиIэтакIэ, абы и купщIэр зыгъэкIуэдыж псори и жагъуэу щытынущ, псом хуэмыдэжу ар якъутэпэныр икъукIэ фIэфIынукъым. Ар зэрыфIэмыфIращ тIэлакъыр (нэчыхьыр зыкъутэ псалъэхэр) Iыхьищу зэхэлъу, япэм иужькIи, етIуанэм иужькIи цIыхум и псалъэр къищтэжыну хуиту, зэман хэха гуэрхэри абы иIэу щIищIар. Уеблэмэ Iуэхур апхуэдизкIэ шынагъуэщи, абы и зэранкIэ цIыхур ахърэтым насыпыншэ дыдэ щыхъункIэ хъунущ. Хьэдисми жеIэ: «Iэмалыншагъэ дыдэ мыхъуауэ, и щхьэгъусэм «сигъэкIыж» жиIэу зыхуэзыгъазэ дэтхэнэ цIыхубзми Жэнэтым и мэр къыщIихьэнукъым». 
 Пэжращи, нэчыхьым и Iуэхур Iуэху джэгукъым, ар цIыхум и щхьэ закъуэкъым зэпхар, тыншу унафэ трищIэу ежьэжыну, атIэ нэчыхьым цIыхуитI зэрызэрипхым и мызакъуэу, лъэпкъитIи зэрепх. АдэкIэ сабий я зэхуаку къыдэхъуамэ, ахэри Iуэхум хэтщ, нэгъуэщIхэри, нэгъуэщIхэри…
Ахэр псори зэщыхьэжыным, зыр зым хукIэщIэплъу, псоми я зэхуаку зэбииныгъэ къыдэхъуэным щхьэусыгъуэ хуохъу тIэлакъыр. Аращ ар шейтIаным апхуэдизу щIыфIэфIри, Алыхьталэм апхуэдизу щIижагъуэри.
 Мы дунейм зы унагъуи тету къыщIэкIынкъым, мащIэми, куэдми, псалъэмакъ гуэр зэрымылъ, зэтемыхуэныгъэ гуэри зи зэхуаку дэмылъ. Ар шынагъуэкъым, атIэ шынагъуэр абы узэрыдекIуэкIынур умыщIэнырщ, мафIэ цIыкIум мафIэшхуэ къипщIыкIыу псори зэтребгъэсхьэнырщ. ШыIэныгъэшхуэ цIыхум хэлъын хуейщ унагъуэр зэтриIыгъэфын, ар ихъумэфын папщIэ. Ар зыхыумыгъэлъынумэ, къыумышэ, хъыджэбзри утыку иумышэ, цIыхухэри зэхыумышэ. Къэшэн Iуэхум ущыпэрыхьэм деж узэгупсысын хуейр абы тыншыгъуэу хэлъ лъэныкъуэм и закъуэкъым, атIэ апхуэдэ дыдэуи гугъуехь куэд абы зэрыпыщIам егупсыс, итIанэ Iуэхум и ужь ихьэ. Унагъуэр умыкъутэнкIэ Iэмал имыIэу, Iуэхур абы нэсауэ къыщыпщыхъужым дежи зэ къызэтеувыIи, щIэныгъэ зыбгъэдэлъым уи Iуэхур бгъэдэлъхьэ, гъащIэр зыгъэунэхуам ечэнджэщ, Iистихъарэ щIы, зэман гуэр дэгъэкI. Мис апхуэдэу Iуэхум дыбгъэдыхьэмэ, нобэ напэтехыу утыкум илъыр куэдкIэ нэхъ мащIэ хъунущ, тхьэусыхафэу адэ-модэкIэ къыщрахьэкIми я бжыгъэм фIыуэ хэщIынущ, муслъымэным я напэри нэхъ тхьэщIыжа хъунущ. Алыхьым нэхъыфIым дыхуишэ! Муслъымэн унагъуэ дахэ куэд Алыхьым къыдит, щIэблэ узыншэ къытщIигъахъуэ, зэхущытыкIэфIи ди зэхуаку къыдилъхьэ!»

 

 

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться:

Читать также: