Дунейм фызыфI нэхъ мылъкушхуэ щыIэкъым

Хэкум, хъыджэбзыфIкIэ еджэу зы хъыджэбзрэ  щIалэфIкIэ еджэу зы щIалэрэ исти, а щIалэфIыр хъыджэбзым пылът. ХъыджэбзыфIым жиIащ жи:

- Иджы, сымыфIми, жылэм тхьэразэ къахухъу, фIыуэ сагъэIуащ, ауэ сэ уэ сыныбдэкIуэкIэ сэ си фIагъи уэ уи фIагъи абыкIэ зэхэгъэкIа хъунукъым. Уэ мор жыхуэпIэм сэ сыдэкIуэнщ, сэ мор жыхуэсIэри уэ къашэ…

- Хъунщ, - арэзы хъуащ щIалэр.

Уэрамым, дурэш-плIэрэшхэм щыжейуэ, адэ-модэхэм къыщикIухьыу, делэIу-делафэу зы щIалэжь хэгъэгум исти:

- Мобы дэкIуэ уэ, - жиIащ жи щIалэм.

- Тхьэ сыдэкIуэнмэ! Уэри мо хъыджэбзыр къашэ, - жери, зэгурыIуащ.  

ХъыджэбзыфIыр а зыдэкIуа щIалэжьым къабзэлъабзэу хуэжьыщIащ, хуэтхьэщIащ, щыгъыныфIхэр хуидри, пщым и бжэIупэм Iуигъэуващ. Пщым и бжэIупэм мазэ зыщыплIкIэ Iутащ жи… ИтIанэ:

- Иджы хьэщIэщ Iужым щIыхьи, щIэт! – жиIэри, и щхьэгъусэр игъэIущащ.

ЩIалэр хьэщIэщ Iужым щIэхьэри, абы щIэтурэ, "Иджы хьэщIэщым щIыхьи, жаIэхэр къызжеIэж" жиIэри, иутIыпщащ.  ЛIыр хьэщIэщым щIыхьэри, щхын къыщIихьэ-щIихыжурэ Iуэхутхьэбзэ яхуищIащ, жаIэхэри и фызым жриIэжурэ махуэхэр блэкIащ.

- Урысыр адыгэм къыщыхьэн хъури зы гъущI гулъэ къыхурагъэшащ жи, "Адыгэхэр щIакIуэ щIынкIэ фыIэзэщи, мыр щIакIуэ тхуэфщI" жари… Жылэр мэгузавэ, мы гъущIыр дауэ щIакIуэ тщIыну, апхуэду хъунукъым, цы къэдвгъэщэхуи дывгъэщI, жаIэри зэхэсщ, - къеIуатэ щхьэгъусэм, лIо хьэщIэщым хъыбару щIэлъыр жиIэу фызыр къыщеупщIым: -  Уэрей арам хъыбару яIэр. Адыгэхэм гузэвэгъуэ къалъысащ, урысыр къезэуэну къобгъэрыкIуэ.

- Иджы, хуит сыкъафщIмэ, зыгуэр жысIэнущ яжеIэ. Хэти идэнущ, хэти идэнукъым, ауэ зыдэр нэхъыбэ хъурэ жыуагъэIэ хъумэ, «Шэрнэморнэ щIэщIауэ гу тIощIитI из мывэ щтауч къызэфти, урыс пащтыхьым хуэсшэнщи, абы и жэуапыр сэ естынщ» жыIэ, - жи хъыджэбзыфIым. - ЛIо жэуапу ептынур жаIэмэ, моуэ жыIэ: "Уи щIакIуэр дгъэхьэзращи, зэрыддын Iуданэ диIэкъыми, мыр Iуданэ тхуэщI, къытхуегъэхьыжи, уи щIакIуэр ддынщ жысIэнщ" жыIэ. КъыщIэкIыу еплърэ, мывэ щтаучыр Iуданэ хъун жиIэрэ къытехьэмэ, сэри зыхукIэщIэсшынщ жыIэ.

Сытми адыгэхэр гузэвэгъуэ хэту, щIалэр хьэщIэщым щIохьэри, щхьэгъусэм къызэригъэIущауэ псалъэ щIолъэIу. Хуит къыщащIым, щIалэм жеIэ:

- Шэрнэморнэ зыщIэщIа гу плIыщI из мывэ щтауч къызэфти, урыс пащтыхьым деж сывгъакIуэ. Уи щIакIуэр хьэзыр хъуащ, ауэ зэрыддын Iуданэ диIэкъыми, мыхэр Iуданэ тхуэщIи, абыкIэ щIакIуэр ддынущ жесIэнщ. «Мывэр Iуданэ хъун?" жиIэрэ къытехьэмэ, "атIэ гъущIыр щIакIуэ хъун?" яжесIэнщ, - жи.

ЩIалэм къызэрыхилъхьам тету гу плIыщI из мывэ щтауч къыхузэрагъэпэщ, езыр шыфI ягъэшэс, хъыджэбзым и лIым фащэ екIу хуидагъэххэти, ехуапэ, гу зыщIэщIам япэ ирагъэувэри, пащтыхьым и деж ирагъажьэ.

Урыс пащтыхьым деж бэIутIэIуншэу нэсу щыхуагъазэм мыр жреIэ:

- ЩIакIуапхъэ къытхуебгъэхьати, уи щIакIуэр хьэзырщ, ауэ зэрыддын Iуданэ диIэкъым. Iуданапхъэ тэкIу къэсшащи, уэ машинэ уиIэщ, дэ диIэкъыми, къэсшар Iуданэ пщIырэ небгъэшэжмэ, уи щIакIуэр зэтIулIыжынут, - жи.

- Къэпшам сегъэплъыт, - жери, урыс пащтыхьыр къыщIэкIмэ - мывэ щтаучт!

- Мыр Iуданэ хъун?! – жиIэри, къытехьащ пащтыхьыр.

- ГъущIыр щIакIуэ хъумэ, мыри Iуданэ хъунщ! - жиIащ, къишар и бжэIупэм IуикIутэри.

 Урысыр адыгэм къыщIезэуэн щхьэусыгъуэ иIэжтэкъыми, зыкъомрэ къалъыгъуэзэжакъым. «Жылэм хаута лIыр бзылъхугъэм еIэтыжри, бзылъхугъэм хиута лIыр жылэ псом яхуэIэтыжынукъым» жыхуиIэращ ар.

Тырку адыгэхэм яIуэтэж хъыбар.
Поделиться:

Читать также: