Хьэрэ-Кхъуэрэ и пирамидэхэр

Кавказ лъэпкъхэр къызытехъукIыжа пасэрей лъэпкъыжьхэм щэху куэд къащIэнауэ нобэм къихьэсащ тхыдэм. Абыхэм ящыщщ псэ унэхэр, пирамидэхэр, сыдж, абрэмывэ телъыджэхэр. 
Кавказ Ищхъэрэм сыт щыгъуи щыпсэуа адыгэхэм псэ унэхэр зищIысым теухуауэ хъыбар гъэщIэгъуэнхэр жаIэж... КъызэрыщIэкIымкIэ, бгырысхэр апхуэдизкIэ куэдрэ псэурти, сабийм хуэдэу цIыкIу хъужырт. Апхуэдэ жьыкIэфэкIэхэр псэ унэм иралъхьэрти, я Iэпкълъэпкъыр къэщIэрэщIэжырт, жи! КIэщIу жыпIэмэ, я псэр IумыкIыурэ а псэ унэм я пкъым зыкъыщиужьыжырти, цIыхущIэу къикIыжырт. ФIэщ щIыгъуейщ!
НэгъуэщI хъыбарымкIэ, псэ унэхэм цIыкIужьейхэр щыпсэурт. Дауи, тхьэкIумэкIыхьым шэсу щыта цIыху цIыкIухэм къахуехьэкIынукъым псэ унэр зэрызэтелъ абрэмывэхэр. КъызэрыщIэкIымкIэ, абыхэм иныжьхэр ягъэлIыщIэрт, Iуэху хьэлъэхэр ирагъащIэрт. ЦIыкIужьей лъэпкъымрэ иныжьхэмрэ зэрыщыIам щыхьэт техъуэу щIэныгъэлIхэм зы къэхутэныгъэ зэрамыщIар къэплъытэмэ, мы хъыбархэри нэпцIщ. 
Археолог Воронов Юрий зэрыхуигъэфащэмкIэ, къырым зэпэплIимэу пIэ ирагъэщIырти, щIыпIэ-щIыпIэкIэрэ пхъэ папцIэ жьэдаукIэрт. А пхъэм псы тракIэурэ ягъэбэгырт. Пхъэр бэгыху къырым Iыхьэшхуэ къыгуигъэхурти, ар кIапсэкIэ вым ирагъэлъэфырт псэ унэр щызэтралъхьэну щIыпIэм нэс. Мыр нэхъ пэжыфэщ, ауэ щIэныгъэлIхэм зэрыжаIэмкIэ, мывэхэр зыщIыпIэ къызэрыгуагъэпкIам щыхьэт техъуэу зы пIэ закъуи телъкъым, къищынэмыщIауэ апхуэдиз тонн бжыгъэ зи хьэлъагъ абрэмывэр километр бжыгъэкIэ къуакIэ-бгыкIэм къыщыхуелъэфэкIынукъым вым. Пасэрей ухуэныгъэхэр иужьыIуэкIэ зэтрахыжами, псэ унэхэм зы цIыху еIусакъым, яхуэгъэкъэрууакъым. Уеблэмэ языныкъуэ псэ унэхэр къырым хэщIыхьащ, Iэмэпсымэ гуэркIэ елэжьауэ къыпхуэщIэну зы дыркъуи телъкъым!
Мы ухуэныгъэ телъыджэхэр зи IэдакъэщIэкIым и лъыхъуакIуэ уежьэмэ, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэ Хьэрэ-Кхъуэрэ бгым уришэлIэнущ, Iэмал имыIэу. ЗэрыхуагъэфащэмкIэ, бгыщхьэм щыхэIэтыкIа мывэ папцIэхэр – пирамидэ IэрыщIщ. Пэжу, Хьэрэ-Кхъуэрэ удэкIуея нэужь умыгъэщIагъуэу плъэкIыркъым абы и щыгум щызэпхрыдзауэ телъ абрэмывэхэр. Абыхэм цIыхуIэ зэрылъэIэсар нэрылъагъущ. КъищынэмыщIауэ мывэ сыджхэр щыкуэдщ. Нэхъ телъыджэжыр – Хэку зауэшхуэ зэманым Аненербем и сэлэтхэм зыгуэр къыщалъыхъуэу, Хьэрэ-Кхъэуэр и щхьэм зэрытетарщ. Иджыри а зэман жыжьэм абыхэм ящIэрт мыбы телъыджэ гуэр зэрыщыIэр. Абыхэм зэрыхуагъэфащэмкIэ, гъащIэр къыщыунэхуауэ жыхуаIэ Шамбалэ пасэрей щIыпIэр здэщыIэр Iуащхьэмахуэ и Iэхэлъахэращ. Ар кIуэдыжа зэгухьэныгъэм и Iуэху еплъыкIэщ. 1942 гъэм эсэс сэлэтхэр зылъыхъуар Хьэрэ-Кхъуэрэ къыщагъуэтами зыми ищIэркъым. А Iуэхур къэптIэщIыну дзыхьщIыгъуэджэщ: кууIуэу дыхьыхэмэ, дыхилъэфэнщ. Ауэ 2010 - 2011 гъэхэм Хьэрэ-Кхъуэрэ и лъабжьэм щIэлъу къыщагъуэта, зи ихьэпIэр абрэмывэкIэ гъэбыдэжа бгъуэнщIагъыр зэрыщыIэ къудейм куэдым урегъэгупсыс… 

Тамбий Гуащэмахуэ.
Поделиться:

Читать также: