Тхьэ закъуэр зи фIэщ хъуа япэ бзылъхугъэ

Тхьэ закъуэр зи фIэщ хъуа Мусэ (Моисей) бегъымбарымрэ Рамзес ЕтIуанэ фирхьэунымрэ я зэхуаку дэлъа зэпэщIэтыныгъэмрэ, джатэдэпщым лъэпкъым къытригъэхьа леймрэ и хъыбар зэхэфхыжауэ къыщIэкIынщ. Ар нобэм къахьэсащ тхылъ лъапIэхэм. Пасэрей мэжусий тхьэ бжыгъэншэхэр IэщIыб ящIу, цIыхухэм зы Тхьэ закъуэр я фIэщ щыхъуа лъэхъэнэрт ар, илъэс 3200-кIэ узэIэбэкIыжмэ. 
Хьэдисхэм ящыщ зым итщ Мухьэмэд Бегъымбарым мыпхуэдэу жиIауэ: «ФIэщхъуныгъэм теухуауэ цIыхухъу куэд цIэрыIуэ хъуащ. Ауэ Тхьэ закъуэр япэу зи фIэщ хъуа Имран ипхъу Марьямрэ, фирхьэуным и щхьэгъусэ Асиерэ бзылъхугъэхэм нэхъ къахэгъэщыпхъэщ. Лыр адрей шхыныгъуэхэм зэрефIэкIым хуэдэщ ахэр адрей бзылъхугъэхэм къазэрыхэщхьэхукIыр». Сыт-тIэ, Асие апхуэдизу ищIар, тхылъ лъапIэм и цIэр ихуэн папщIэ?!
Музахим бинт Асие фирхьэун Рамзес ЕтIуанэм и щхьэгъусэ бжыгъэншэхэм ящыщт. Езы фирхьэуныр гущIэгъуншэт, бзаджэт, джатэдэпщ цIэрыIуэт, тхьэ пэлъытэу зибжыжырти, пагащэт. Тхьэ закъуэр зи фIэщ хъуахэр игъэкIуэдын мурадкIэ яужь иувауэ, кърихуэкIырт абы. ФIэщхъуныгъэщIэр къэзыщтахэм ящыщт Рамзес и щхьэгъусэ Асие. Сурэ «ат-Тахрим», II аятым итщ абы и псалъэхэр: «Ди Тхьэ, фирхьэуным сыщыхъумэ. Жэнэтым уи гъунэгъуу унэ щысхуэухуи, сызэшэлIэж, ем пэIэщIэ сыщI!». 
Фирхьэуным и щхьэгъусэм фIэщхъуныгъэр къищтауэ къыщищIэм къызэкIуэкIащ, Асие леишхуэ ирихьащ, удынышхуэ иридзащ Тхьэр IэщIыб иригъэщIын и гугъэу. Арами, бзылъхугъэр и фIэщхъуныгъэм хутекIакъым. 
Асие и хъыбар Ибн Джарир къызэриIуэтэжыр мыпхуэдэущ: «Фирхьэунымрэ Мусэрэ я зэпэщIэтыныгъэм теухуауэ пщышхуэм и щхьэгъусэм еупщIат «хэт текIуэнур» жиIэри. «Мусэрэ Хьэрунрэщ текIуэнур!», итащ абы жэуап. «Мусэрэ Хьэрунрэ я тхьэр уэри уи фIэщ хъуауэ ара?», - жиIэу щыпкърыупщIыхьым, Асие зыкъиумысащ. Абдеж фирхьэуным унафэ ищIащ и щхьэгъусэм уз ирахыу пкърыупщIыхьыну, и щхьэщыгум абрэмывэ щаIэту иджыри зэ еупщIыжыну, ар дыдэр жиIэмэ, абрэмывэм щIрагъэпIытIэну». Рамзес жиIам тету Асие и щIыфэм удын гуащIэдахащ, леишхуэ къытрагъэхьащ, ауэ ар и фIэщхъуныгъэм епцIыжакъым. Узым игъэмэха, зи псэр хуэмурэ хэкI бзылъхугъэм и хьэдрыхэ унэр и нэгу къыщIэувэурэ пыгуфIыкIырти, фирхьэуныр абы иригубжьырт нэхъ Iеижу. Дауэ мыхъуами, Асие жиIэм яхутекIакъым. Ауэ щыхъум, и щхьэщыгум абрэмывэ щаIэтащ. Абдежыращ бзылъхугъэр щылъэIуар: «Ди Тхьэ, фирхьэуным сыщыхъумэ. Жэнэтым уи гъунэгъуу унэ щысхуэухуи, сызэшэлIэж, ем пэIэщIэ сыщI!», - жиIэу. Асие абрэмывэм щIрагъэпIытIэн ипэ къихуэу и псэр хэкIауэ жаIэ. 

Фырэ Анфисэ.
Поделиться:

Читать также: