ЩIалэгъуалэм я мурадыфIхэр

«Урысейм и пэрытхэр» къэралпсо зэпеуэм и щIыналъэ Iыхьэр иджыблагъэ зэфIэкIащ. Псори зэхэту къапщтэмэ, цIыху 400-м нэс хэтащ. ­КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек яхуэзащ абы щытекIуахэу Бэгъуэт Мухьэмэд, Къармэ Мурат, Къущхьэ Инал, Аттаевэ Лейлэ, Гызыев Алим, Уэзрокъуэ Аннэ, Теунэ Мурат, Хьэпэ Замир сымэ. Мякининэ Оксанэрэ Ездэч Залымрэ зэIущIэм ­кърихьэлIэфакъым, IуэхукIэ нэгъуэщI щIыпIэ зэрыщыIэм къыхэкIыу. 

Республикэм и Iэтащхьэр къыщыпсалъэм къыхигъэщащ «Урысейм и пэрытхэр» къэралпсо зэпеуэр УФ-м и Президентым и унафэкIэ 2017 гъэ лъандэрэ зэрекIуэкIыр икIи ар «Урысейр Iэмалхэр щыкуэд щIыналъэщ» Iуэхугъуэм и проект нэхъыфIхэм зэращыщыр. КIуэкIуэ Казбекрэ зэIущIэм хэтахэмрэ зытепсэлъыхьахэм ящыщщ гъунэгъу ­щIыналъэм щекIуэкI дзэ Iуэху хэхам хэтхэм я сабийхэм защIэгъэкъуэн зэрыхуейр. Апхуэдэу ныбжьыщIэхэр щIыналъэм и Iэтащхьэм дэгуэшащ туризмэм, гъуэгу-транспорт IэнатIэм, егъэджэныгъэм зегъэужьынымкIэ яIэ мурадхэмкIэ. Абыхэм зэрыжаIамкIэ, республикэм и дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ дэтхэнэ проектри гъэзэщIэным хуэхьэзырщ. 
«Си гуапэщ зэпеуэм пашэ щыхъуа ныбжьыщIэхэр гупу зэдэлэжьэну зэрыхьэзырыр, сыту жыпIэмэ узэгъусэмэщ ехъулIэныгъэфIхэм ущыхуэкIуэфынур, пэрытхэр наIуэ къыщыхъунур, гупсысэщIэхэмрэ мурадыщIэхэмрэ къыщыунэхунур. Нэхъыщхьэж­ращи, зи щIалэгъуэхэр хьэзырщ республикэм ­ифI зыхэлъ Iуэхугъуэхэм телэжьэну. Апхуэдэ зэпеуэхэм хэшэн хуейщ жыджэрагъышхуэ зыхэлъ ныбжьыщIэ нэхъыбэ, я зэфIэкIхэр къагъэнэIуэн папщIэ», - жи­Iащ КIуэкIуэ Казбек. 
 Зэпеуэм и щIыналъэ Iыхьэм щытекIуахэр хэтынущ щэкIуэгъуэм и 10 - 12-хэм Псыхуабэ щызэхашэну окружной Iыхьэм. Абы кIуэнущ ныбжьыщIэ 90. А зэпеуэм пашэ щыхъухэр ирагъэблэгъэнущ къэ­рал­псо кIэух Iыхьэм. ЗэрыхуагъэфащэмкIэ, ар 2024 гъэм къызэрагъэпэщынущ. 
Ди республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек «Урысейм и пэрытхэр» зэпеуэм и щIыналъэ Iыхьэм щытекIуахэм ехъуэхъуащ къэрал утыкуми пашэ щы­хъуну, мурадыщIэхэмрэ ехъулIэныгъэщIэхэмрэ яIэну.

Поделиться: