«ЩIэныгъэ зэкъуэтыныгъэм Фортов Владимир къыхолыдыкI»

Егоровэ Татьянэ:

 

РАН-м и Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ центрым зэIущIэ щекIуэкIащ, академик Фортов Владимир и Iуащхьэ («Пик Фортова») Къэбэрдей-Балъкъэрым къызэ­ры­щы­зэ­Iуахам теухуауэ. Абы хэтащ КъБР-м и Парламентым и Уна­фэщI Егоровэ Татьянэрэ республикэм и хабзэубзыху орган нэхъыщхьэм ЕгъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуа­лэм я IуэхухэмкIэ и ко­митетым и унафэщI Емуз Нинэрэ.

Конференцым хэтхэм защыхуигъазэм, Егоровэ Татьянэ къыхигъэщащ щIэныгъэм и лэжьакIуэхэр цIыху нэхъ зэчиифIэхэм ящыщу къызэралъытэр, Фортов Владимир абы зэрищапхъэр.
- ЩIэныгъэлI цIэрыIуэ, къэ­рал, жылагъуэ лэжьакIуэ гумызагъэ, унафэщI Iущ, егъэджа­кIуэ Фортов Владимир и гъащIэр зытриухуар урысей щIэныгъэрщ, Хэкум хуэлэжьэнырщ. Абы гулъытэ зыхуищIыр Iуэхугъуэ нэхъ гугъухэрат икIи абы­хэм ар пэлъэщырт, и зэ­фIэ­кIымрэ и Iущагъымрэ нэрылъагъуу, - жиIащ Егоровэм. - Илъэс куэдкIэ академикыр яхэтащ дуней псом и физик нэхъ лъэщ дыдэхэм. И лэжьыгъэм жы­джэру зэрыхэтым и мызакъуэу, абы и къару ирихьэлIэрт къэралым щIэныгъэм зыщегъэу­жьынми. Апхуэдэт къэралым дежкIэ нэхъ гугъуу щыщыта 90 гъэхэми. Абы щыгъуэм Фортовыр щылажьэрт Урысей Федерацэм и Правительствэм. ФIы и лъэныкъуэкIэ абы зыкъигъэлъэгъуащ ЩIэныгъэхэмкIэ Урысей академием и унафэщIу щыщытами.
Фортов Владимир къэрал, жылагъуэ дамыгъэ лъапIэ куэд къыхуагъэфэщащ. Абы иIэщ «Хэкум и пащхьэм щиIэ фIы­щIэхэм папщIэ» «Зэныбжьэгъугъэ», «Невский Александр» орденхэм я нагъыщэ псори. ЩIэныгъэлIым къыхуагъэфэщащ нэгъуэщI къэрал саугъэтхэри. ИкъукIэ ди гуапэщ Фортовыр ди Къэбэрдей-Балъкъэ­рым пыщIауэ зэрыщытар. Ар илъэс куэдкIэ КъБКъУ-м и физикэ лабораторэм и унафэщIу лэжьащ, а еджапIэ нэхъыщ­хьэм и попечительскэ советми хэтащ. Къыхэгъэщыпхъэщ, абы къызэрыхуагъэфэщар «КъБР-м щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэ лъапIэр. Абы къыхэкIыу тэмэму къэтлъытащ хэкум апхуэдиз хуэзыщIа, ди къуршхэр фIыуэ зылъагъуу щыта цIыхум и цIэр Кавказым и щыгу нэхъыщхьэм и зы лъагапIэм фIэтщыныр. А жэрдэмыр КъБР-м и Парламентым зэ­дэарэзыуэ щыдэтIыгъащ. 
Ди зэманым IэмалыфI куэд диIэ хъуащ цIыху цIэрыIуэхэмрэ апхуэдэхэм я зэфIэкIхэмрэ уахътыншэ зэрытщIыным ехьэ­лIауэ. Ауэ дуней псом и картэм къыщыгъэлъэгъуа щIыпIэ гуэ­рым цIыхум и цIэр фIащыныр куэдрэ къэхъуркъым. Апхуэдэ гулъытэр и гуащIэкIэ къилэжьащ Фортовым. Арагъэнщ, мы Iуэхур (псом япэ дыдэу IуэхущIапIэ зэмылIэужьыгъуэхэр хэплъэу, УФ-м и Правительст­вэр арэзы техъуэжын хуейщ) тыншу, гугъуехь пымылъу, абы щыгъуэми зэман кIэщIым къыщIызэдгъэпэщыфар. 
Егоровэ Татьянэ къыхигъэщащ зэхуэсым и пэ къихуэу, академикым и цIэр зытет фэ­еплъ пхъэбгъур бгым дэкIыу, лъагапIэм зэрыщагъэувар. 
- СызэреплъымкIэ, мы Iуэхур нэхъ гъэщIэгъуэнхэм ящыщ ­хъунущ зи илъэс 300-р 2024 гъэм зыгъэлъэпIэну ЩIэныгъэхэмкIэ Урысей академием теухуауэ ирагъэкIуэкIынухэм, - дыщIигъуащ къэпсэлъам.
Егоровэ Татьянэ къызэхуэсахэм ехъуэхъуащ узыншагъэ быдэрэ ехъулIэныгъэрэ яIэну. 
ЗэIущIэм къыщыпсэлъахэм ящыщщ РАН-м и Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ центрым и ФНЦ-м и щIэныгъэ унафэщI Иуан Пётр, РАН-м и академик Каляев Игорь, КъБР-м егъэ­джэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министр Езауэ Анзор сымэ. 
Фортов Владимир теухуа и ­гукъэкIыжхэм къызэхуэсахэм яхуиIуэтащ академикым ипхъу Светланэ. ЩIэныгъэлIхэр теп­сэлъыхьащ Фортовым и гъащIэ гъуэгуанэм, щIэныгъэм къыщигъэна щIэинхэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIэныгъэмрэ егъэджэныгъэмрэ ­хуищIа хэлъхьэныгъэм. 

КъБР-м и Парламентым и пресс-IуэхущIапIэ.
Поделиться: