Адыгэхэм я макъамэ Iэмэпсымэхэр

Сыт хуэдэ лъэпкъми езым и дунеймрэ и хьэлымрэ къэзыIуатэ макъамэ иIэжщ. Адыгэ макъамэхэм я зэхэлъыкIэ дахащэр къэзыгъэщIыр Iэмэпсымэ хьэлэмэтыщэхэщ, адрей лъэпкъхэм я Iэмэпсымэхэм емыщхьщ. Макъамэхэр къызрагъэкI Iэмэпсымэхэр я ныбжькIи, лъэкIыныгъэкIи, щIыкIэкIи зэхуэдэкъым, бжыгъэфIи мэхъу. Аращ ди макъамэхэр псоми къыхэзыгъэщхьэхукIыр. «Органологие» жыхуиIэ щIэныгъэм зэфIэкI къыдет ди Iэмэпсымэ псори лIэужьыгъуэкIэ зэхэдгъэщхьэхукIыфыну, я щIыкIэм, зэхэлъыкIэм нэIуасэ захуэтщIыну. 

Бзэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, адыгэ-абхъаз хэхэсхэм я литературэмрэ лъэпкъ щэнхабзэмкIэ егъэджакIуэ, ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ Академием и академик Чурей Дыжьын зэрыжиIэмкIэ, ХIХ лIэщIыгъуэм ирагъэкIуэкIащ Iэмэпсымэ щэнхабэм ехьэлIа къэхутэныгъэхэр. Абыхэм уариплъэжмэ, нэхъ телъыджэ дыдэхэм ящыщщ Хъан-Джэрий и тхыгъэхэр. Абы зэритхыжымкIэ, Iэпэпшынэмрэ пшынэтIаркъымрэ къэзыгъэсэбэпыну хуиту щытар пщыхэмрэ уэркъхэмрэт. Къапщтэмэ, абыхэм я хьэщIэщым къыщIэIукIыу куэдрэ зэхэпхынут а Iэмэпсымэ хьэлэмэтхэмкIэ езыхэм ягъэзащIэ макъамэ удэзыхьэххэр. ГуфIэгъуэ Iуэхухэм деж джэгуакIуэхэр шыкIэпшынэ ирагъауэрт.
Адыгэ макъамэ Iэмэпсымэхэр гупиплIу егуэш:
1. идиофон – пхъэцIыч;
2. мембранофон – шотIырыпI;
3. хордофон – шыкIэпшынэ, Iэпэпшынэ, пшынэкъэб, пшынэтIоркIуэ (пшынэ дыкъуакъуэ);
4. аэрофон – къамыл, бжьамий, накъырэ, пшынэ.
ИкIи адыгэ макъамэхэр я жанркIэ гупиплIу зыщхьэщедз:
1. узэдаIуэ макъамэ;
2. укъызыдэфэ макъамэ;
3. уэрэдым щIэт макъамэ;
4. хабзэхэмрэ Iуэху зэмылIэужьыгъуэхэмрэ ехьэлIа макъамэхэр.
Апхуэдэу, Iэпэпшынэр, бжьамийр, накъырэр, пшынэкъэбыр къагъэсэбэпыжыххэркъым, къапщтэми, адыгэ Iэмэпсымэхэм ящыщыр къамылырщ, шыкIэпшынэрщ, пхъэцIычырщ. Шапсыгъ лъэпкъ Iэмэпсымэхэм уриплъэмэ, аэрофонхэм къыхохьэ къэбгъурэ сыринэр, идиофонхэм – Iупэпшынэр, мажьэпшынэр, шапсыгъ костаньетхэр, мембранофонхэм – пхъэмбгъу, фэндырэкIэ, лъантрыпI жыхуаIэхэр. 
ЖьыкIэ макъ зрагъэщI адыгэ Iэмэпсымэхэр лIэужьыгъуищу ягуэш. Абыхэм ящыщу къамылыр нэхъыжь дыдэхэм хабжэ. Ар нэхъыбэу къызыхащIыкIыу щытар и цIэм къегъэлъагъуэ - къамыл ку гъуанэрт. ИужькIэ пхъэм къыхащIыкIыу щIадзащ. Ди зэманым ар гъущIым къыхах. Къамылыр адрей зэпщэ Iэмэпсымэхэм къазэрыщхьэщыкIыр зэрыфий сыринэ зэрыIумылъырт. Зы арщыным щIигъу зи кIыхьагъ къамылым и кур зэфэзэщу гъуанэт, мыдрей и кIапэм и гъунэгъуу гъуанэ зыщыплI ящIырти, ищхьэмкIэ дзэхэр, бзэгур, Iупэхэр зэуэ зэдагъэIэпыкъуурэ, фий макъ ирагъэщIырт. И макъыр дахащэт. 
Сыринэр ижь-ижьыж лъандэрэ къагъэсэбэпу щыта жьыкIэ макъ зыщI Iэмэпсымэхэм ящыщщ, ауэ иджыпсту ар зэрыщымыIэжым ипкъ иткIэ, и зэпкърылъыкIэмрэ зэрылажьэмрэ утепсэлъыхьыну гугъущ. 
Пшынэ дыкъуакъуэ (адыгэ арфэ) - мыр адрей арфэ лIэужьыгъуэхэм къащхьэщокI и щIэжьыуэм и щIыкIэмкIэ, бзэпс къэс егъэубыдыпIэ щхьэхуэ зэриIэмкIэ. Пшынэ дыкъуакъуэм бзэпсу 10 - 20 телъщ. Бзэпсу ирашу щытар нэхъ макъ псыгъуэхэм папщIэ - бланэ лъынтхуэ, нэхъ гъумхэм папщIэ - мэл кIэтIий IуэнтIар гъэгъуауэ. Нэхъыбэу зезыхьэу щытар джэгуакIуэхэращ, нартхэм уэрэдыжьхэр щрашэжьам деж пшынэ дыкъуакъуэкIэ дежьууэ щытащ. Пшынэ дыкъуакъуэм еуэ пщащэр (сыт хуэдэ ныбжьышхуэ зиIэ цIыхухъу щымысами) ягъэтIысырт, ущыту узэремыуэфым щхьэкIэ. АбыкIэ зыми емыкIу хуищIыртэкъым. 
Iупэпшынэмрэ мажьэпшынэмрэ аэрофонхэм хеубыдэ, къызэрыдгъэлъэгъуащи. ЗэрыжаIэмкIэ, мажьэм пщIащэ бгъуэ тралъхьэрти, епщэрт. 
Iэпэпшынэр бзэпситI зытелъ, шыкIэпшынэм нэхърэ нэхъ иныIуэу икIи нэхъ бгъуэуэ щытащ, мыбы IэпэкIэ еуэрт, бзэкъу щIымыгъуу. Бзэпсу щы зытелъи къахэхуэт, щхьэж зэрыхуейуэ игъэпсу, ауэ нэхъыбэу зэрагъэпсыр квартэут – бзэпс къэс я зэхуакум макъиплI дэлъу. Иджы ди Iэпэпшынэр урыс балалайкэм къуилъхьэжауэ жыпIэ хъунущ, зэкъуэтIакъуэ дыдэщ узыхуэзэжыр. 
ПхъэцIыч - нэхъ ныбжьышхуэ зиIэ Iэмэпсымэхэм ящыщщ. Пхъэбгъу пIащIэ цIыкIухэр (3 - 10) фэ IуданэкIэ зэпхыжауэ щIа Iэмэпсымэщ. Мыбы макъамэ къикIыркъым, уэрэдым е къафэм и макъамэр зы пIэм иту, и псынщIагъыр имыхъуэжу екIуэкIын папщIэ ар яхуэзыхъумэрщ. Абы нэхъыбэм пшынэ щIэмытми, щIалэ гупым къафэ макъамэр жьэкIэ жаIэурэ, тIыркъэ макъым дежьут. 
«Зэрытлъагъущи, адыгэ макъамэ Iэмэпсымэхэм я зэхэлъыкIэр, теплъэр, макъыр телъыджэщ, дахэщ, удэзыхьэхщ. Псори димыIэжми, къытхуэнахэр адэкIи къагъэсэбэпыным, егъэфIэкIуэным, нобэрей зэманым декIуу зехьэным папщIэ ахэр куууэ джын, бгъэбзэрабзэфу ущрагъасэ екIуэлIапIэхэр къызэгъэпэщын, оркестрхэр, ансамблхэр зэхэшэн хуейщ. ИтIанэ Iэмэпсымэхэм, макъамэхэм я лъэныкъуэкIэ тIэщIэкIа ныкъусаныгъэхэр тхуэгъэзэкIуэжыфынущ», - жеIэ Чурей Дыжьын. 
 

 

Тамбий Гуащэмахуэ.
Поделиться: