ЩIыналъэщIэхэм зыкъаужьыжКъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ УФ-м и Правительствэм ЩIыналъэхэм зегъэужьынымкIэ и комиссэм и Президиумым и зи чэзу зэIущIэм. Видеоконференц IэмалкIэ ар иригъэкIуэкIащ вице-премьер Хуснуллин Марат. ЗэIущIэм хэтахэр тепсэлъыхьащ Урысейм щIэуэ къыхыхьа щIыналъэхэр зэIузэпэщ ящIыным епха проектхэр гъэзэщIа зэрыхъум. УФ-м и Президентым 2022 гъэм къалэн къызэрыщищIам тету, Къэбэрдей-Балъкъэрыр Херсон областым хыхьэ Скадовск, Голая Пристань къалэхэм къедза муниципальнэ щIыналъэхэм зыкъаужьыжынымкIэ ядоIэпыкъу. Дызэрыт илъэсым МФЦ-хэр зыщIэс унэхэр, школхэм я зым хэт медицинэ пэшыр, амбулаторэхэр, псэупIэ инфраструктурэр зэрахьэнущ. Лэжьыгъэхэр зытраухуа пIалъэм тету йокIуэкI, КъБР-мрэ Херсон областымрэ я къулыкъущIэхэр зэрыщIэ зэпытщ.
Поделиться:
Читать также:
13.04.2024 - 15:23 →
Махуэшхуэм зыхуагъэхьэзыр
13.04.2024 - 13:44 →
ЩытыкIэр я нэIэ щIэтщ
13.04.2024 - 11:18 →
Дзэм ираджэнухэр
13.04.2024 - 10:08 →
Зэгухьэныгъэм зэфIигъэкIар
06.04.2024 - 10:26 →
Театрхэм я ехъулIэныгъэ, я гугъуехь
|