Къурагъ еупсей

Ди щIэджыкIакIуэ лъапIэхэ, фи лъэIукIэ тыдодзэ «Къурагъ еупсей» хабзэм и тхыдэмрэ ар зэрагъэзащIэу щытамрэ МафIэдз Сэрэбий и «Адыгэ Хабзэ» тхылъым къызэрыщыхьам хуэдэу. 
Унагъуэ хабзэхэр, дауи, зэфIэкIыркъым сабийхэм ятеухуа тхьэлъэIухэмрэ ущииныгъэхэмрэкIэ. Сабийхэр нэхъ ин зэрыхъум елъытауэ абы япыщIа Iуэхухэм хохъуэ, заузэщI. Адыгэ лъэпкъым и хабзэ хьэлэмтхэм ящыщт «Къурагъ еупсей» жыхуаIэр. Иджыпсту ди нэхъыжьхэм я нэхъыбэм ар зэращIэжыр адыгэ хьэгъуэлIыгъуэм и зы Iыхьэ цIыкIуущ. Ауэ пасэм щыгъуэ абы хьэгъуэлIыгъуэм пыщIэныгъэ хуиIакъым. Нэхъыбэу ар зэпхар атэлыкъым и къаныр щитыжырт.
ХьэгъуэлIыгъуэ хабзэхэм «Къурагъ еупсейм» ауэ сытми зыкIэрищIакъым. Дэтхэнэ зы хабзэ кIуэдыжу щIэзыдзами хуэдэу, мыбыи адыгэ гъащIэм хэкIыну и жагъуэу къыщIэкIынут. АтIэми, хабзэр щыдахэкIэ, цIыхум фIыуэ щалъагъукIэ абы «и гъащIэр» зыгуэрурэ пащэмэ нэхъ къащтэрт, зэрыщыта дыдэм хуэдэу яхуэмыIыгъами, и кIапэ-лъапэ гуэрхэр яхъумэу. Апхуэдэхэр адыгэ гъащIэм щымащIэкъым.
Ди нэхъыжьхэм зэрыжаIэмкIи, языныкъуэ тхыгъэхэм къызэрыхэщымкIи «Къурагъ еупсейм» и Iуэхур зыIутыр мыращ. Зы куейм къедзылIа жылэхэм, е зы псыхъуэм, е зыпщ и унафэ щIэт къуажэхэм зэгурыIуауэ зы махуэ хахырт балигъыпIэ иува я щIалэхэм (илъэс пщыкIух - пщыкIублым итхэм) я зэфIэкIымрэ хабзэ зэращIэмрэ ягъэунэхуну. Мыбы пщыти пщылIти, жаIэу зэхэгъэж щыIэтэкъым. Хабзэр псоми зэращIэн хуейм ещхьу ягъэзэщIэну я къалэнт. 
ЩIрагъэкIуэкIыр щIалэхэр арат. Абыхэм я ныбжьым, илъэс пщыкIух-пщыкIублым уеплъмэ, ар ирихьэлIэрт атэлыкъхэм я къан тыжыгъуэм. НэгъуэщIу жыпIэмэ, къурагъ зраупсеин хуейхэм хыхьэрт атэлыкъхэм ятыж къанхэри. Абы къыщахутэрт дэтхэнэ зы атэлыкъым (быфыкъуэ адэм) и къаным хилъхьа хьэлымрэ ирита гъэсэныгъэмрэ. Къурагъ еупсейр ирырагъэхьэлIэнкIэ хъунут нэгъуэщI зы тхьэлъыIушхуэ гуэрым, ауэ цIыхум гузэвэгъуэ ямыIэмэ, яхузэфIэкIынумэ, щхьэхуэу ирагъэкIуэкIмэ нэхъ къащтэрт, нэхъ зэпэщаи хъурт. 
Мыпхуэдэут ар зэрекIуэкIыр. ЩIалэхэм я зэфIэкIыр зэхагъэкIыну нэхъыжь гуп хахырт. Абы яубзыхурт зэрагъэунэхуну Iуэхугъуэхэр: шы тесыкIэ, шы гъэджэгукIэ, шы игъэлъыкIэ, уанэ телъхьэкIэ, щIопщ IыгъыкIэ, нэхъыжь блэкIыкIэ, фIэхъус тыкIэ, хьэщIэ къегъэблэгъэкIэ, хьэщIэ егъэжьэжыкIэ, нэгъуэщIхэри. ЩIалэхэр зэпрагъэуэнкIэ хъунт мывэ зэдадзу, дамэкъуэшэс зэдэджэгуу, хьэлъэ къыздаIэту, нэщанэ зэдеуэу. Абы щыгъуэми нэхъыщхьэр нэхъ лъэщ дыдэр, хьэмэрэ нэхъ шэрыуэ дыдэр къащIэныр аратэкъым, атIэ псоми я зэфIэкIымрэ я къарумрэ зы пщалъэ гуэркIэ къахутэнырт. Дауи, гъэщIэгъуэнт хэт текIуами къэпщIэнур, ауэ ахэри егъэлеяуэ яIэтыртэкъым, ягъэвутэкъым.
ЩIалэхэм ящIэн хуейм хыхьэрт адыгэ хабзэм и Iуэхугъуэхэри – щхьэгъэрытым и къалэнхэр, къуэдзэм ищIэн хуейхэр, щыхьэкIуэ зэрыкIуэр, нэгъуэщIхэри. Абы щыгъуэми куэдрэ къэхъурт псалъэ гъущэкIэ тепсэлъыхьу зэфIамыгъэкIыу, зэращIэр къыщагъэлъагъуи. Апхуэдэ гъэунэхуныгъэхэр зэфIэкIа иужькIэ, ахэр псори нэсу зыгъэзэщIэфахэм нэхъыжьхэм къурагъ ираупсейуэ арат, лIы ухъуащ кърагъэкIыу. А щIалэхэм щхьэкIэ нэхъыжьхэм батырыбжьэ яIэтырт, джэгуакIуэхэм къебжэкIхэр зэхалъхьэрт, абы я шынэхъыжьхэр къехъуэхъурт, шынэхъыщIэхэр къехъуапсэрт. Псом нэхърэ нэхъыщхьэу ябжырт къурагъыр зэраупсеям къурагъыбжьэ щыратырт. Ар хабзэу мыхъумэ, фалъэм фадэу ит щыIэтэкъым. АтIэми къурагъыбжьэ зрата щIалэм и адэ-анэм, и унагъуэм зэрахузэфIэкIкIэ ерыскъы Iэнэ къищтэрти, нэхъыжьхэр игъэхъуахъуэрт, сабийхэри хамыну зыгуэрхэр хуагуэшырт.
ГуфIэгъуэр джэгурэ къафэкIэ яухырт. Къурагъ зраупсея щIалэхэр, я адэ-анэ къилъхуауэ шынэхъыжь къэзмыша яIэми къамыгъанэу, мобы сыкъыдэфащэрэт, жыхуиIэ хъыджэбзым къыдагъафэрт. А зэр арат ахэр я шынэхъыжь къалъагъуу джэгум къызэрыщыфэнур. Я шынэхъыжьым къиша иужькIэ ахэр хуит хъурт джэгу хыхьэну, къэфэну, къэуджыну. Арагъэну къыщIэкIынущ мы хабзэр хьэгъуэлIыгъуэм щIэкIуари, щхьэхуэу зэрахьэну цIыхум щаIэщIэхужым.
Къурагъ еупсейм щыгъуэ нэфI-ней щыIэтэкъым. Абы хэт щIалэхэм къыхуагъэув къалэныр яхуэмыгъэзащIэмэ, апхуэдэхэр трагъэгушхуэрт етIанэгъэ нэхъыфIу зыхуагъэхьэзырыну. Дауи, ар зи гуапэ хъу щыIэу къыщIэкIынтэкъым, ауэ хабзэр хабзэщ. Псоми ящIэ адыгэ хабзэр зэрымытыншыр, икIи зэ зепщытыгъуэкIэ упэмылъэщынри къохъур. УмыщIэу ухэбжьакъуэ нэхърэ, умыпIащIэмэ нэхъыфIщ.
Поделиться:

Читать также: