ЛIыкIуэ лъапIэм теухуауэ

                     ЕтIуанэ Iыхьэ

             Алыхьым и щэлатымрэ сэламымрэ зэхар нэхъыбэрэ зэджэу щыта духьэр мырат: «Уа [Алыхьталэу] Гухэр Зыгъазэ! (цIыхум нэхъ къыфIэIуэхум зезыгъэхъуэжыф, жыхуиIэщ – Ч. М.) Си гур уи диным теубыдэ!» («Я мукъэллибул къулууб! Сэббит къэлбии гьэла дииникэ»). Мы духьэри жиIэрейуэ щытащ: «Алыхьу си Тхьэ! Щхьэпэ мыхъуну щIэныгъэм, псапэ мыхъуну лэжьыгъэм, Уэ пфIэмылIыкI гум, жэуап зимыIэну духьэм сыщыхъумэ». Иджыри куэдрэ мыпхуэдэу жиIэрт: «Алыхьу си Тхьэ! Дунейм тыншыгъуэ теткъым, Уэ тынш УмыщIмэ. Уэ пфIэфIмэ, гузэвэгъуэри псынщIэ мэхъу».

        ЛIыкIуэ лъапIэу щэлатрэ сэламрэ зэхам телъыджэ куэд далъэгъуащ: мазэр зэрызэгуэкIар, и Iэпхъуамбэ зэхуакум псы къызэрыдэжар, дзэшхуэм я псыхуэлIэ зэрыригъэкIар, и Iэгум из псыр а дзэм щыщ зауэлI псоми андез иращтэну зэрыригъэкъуар. ЛIыкIуэ лъапIэр хъутIбэ къеджэу  минбэрым тету,  щIалэ гуэрым абы ебгъэрыкIуэн щIидзати, махъшэ гъуахъуэу фIэкIа умыщIэну, апхуэдэ макъ къыIэщIэкIауэ щытащ а щIалэм.  Бегъымбар лъапIэм ар иубыда нэужь, макъыр увыIащ. И Iэм IэщIэлъ мывэхэм Алыхьыр ягъэлъапIэу зэхахащ, шхынми ардыдэр далъэгъуащ. Псэущхьэхэр къепсалъэу щытащ Бегъымбар лъапIэу щэлатрэ сэламрэ зэхам.  Мэз бжэным сэлам кърихащ, махъшэр къыхуэтхьэусыхащ, дыгъужьыр ар  Алыхьым зэрилIыкIуэм и щыхьэту къэуващ, жыгхэм щхьэщэ къыхуащIу щытащ. Нэ узым и Iупс иригъэIусэмэ, хъужырти, афIэкIа узыжыртэкъым. Iэбу Хьэтикъ и къуэм и лъакъуэр Iушэ хъуати, ЛIыкIуэ лъапIэр телъэщIыхьа иужь, лъакъуэм зиузэхужри хъужат. Ещанэ хъалиф пэжу щыта Уэсмэн гузэвэгъуэ къызэрыщыщIынур жиIауэ щытащ ЛIыкIуэ лъапIэм, езыр дунейм емыхыж щIыкIэ.   ЗэрыжиIам хуэдэуи хъуащ. Бегъымбар лъапIэу щэлатрэ сэламрэ зэхар Алий папщIэ Алыхьым елъэIуат щIыIэмрэ хуабэвэхымрэ къытемыхьэлъэнуи, хьэуар къызэрехуэбэкIым е къызэрещIыIэкIым и нэщэнэ далъагъужакъым.  Хьэббас муслъымэн хабзэмрэ КъурIэнымрэ хищIыкIыу хъуну хуэлъэIуати, щIэныгъэм къыхэщIыкIа хым хуэдэу хъуауэ щытащ ар. Iэнэс щIэблэ иIэну хуэлъэIуати, Алыхьталэм абы быни 100 къритри, езыри илъэси 100-кIэ псэуащ, и хъурмейхэм илъэсым тIэу пхъэщхьэмыщхьэ къапыкIэу. Iэбу Лэхьэб и къуэ Атбэ къыщеныкъуэкъум щыгъуэ, Алыхьталэм зыхуигъэзат къыдэIэпыкъуну: «Я Алыхь, хьэхэр къеутIыпщ», жиIэри. Зэман дэкIри, Атбэ аслъэным ишхауэ щытащ. Хьэндэкъ зауэм Бегъымбар лъапIэм зауэлI мин ерыскъы мащIэкIэ щригъэкъуфауэ щытащ. Хьэнин деж бийхэр къащебгъэрыкIуэм, ятIэ IэмыщIэхэр ятрикIута нэужь, я нэхэм сабэр щIэз хъури, псори щIэпхъуэжауэ щытащ. Амар цIыху Iейхэм зэраукIынур къыжриIати, Муауие и зауэлIхэм яIэщIэкIуэдэжауэ щытащ. Езым къурэйши 100 къыщыпэщIэувам щыгъуэ, щIы ятридзэри, къалъагъуфауэ щытакъым.

ЛIыкIуэ лъапIэм и псэлъафэхэм ящыщ

         ЛIыкIуэ лъапIэу щэлатрэ сэламрэ зэхам и жыIэгъуэхэр Алыхьталэм фIэкIа зыми хуэбжынукъым. Мыпхуэдэу жиIэрт Бегъымбар махуэм: «Iэдэм и бын! ФIы уигу уилъу гукъэкI пщIа псори къыпщхьэщыжынущ, зи зэран къокIынур уэ езым уи IэкIэ зэпщIэжам и закъуэщ. Гъусэ пхуэхъужынури фIыуэ плъэгъуахэращ».  Зыгуэрым мыпхуэдэу жриIат щэлатрэ сэламрэ зэхам: «Хамэ щIыпIэ къикIам е гъуэгурыкIуэм ещхьу тет дунейм. Мащэм илъхэм ящыщ зыуэ зыкъэлъытэж». Мыпхуэдэуи жиIащ: «Дунейм хьэщIэм хуэдэу фыщызекIуэ. Мэжджытхэр псэупIэ зыхуэфщI, фигухэр щабагъым евгъасэ, фемышу фызыщIэгупсысыж, фи гуэныхьхэр вгъей». Мыпхуэдэуи жиIэу зэхахащ: «ТхьэмыщкIэхэр вгъэныбжьэгъу. Ахэращ Къемэт Махуэм щыпащтыхьынур». Мыри и жыIэгъуэхэм язщ: «Бий къысхуэхъуам зауэ есщIэкIынущ». Аргуэру жиIащ: «ЗэгъунэгъукIэм я нэхъыфIыр пщIантIэхэр зыхуей хуэгъэзэнымрэ цIыху бжыгъэр  гъэбэгъуэнымрэщ. Гъунэгъум и жагъуэ зыщIым и унэр Алыхьталэм трихынущ». «Уи къуэшым и гукъеуэм ущымыгуфIыкI. Алыхьым абы къыщыщIар щхьэщихыу, уэ бэлыхь ухидзэнми пщIэркъым». «Алыхьталэр уи гум щыхъуми, Езыми Укъихъумэнщ. Алыхьталэр гум щыпхъумэмэ, Ар уи пащхьэм къыщыбгъуэтыжынущ. УлъаIуэмэ, Абы елъэIу, утхьэджэмэ, Абы хуэтхьэджэ икIи зэгъащIэ: зэрымуслъымэн Iумэту зэхыхьэрэ къыбдэIэпыкъуну хуежьэмэ, ар къыщыпIэрыхьэнур Алыхьталэм иухамэщ. ЦIыхухэр IейкIэ уи ужь къихьэу щытми, Алыхьталэм имыухамэ, зыри къуащIэфынукъым. Къалэмыпэр къаIэтыжакIэщ, Ухыгъэм и Тхылъыр зэратха  шакъэри гъущыжакIэщ». «Уи Iуэху щыфIым деж Алыхьталэм уригъусэмэ, махуаеми Езыр гъусэ къыпхуэхъужынщ. ЗэгъащIэ: узыгъэбэлэрыгъар къыщIыпщигъэщIар  бэлыхь ухидзэн папщIэтэкъым, уигу хэзыгъэщIамкIи уигъэгъуэщэн е ущигъэуэн мурад иIакъым. Зыщумыгъэгъупщэ: зыгуэр къохъулIэн папщIэ, тэмакъкIыхьу ущытын хуейщ, гуфIэгъуэм дыджыр и Iэпэгъущ, гугъуехь нэужьым утыншыжынущ». «Дунейм уи щIыб хуэгъази, Алыхьым фIыуэ укъилъагъунущ. МащIэкIэ арэзы ухъуу, тхьэфIэлIыкI пхэлъу укъалъагъумэ, цIыхухэми фIыуэ укъалъагъунщ». «Дуней мылъкумрэ дунеймрэ яхуэсакъ. Дунейр – Хьэрутрэ Марутрэ я нэIэ зытемыкI хъуагъэщагъэщ». «Уи бзэгум хуэсакъ, фIы фIэкIа жумыIэ».  «Алыхьым цIыхум фIы хуищIэну мурад ищIмэ, диным  хуэзущиин Iимам езым къыхищIыкIыфынущ». «Нэху щамэ, дыгъуэпшыхь къэхъуахэм уегупсысын щыгъэт. Пшапэр зэхэуамэ, пщэдджыжьым къэхъуар зыщыгъэгъупщэ». «ТхьэхуэпщылIыным фелIалIэ, дуней щIэращIэм зыщызыдзей цIыху фыхуэзэмэ, гъунэгъу зыхуэфIщ, абы псалъэ Iущхэр къепсэлъ». «Алыхьталэм и унафэм пэщIэува цIыхум зыхуей псори къехъулIэу щыфлъагъукIэ, зэвгъащIэ: апхуэдэу гуэныхькIэ ерыщыр къигъапцIэу аращ, зэшэзэпIэу бэлыхь хидзэжын папщIэ». «Уи гум ечэнджэщ, армыхъумэ адрейхэм уаущиин щIадзэнущ». «Къемэт махуэм псом нэхърэ нэхъ гуащIэу тезыр зытралъхьэнур захуагъэм темыт Iимамымрэ тепщэ гущIэгъуншэмрэщ».

         «Къемэт махуэм адрейхэм нэхърэ нэхъ гуащIэу бэлыхь зышэчынур Алыхьталэм къабыл имыщIа щIэныгъэ зыбгъэдэлъа щIэныгъэлIырщ». «Уи бийр зэбгъэрыкIуэр уэ езым пхэлъ уи псэращ». «Зи гуэныхьхэр нэхъ Iейр фIы зигу имылъ пцIыIуэпцIышэрщ. Гуэныхьлыхэм я нэхъ Iейр пцIым къыхэмыкIырщ». «ЦIыху псори Алыхьым и бынщи, Абы псом нэхърэ нэхъыфIу илъагъур и бынхэм зыгуэр яхуэзыщIэрщ». «ЦIыхухъум и насыпыр – хьэл махуэ хэлъынырщ».  «Уа Iэдэм и бын! Ерыскъы мащIэкIэ зригъэкъу! Куэд зышхыр куэдрэ малIэ». «Алыхьым и хьэтыркIэ сыт уигу пыкIыу щытми, Езым и ХьэлэлагъымкIэ къыппэIэбэжынущ». «Алыхьталэм и щIасэ, и гъунэгъу цIыху узыщIыр хьэлэлагъымрэ хьэл дахэмрэщ».  «Муслъымэн нэскIэ узэджэнур и Iуэху зыхэмылъ псори IузыгъэкIуэтыфырщ». «И Тхьэм щышынэр къарууфIэ хъунущ, бийм и щIыналъэми зыри къыщыщыщIынукъым». «Алыхьталэм укъызэрыщыхъур къэпщIэну ухуеймэ, уэ езым Ар къызэрыпщыхъум еплъыж». «Къемэт Махуэм цIыхум гъусэ къыщыхуэхъужынур дунейм фIыуэ щилъэгъуахэрщ».  

                                      ЧЭРИМ Марианнэ.

 

 

Поделиться:

Читать также: