Хэкум зи гущэкъу ирибзахэр

Къафэм декIу макъамэ щIэмылъмэ, ныбжь къудейщ. ЗэвгъэцIыху «Кабардинка»-м и псэхэлъхьэж зэщхьэгъусэхэу Дэрокъуэ Рамирэ (ансамблым и музыкэ унафэщIщ) Дэрокъуэ (Къумыкъу) Марьянэрэ (гупым и пшынауэщ).

Ди лIыхъужьхэр узэхъуэпсэн унагъуэ дахэщ. Лъэпкъ хабзэм, щэнхабзэм, къызыхэкIам пщIэ хуэзыщI, къэкIуэнум хуэлажьэ цIыхущ тIури. Рами хэхэс адыгэхэм я щIэблэщ, къыщыхъуар Иорданиеращ. И анэр шэшэнщ, и адэр адыгэщ. Адэжь хэкум ар япэу къыщыкIуэжар 2012 гъэращ. КъэкIуэжри - игъэзэжакъым. Гугъуехь Iэджэм хэтащ бзэ къудейр зымыщIэ щIалэр, губгъуэм къина щхьэмыж закъуэу куэдрэ жьым ириудэкIащ, ауэ икIуэтакъым. «Къоджэм уигъэжейркъым», жыхуаIэр арагъэнщ, хэкум къыщыпэплъэ и насыпыр арагъэнт ар къэзышэжар. «Кабардинка»-м и хъыбар куэд зэхэзыха щIалэр ансамблым я репетицэм зэгуэр щIыхьауэ сценэм ис пшынауэ хъыджэбзым зэ IуплъэгъуэкIэ итхьэкъуат. А зэманым Рами Шэшэным я «Вайнах» ансамблым ирагъэблэгъауэ щылажьэрт. А дакъикъэм къежьар иужькIэ зэщхьэгъусэ хъуа ныбжьыщIитIым я насып лъагъуэм и закъуэкъым, абы бгъурытт щIалэм къыхуэныкъуэ лъэпкъ щэнхабзэм и гъуэгури.
- СызэрыцIыкIурэ хэкужьым и хъыбар зэхэсхыу сыкъэхъуати, хуабжьу сыщIэхъуэпсырт сыкъэкIуэжыну. Ди адэм си мурадыр схуигъэдахэрт, ауэ еджапIэ нэхъыщхьэр къэзуха иужьщ хуит сыщищIар. Нью-Йорк авиаинженеру сыщеджащ. 2012 гъэм япэу си хэку и щIыгу сытеуващ - сэркIэ насыпышхуэт ар. Нэхъ ипэкIи сыкъакIуэу сыщыIэу сыкIуэжыфынут сэ мыбы, ауэ сфIэемыкIут хамэ гуэр хуэдэу си хэку сыщыхьэщIэну. Си акъыл зэрызэпцIрэ си гум мурад быдэ ислъхьат адэжь хэкум сыщыпсэунуи, си мурадыр зэрызэзгъэхъулIам срогушхуэ. Абы гугъуехьу пылъари сщыгъупщэжащ. Пэжщ, сызыпэмыплъа куэд срихьэлIащ. Хэхэс адыгэхэм хэкур жэнэту къытщыхъурт икIи ар зыбгына ди адэшхуэхэр згъэкъуаншэрт, яукIми, я хьэдащхьэ я хэку къранэн хуеяуэ къэслъытэу. Мыбы исхэм зыкъысхуагъазэу куэдрэ къыщызжаIэ щыIэщ «УкъыщIэкIуэжар сыт? Дэ езыр хэкум дикIыну зыдогъэхьэзыр». Ахэр къызгурыIуэркъым. Си унагъуэр щызухуар хэкуращ, абы хуабжьу срогушхуэ. ИтIанэ, хэкум си гур зэрыщызгъэтIылъам и щыхьэту сыт щыгъуи согупсыс Иорданием сызэрыщыпсэуар зэрысщыгъупщэжам. СыщынасыпыфIэщ, си жьэгу, си унэ секIуэлIэжащи. Си гъащIэм нэхъ хьэлъэу хэлъар хэкум сыкъызэрыкIуэжынур къысхуэмыгъэсу сыщегупсыса лъэхъэнэрщ. Хэкум сыкъызэрыкIуэжрэ си хьэлым куэдкIэ зихъуэжащ, нэхъ ткIий, псыхьа сыхъуауэ жысIэфынущ. СымыцIыху куэдым ИнтернеткIэ зыкъыспащIэурэ хэкум къэкIуэжа зэрыхъунумкIэ къызочэнджэщри, сэри зэрысхузэфIэкIкIэ садоIэпыкъу.
Иджы IэщIагъэ схуэхъуауэ сызэрылажьэ пшынэр япэу къыщысщтар 2010 гъэращ. Си адэр пшынауэ Iэзэщ, ауэ сэ абы зэи сытегушхуэу къэсщтатэкъым. Си адэм и фIыгъэкIэ пасэрей уэрэдыжьхэр, хэкум икIахэм зэрырахам хуэдэу, си тхьэкIумэм иту сыкъэхъуащ. Хэкум щагъэзащIэ къафэ куэд къыумыцIыхужыфыну яхъуэжащ. ЩIэр фIыщ, ауэ пасэрей къафэжьхэри бгъэкIуэдынкIэ Iэмал иIэкъым, ар уи тхыдэм зыщыбгъэгъупщэным хуэдэщ. Сэ гу зылъыстаращи, аддэ ди адэжьхэм ягъэзащIэу щыта уэрэдхэр Кавказым ис лъэпкъ куэдым къащтэри зэхъуэкIыныгъэ мащIэ халъхьауэ зэрахьэ. Абы и щапхъэр гъунэжщ. Лъэпкъым Iэужь бей къытхуигъэнащ, дэ ди къалэныр ар къэкIуэнум яхуэтхъумэнырщ.
ИджыкIэ уэрэдыщIэ зыбжанэ згъэхьэзыращи, етIанэгъэ, Тхьэм жиIэмэ, альбом щхьэхуэ къыдэзгъэкIынущ. Си IэдакъэщIэкIхэм си адэм игъэзащIэу щыта макъамэ зыбжани хэтщ, щымыгъуазэхэм ахэр цIыхубэ уэрэду къащохъу.
Си гъащIэм «Кабардинка»-м мыхьэнэ ин щиIэщ. СхужыIэнукъым сызэрыцIыкIурэ мы ансамблым сыщылэжьэну сыщIэхъуэпсу щытауэ, пхъэцIычауэу сыкъащтэнуи си пщIыхьэпIэ къыхэхуэртэкъым, музыкэмкIэ унафэщIу дэнэ къэна. СэркIэ ар сыщIэгушхуэ гупщ. Куэдрэ жаIэу зэхызох мы ансамблым нэхъапэм иIэу щыта пщIэм, лъытэныгъэм теухуауэ. НобэкIэ зыкIи нэхъ икIэкъым мы гупыр, а япэм щыIам хуащIу щыта гулъытэмрэ дэIэпыкъуныгъэмрэ иджырей ансамблым игъуэтамэ нэхъыбэжкIэ и цIэр Iунут. Уэркъыр щытхъукIэ ягъапцIэмэ, шыфIыр лъахъэм егъэкIуэд.

Рами и щхьэгъусэ Дэрокъуэ (Къумыкъу) Марьянэ «Кабардинка»-м илъэсибл хъуауэ щыIэщ. ГъуазджэхэмкIэ институтым, музыкэмкIэ школым, колледжым, итIанэ ГъуазджэхэмкIэ институтым щылэжьащ.
- «Кабардинка»-р сыт щыгъуи щапхъэу щытащ, ар зытет лъагапIэм ищхьэжкIэ зыри щыIэтэкъым. Си ныбжьэгъу гуэрым гушыIэ хуэдэурэ ансамблым пшынауэ къызэралъыхъуэр къызжиIати, си фIэщ мыхъуу сыкъакIуэри, сыкъащтауэ щытащ. ПцIы супсынущ псори фIыуэ, тхъур къыдэжэхыу дыпсэууэ жысIэмэ, ауэ сытхьэусыхэну сфIэфIкъым. Нэхъыщхьэращи, тIуми ди псэм фIэфI Iуэху, ди дунейр дахэ тхуэзыщI IэнатIэ дыпэрытщ, - жеIэ Марьянэ.

Поделиться: