Пасэм къыщожьэ

НаIуэу зэрыщытщи, Iулъхьэ къеIыхыныр, мылъку зэлъэфэлIэныр япэ дыдэу къежьа щIэпхъаджагъэхэм ящыщщ . Дунейр къызэриухуэри ар ягъэкIуэдыну хущIокъу, арщхьэкIэ япэлъэщыркъым.

Къагъуэтыжа пасэрей дэфтэрхэр щыхьэт зэрытехъуэмкIэ, япэ дыдэу а мыгъуагъэм пэщIэувар Тигр, Евфрат псыежэххэм я кум дэлъ щIыналъэм - пасэрей Междуречьем и къалэ-къэралхэм ящыщ зым и пащтыхьу щыта Уруинимгнэщ. Абы тетыгъуэр щиIыгъар ди эрэм ипэкIэ 2300 гъэхэрщ.

Археологхэм къатIэщIа тхыгъэхэм ящыщ зыр а пащтыхьым егъэлеяуэ щотхъу «мылъку зэзылъэфалIэхэмрэ хеящIэ напэншэхэмрэ къызэрыжьэдикъуам къыхэкIыу».

Абы къыщыгъэлъэгъуакъым Уруинимгинэ ар зригъэхъулIэн папщIэ къигъэсэбэпа Iэмалхэр зыхуэдэр.

 АрщхьэкIэ ар тетыгъуэр зейм далъэгъуа фIагъ нэхъыщхьэхэм зэрытхуагъэда къудейр щыхьэт тохъуэ Iулъхьэ къеIыхыным а зэманым псэуа жылагъуэр куууэ хыхьауэ зэрыщытам.

Мылъкур егъэлеяуэ щызралъэфалIэрт Пасэрей Египетми. Фирхьэунхэм я власть гъунапкъэншэм и тегъэщIапIэт цIыху къызэрыгуэкIхэр зи унафэ щIэт къулыкъущIэ бжыгъэншэхэр. Мыпхуэдэ папирусыр (тхыгъэжьыр) абы щыхьэт тохъуэ:

«Зи унафэ ущIэтым хуэлажьэ, узыщымысхьыжу. ИтIанэ уи унэми ерыскъы щIэлъынущ, уи улахуэри и чэзум къуатынущ. Уи унафэщIым зыпэщIэпсэ хъунукъым, абы жиIэр псалъэмакъыншэу пщIэн хуейщ. Игу зрибгъэхьмэ, тыншу упсэунущ».

Языныкъуэ египет фирхьэунхэр мылъку зэзылъэфалIэхэм ткIий дыдэу ябгъэдыхьэми, абы и бий бэнэныгъэм къикIышхуэ щыIэтэкъым.

Пэжщ, языныкъуэхэм деж щIэпхъаджагъэ бзаджэхэр къызэпаудырт. АрщхьэкIэ «нэхъ цIыкIуфэкIукIэ» Iулъхьэ куэдым къыIахырт. Пасэрей къулыкъущIэхэр фитIнэуэ, уеблэмэ, напэншэ дыдэу зэрыщытам езы Инджылри щыхьэт тохъуэ: «УнафэщIым тыгъэ хуэщIын хуейуэ къыхуегъэув, хеящIэм Iулъхьэ езытхэр хейуэ хокI, лIакъуэлIэшхэм пцIы яупс, псори зытращIыхьыр ахъшэщ…»

Псом хуэмыдэу мыбдеж щыерыщар хеящIэхэрщ. Уеблэмэ мы зэманым бзэ куэдым зэхуэдэу хэт «коррупцэ» псалъэри къэзыгъэщIар апхуэдэ хеящIэхэрщ. Пасэрей Римым куэдрэ къыщыхъурт суд пащхьэм щыжаIахэр иужькIэ ахъшэ иратурэ зэрырагъэхъуэкIыжу. Аращ а псалъэр къыщежьари.

МАХЪШОКЪУЭ Мухьэмэд.
Поделиться:

Читать также: