Дзыхь зэхуащIыртэкъым

Урысейм и бий сыт хуэдэ Iуэхуми Европэр щызэкъуоувэ. Украинэм мы зэманым щекIуэкIхэри абы щыхьэт тохъуэ. Апхуэдэ щыIащ зэхипIытIэн, зэрипхъуэн мурадкIэ 1812 гъэм Наполеон Урысейм къыщытеуами: и дзэм и Iыхьэ щанэ къудейрт франджыхэр, адрейхэр нэгъуэщI лъэпкъхэм ящыщт. Хэку зауэшхуэм и зэманми фашист Германием къыкъуэтащ къанэ щIагъуэ щымыIэу европей къэралхэр: хэт дивизиехэр гъусэ къыхуищIащ, хэти гуп нэхъ цIыкIухэр къигъэкIуащ, хэти мылъкукIэ къыдэIэпыкъуащ. Уегупсыс хъунут я зэкъуэтыныгъэр жыжьэ къыщежьауэ, ауэ ахэр ипэжыпIэкIэ зэкъуэт? Тхыдэм къигъэлъагъуэр нэгъуэщIщ: европейхэм зэи ныбжьэгъугъэ яку дэлъакъым, дзыхьи зэхуащIакъым. Езы нэмыцэхэми ахэр зэи я щхьэ иралъытакъым, сыт щыгъуи ягъэпуду къекIуэкIащ. Мис абыхэм ятеухуауэ вермахтым и генералхэм къаIуэтэжахэм къахэтхахэр.

Псоми къыхагъэщащ мэжэрхэр (венгрхэр) гущIэгъуншэу, лIыжьхэми сабийхэми ящымысхьу зэрызыкъагъэлъэгъуар, ауэ зэуапIэ губгъуэм уащыщыгугъ мыхъуну къызэрыщIэкIар. Абы игъэгубжьырт нэмыцэхэр.

Испанхэм ятеухуауэ фельдмаршал фон Бок Федор 1941 гъэм фокIадэм и 3-м итхыгъащ: «А щIалэхэм Iэпслъэпс щIэрыпсхэм езыхэм я гъуэншэджхэм щIауну бгырыпххэр къыхащIыкI. Испанхэм гъуэгукум къытранэ зи шэрхъыр гъуанэ хъуа лъакъуэрыгъажэхэр, пулеметхэр щызэпкъралъхьэкIэ уадэ къагъэсэбэп». «Испан легионерхэр теплъаджэщ: зи жьакIэр мыупса, щыгъыныр къызыщылэл икIи чэф зауэлI плъагъумэ, ар испан лIыхъужьырщ. Зауэ IэнатIэм абыхэм мыIейуэ зыкъыщагъэлъагъуэ, ауэ зэщIэкъуакъым»,- а псалъэхэр зейр Германием и лъэсырыкIуэдзэхэм я штаб нэхъыщхьэм и унафэщI генерал Гальдер Францщ.

1941 гъэм урымхэр (итальянхэр) зэрыпсэмахэр, зэуэным зэрыхуэмыщIар нэмыцэхэм яфIэдыхьэшхэну щытамэ, 1942 гъэм ахэр епцIыжакIуэу, Iэщэхэр хыфIадзэу щIэпхъуэжыну сыт щыгъуи хьэзырхэу къалъытащ. «Урымхэр лэжьакIуэфIхэщ, ауэ зауэлIхэкъым», хужаIэрт. Сталинград и деж хьэлэч къыщащIа иужь 1943 гъэм мазаем и 11-м Гитлер жиIащ: «Къэхъуар къызыхэкIа щхьэусыгъуэ закъуэщ урымхэр напэтехыу  къызэрыщIэкIар. Ар сэ сщIэрт, ауэ апхуэдэ дыдэ си гугъакъым».

Румынхэри ящыщащ фашистхэм Сталинград и деж къащыщыщIахэмкIэ ягъэкъуэншахэм, ауэ языныкъуэ генералхэм къагъэлъэгъуащ ахэр лIыгъэншэу зэрыщымытар. Я мыгъуагъэр Iэщэ-фащэ зэпэщхэмкIэ тэмэму икIи ирикъуу зэщIэузэдауэ зэрыщымытарщ. ИщхьэкIэ зи гугъу щытщIа Гальдер ауаныщIу жиIэрт румынхэр щимыкIуэтынур бийр къыщемыбгъэрыкIуэм дежу. Ауэ цIэрыIуэ хъуащ егъэлеяуэ нэпсейуэ, ерыскъыщIэнэцIу зэрыщытымкIэ. Хэбгъэзыхьмэ, хуит ящIын хуей хъуат загъэпсэхуну я лъахэм щагъэкIуэжкIэ къаугъуеяхэмкIэ куда шумэданитI здащтэну. Зылъэгъуахэм яхуэIуэтэжыртэкъым абыхэм я инагъыр:

Нэмыцэхэм словакхэр цIыху тIорысэу, абыхэм я зауэлIхэр мыхьэнэншэу къалъытэрт. ИкIэм-икIэжым ираутIыпщащ, ауэ щIэгъуакъым: партизанхэм яхыхьэрт. Ауэ ахэр лIыгъэншэтэкъым: фигу къэдгъэкIыжынщи, зауэм и кIэухым словакхэр езы нэмыцэхэм къапэщIэувэжауэ щытащ.

Вермахтым и щытхъу къахьакъым финнхэми франджыхэми. Ахэри зауэм щыхуэмыхут. Ар къызыхэкIри къыбгурыIуэну гугъутэкъым: зыхуэзауэр хамэт, псом нэхърэ нэхъыфIу, адрейхэр къанэ щымыIэу я бжьым щIэтын хуейуэ къэзылъытэ къарурт.

 Нэхъапэм абы тепсэлъыхь хабзэтэкъым, ауэ хьэкIэкхъуэкIагъэрэ бзаджэнаджагъэкIэ, уеблэмэ, езы фашистхэми ящхьэпрыкIыжу зыкъэзыгъэлъэгъуар Украинэм и ЩхьэхуитщIыжакIуэ армэм (УПА) хэтахэмрэ прибалтикэ республикэхэм я фашист зэгухьэныгъэхэм щыщахэмрэщ. Абыхэм ягъэзэщIащ езы нэмыцэхэр нэхъ зыщымэхъашэ лэжьыгъэ фIейхэр: лIыжьхэр, цIыхубзхэр, сабийхэр яхэту цIыху мамырхэр зэтраукIэныр, хъумакIуэу здагъэува гъэрэщхэм щаIыгъхэр я псэхэм хьэзабышхуэ ятелъу ягъэлIэныр. Псом хуэмыдэу яхуэлъэт журтхэмрэ полякхэмрэ. Абыхэм цIыху минипщIхэр зэрагъэкIуэдам теухуауэ нобэр къыздэсым щэхуу яхъума дэфтэр куэд иджы къызэIуахыж.

Зэрытлъагъущи, мы зэманым «Европэ зэкъуэт» жыхуаIэм и къекIуэкIыкIар трамыгъэкIыжыфын бжыгъэкIэ щIэгъэнащ. Абы тещIыхьа «зэакъылэгъуныгъэри» къутэу зэкIэрашхэжа кхъуэщыным хуэдэщ: куэд ихьынукъым…

ШАЛ Мухьэмэд.
Поделиться:

Читать также: