Торнау етхыж

Я щIыналъэр, я бжыгъэр, я гъуэгухэмрэ я быдапIэхэмрэ ирагъэхутэн, нэхъ белджылыуэ жыпIэмэ, я тIасхъэ щIрагъэхын папщIэ, Кавказ зауэм и зэманым адыгэхэм тIасхъэщIэх щIэх-щIэхыурэ къыхаутIыпщхьэу щытащ урыс пащтыхьым и дзэпщхэм. Хэкумрэ лъэпкъымрэ епцIыжа къумалхэр гъусэ яхуэхъуурэ, абыхэм ящыщ зыбжанэм яхузэфIэкIауэ щытащ адыгэ щIыналъэм зыщаплъыхьын – я тIасхъэ щIахын. 
И пщэ апхуэдэ къалэн къыдалъхьэри, адыгэхэм я деж 1836 гъэм «зыплъыхьакIуэ» къагъэкIуат урыс офицер Торнау Федор. Абрэдж зыбжанэ IупэфIэгъу къащIри, Торнау Шэрджэсым ираутIыпщхьат, арщхьэкIэ Абазэхэм нэсауэ къаумысри, яубыдащ. Яубыда нэужь, Торнау илъэситIкIэ гъэру иIыгъащ абазэхэхэм яхыхьэжауэ щыта къэбэрдей лIакъуэлIэш Тамбий Аслъэнбэч. ГъэрыпIэм исыху, Торнау Федор адыгэхэм я псэукIэм, я зэхэтыкIэм, я хабзэхэм щыгъуазэ зищIащ, я бзэр зригъэщIащ. Абазэхэхэм къакIэщIэкIуэсыкIыжын хузэфIэкIащ урыс тIасхъэщIэхым, зэрыгурыIуэгъуэщи, илъэгъуамрэ игу къинамрэ дзэпщхэм я деж нигъэсыжащ. 
ИужькIэ, 1865 гъэм, дунейм къытехьащ Торнау итха «Кавказ офицерым и гукъэкIыжхэр». Псыжь зэпрыкIыжмэ, ди шынэхъыщIэм къигъэзэжынурэ, псоми Iэщэр дгъэтIылъынущ. Армырамэ, ди псэр ттын мурад тщIащ». Урыс офицер хэкIуэтар – ара хъунт я унафэщIыр – арэзы хъуа хуэдэт абыкIэ. Зэчрей къигъэзэжри, и адэр гуэщым къыщIишащ. ЛIыжьым и фочыр дохъутейм ирилъхьащ, и къуэ нэхъыщIэр зыщIигъури ежьащ, бжыхьым нэмыс щIыкIэ шэр къытракIутэри, лIыжьыр джэлащ. ЩIалий къыщIэцIэфтащ гуэщым. Къэзакъхэри сэлэтхэри къатезэрыгуэри, плIыр абдежым къыщаукIащ, тхум лIыжьым и хьэдэр гуэщым нахьэсын яхузэфIэкIащ. Псэууэ тху фIэкI къызэрымынар ялъэгъуарэ пэт, къебгъэрыкIуэн къракуакъым, къуэгъэнапIэм къыкъуэукIыурэ шэр къытракIутэ фIэкI. Псэууэ къэнахэр уIэгъэт, лъы защIэт. Заул дэкIри, фоч уэ макъыр зэпыуащ. Аргуэру зы заул дэкIыжри, гуэщыжьым мафIэр къыжьэхэлыдащ: топкIэ къеуащ. Топышэм къелар Зэчрейрэ и къуэмрэщ. 
Зэчрейрэ и къуэмрэ, я Iэ ижьымкIэ сэшхуэр, я Iэ сэмэгумкIэ фоч кIэщIыр яубыдри, топымкIэ задзащ. Шэр къателъэлъащ зэадэзэкъуэм. Топым нэмыс щIыкIэ Зэчрей джэлащ, и къуэр топым нэсауэ къаукIащ. УIэгъэ хьэлъэ хъуами, Зэчрей и псэр пытт. Екатеринодар къашэри, дохутырхэм кърагъэлащ Зэчрей, иужьым къакIэщIэкIуэсыкIыжын хузэфIэкIащ. И адэмрэ и къуэшхэмрэ зэрыкIуэда щIыкIэм и хъыбар и лъэпкъэгъухэм къахуихьыжащ Зэчрей. ДжэгуакIуэхэм уэрэд хуаусащ Бэрокъуэ хахуэм. 
И пщэ къыдалъхьа къалэныр игъэзэщIэн мурадкIэщ Торнау адыгэхэм къащIыхыхьар, ар и кIэм нэс хузэфIэмыкIамэ, езым и лажьэкъым: гъэр хъури, ар къызэрехъулIа щIагъуэ щыIэкъым. Торнау нэхъ къехъулIар нэгъуэщIщ: зауэ гуащIэм хэт адыгэхэм я хъыбар къихьэсащ ди деж – аращ нобэ дэркIэ нэхъыщхьэр. ГъэщIэгъуэныракъэ: гъэр ящIами, Iэхъулъэхъу иралъхьауэ илъэситIкIэ яIыгъами, Торнау и «ГукъэкIыжхэм» щигъэпудыркъым адыгэхэр, я цIэ Iей жиIэркъым. Торнау зи цIэ IейкIэ ириIуэр езым гъусэ къыхуэхъуауэ щыта, иужькIэ къепцIыжа къумалхэрщ. 
Адыгэхэр я хуитыныгъэм щыщIэзэу зэманым ахэр – лъэпкъым епцIыжа къумалхэр – зыпылъар я щхьэ Iуэхущ. Торнау и «ГукъэкIыжхэм» къыхэтха пычыгъуэм дыщрихьэлIэнущ апхуэдэ зыбжанэм – Кавказ зауэм и тхыдэм къыхэнащ абыхэм я цIэр. ЛIыгъэншэкIэ уеджэнукъым абыхэм, а лъэныкъуэмкIэ я Iыхьэ яIыгъащ. Уи жагъуэ хъур а лIыгъэр зауэ гуащIэм хэт лъэпкъымрэ хэкумрэ зэрыхуамыунэтIарщ, я гъащIэр зыщIатын хуей Iуэхум зэремыгупсысарщ…
 Ермоловым Къэбэрдейр зэхикъута нэужь (1822 гъэм), пщыхэмрэ уэркъхэмрэ ящыщ куэд, урыс дзэлIхэм я унафэм щIэмыувэн щхьэкIэ, хэкур ябгынэри, Псыжь Iэпхъуауэ щытащ. Псыжь Iэпхъуахэм яхэтащ къэбэрдеипщ цIэрыIуэ Хьэмырзэ Беслъэни: абазэхэхэм яхыхьэри, илъэсищкIэ бгым итащ ар, иужьым щIегъуэжри, Ермоловым елъэIуащ Къэбэрдейм къригъэхьэжыну. ЦIыхур зыгъэутхъуэр уэркъхэрауэ илъытэрти, Псыжь кIуэсахэр Къэбэрдейм къригъэхьэжын идэртэкъым Ермоловым. Ар хуидакъым Хьэмырзэ Беслъэни, ауэ хуит ищIащ, Iэщэр игъэтIылъмэ, Уарп деж щетIысэх хъуну. Бгым къикIыжри, пщыр Уарп деж щетIысэхащ. Беслъэныпщым иратыжащ Къэбэрдейм щыфIатхьэкъуа мылъкури, Iэщри, и пщылIхэри паубыдакъым. Ермоловым и нэфI Беслъэным щIыщыхуар щхьэусыгъуэншэтэкъым: пщIэшхуэ зиIэ, цIыхур зыфIэлIыкI пщыти, абы дэплъеинкIэ хъунут Псыжь Iэпхъуауэ урысыдзэм къезауэ уэркъхэр. Ермоловыр щымыуауэ къыщIэкIащ: Уарп деж хэщIапIэ щызыщIа пщым зы илъэсым и кIуэцIкIэ цIыху минитху нэхърэ мынэхъ мащIэ къетIысылIащ, Абазэхэмрэ Шапсыгъымрэ къикIыжурэ. Абыхэм Хьэмырзэ Беслъэн пщы уэлийуэ хахащ. Уарп деж къэтIысыжащ Беслъэн и къуэш Бэчмырзи. Беслъэн зы къуэ иIэт, АслъэнджэрийкIэ еджэу. 
Хэкур щабгынам щыгъуэ Аслъэнджэрий и ныбжьыр илъэс пщыкIутI фIэкI мыхъуами, и адэм щIыгъуу зауэурэ и цIэ IуакIэт, хъыжьэт, щхьэмыгъазэт. Бэчмырзи зы къуэ иIащ – Адэлджэрий. Я ныбжь нэсри, шууей хахуэ хъуащ зэшитIым я къуэхэр: Аслъэнджэрий IэщэхуэфIт, пщтырт, къыщIикIуэтын щыIэтэкъым, бзаджэт, хьилэшыт; Адэлджэрий шууейт, и къуэшым лIыгъэкIэ пэмыхъуми, и цIыхугъэкIэ цIэрыIуэт, цIыху хьэлэлт, щIалэ екIут. Зым цIыхур щышынэмэ, адрейр фIыуэ ялъагъурт. Ахэр Уарп деж къетIысылIэжауэ, и цIэ Iуащ беслъэнеипщ Къанокъуэ Етэч и шыпхъу Гуащэхужь. 

 

 

 

 

 

Поделиться:

Читать также: