Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и щIыналъэм щат патентым хамэ къэрал цIыхум и IэщIагъэр (зыхуеджар, къулыкъур, иригъэкIуэкI лэжьыгъэр зыхуэдэр) къыщыгъэлъэгъуэным и IуэхукIэ
 

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ

«Хамэ къэрал цIыхухэм Урысей Федерацэм хабзэм тещIыхьауэ щаIэ щытыкIэм и IуэхукIэ» Федеральнэ закон №115-ФЗ-уэ 2002 гъэм бадзэуэгъуэм и 25-м къыдэкIам и 13-нэ статьям и 29-нэ пунктым ипкъ иткIэ унафэ сощI:
1. Хамэ къэрал цIыхум Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и щIыналъэм щрат патентым, «Хамэ къэрал цIыхухэм Урысей Федерацэм хабзэм тещIыхьауэ щаIэ щытыкIэм и IуэхукIэ» Федеральнэ законым и 13-нэ статьям ипкъ иткIэ, и IэщIагъэр (зыхуеджар, къулыкъур, ирагъэкIуэкI лэжьыгъэр зыхуэдэр) къыщагъэлъагъуэу гъэувын.
2. Мы Указыр официальнэу къыщытрадза махуэм иужькIэ зы лэжьэгъуэ махуэм къитIасэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Лэжьыгъэмрэ социальнэ къыщхьэщыжыныгъэмкIэ и министерствэм мы Указым и 1-нэ пунктым ит унафэм Къэбэрдей-Балъкъэр РеспубликэмкIэ Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министерствэр щыгъуазэ ищIын хуейщ.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек
Налшык къалэ
2023 гъэм жэпуэгъуэм и 30-м
№107- УГ

Поделиться: