Ар фэрыщIыгъэщ

Украинэм щекIуэкIхэр тегъэщIапIэ ищIурэ, США-м  Урысейр егъэкъуаншэ абы СССР-р зэфIигъэувэжыну, Европэр иубыдыну и  мураду. Мыбдежым Вашингтон, зэрыгурыIуэгъуэщи, и гугъу щищIыххэркъым, а къэралым егъэщIылIауэ къэхъея къаугъэр къызыхэкIа щхьэусыгъуэхэм. Ахэр псоми ящIэ: 2014 гъэм иужькIэ Киев нацизмэм и гъуэгум теуващ, мыукраинхэр езыхэм я бзэкIэ псэлъэн хуэмейуэ игъэуващ, шынагъуэ пылъу IэщэкIэ зызэщIиузадэу щIидзащ. Дауи, езыр сыт и лъэныкъуэкIи къыдэIэпыкъуу.

ЗыхущIэкъури щIиуфэркъым: и жыIэм щIэт Украинэр къигъэсэбэпу Урысейр, абы и экономикэр лъэрымыхь ищIынырщ. ИтIанэ дяпэкIи дунейм унафэ нэхъ тыншу хуищIыфынущ. Къызэрыунэхурэ, США-м зэрыпхъуэныгъэр и къэрал политикэ нэхъыщхьэу къогъуэгурыкIуэ, и сыт хуэдэ IуэхущIафэри зыхуэгъэзари, и мылъку хэхыпIэри аращ. Абы щыхьэт техъуэхэр апхуэдизкIэ куэдщи, хэбгъэзыхьмэ, улъыхъуэн хуейкъым. США-р штат 13-у къежьащ, ауэрэ штат 44-м нызэрыхьэсащ (сыт хуэдэ IэмалкIэми гурыIуэгъуэщ), Гавайи  хытIыгухэр хагъэхьа иужь щэ ныкъуэ  ирикъуащ.

ЯпэщIыкIэ диныр къагъэсэбэпащ. 1820 гъэхэм  Гавайихэм чыристан лIыкIуэхэр зэрыхьу хуежьащ. ЩIыналъэм щыпсэухэм къагурыIуат абы фIы  къызэримышэнур, арщхьэкIэ зыри яхуещIакъым. Чыристан миссионерхэм (ахэр американхэт) езыхэм я хабзэхэр хытIыгухэм щагъэуву хуежьащ, я щэнхабзэм, псэукIэм трашэрт, щIыналъэм и къулеигъэхэр зэрапхъуэрт. «КъэкIуахэм 1893 гъэм щIыпIэм щыпсэухэм я пащтыхьыр традзри, хытIыгухэр  езыхэм я унафэм щIагъэуващ. Илъэси 5 дэкIри, США-м Гавайихэр иубыдыпащ, ауэ США-м 50-нэ штату щыхагъэхьар 1959 гъэрщ. ХытIыгухэр американхэм я тенджыз базэ, гъавэ щIапIэ, зыгъэпсэхупIэ хъуащ. ЩIыналъэр зеяхэр-щэ? Ахэр лъэпкъыуи, цIыхууи къалъытэжыртэкъым. Псом япэу ягъэуващ гаваибзэр еджапIэхэми IуэхущIапIэхэми къыщагъэсэбэп мыхъуну (флъагъурэ украин националистхэм Донбассым, къэралым и нэгъуэщI щIыпIэхэм щагъэува хабзэр къыщежьэр?). НэгъуэщIхэм я гугъу дымыщIми, гурыIуэгъуэщ къызэрыхута щытыкIэр. ХытIыгухэм щыпсэухэм ар ямыдэу зыкъаIэт илъэс 200-м щIигъуауэ. А бэнэныгъэм щIидзащ хытIыгухэм я пащтыхьыр традзу властыр зэрахъуэкIын ипэкIэ. Уеблэмэ, Iэщэм щыхуэкIуи къэхъуащ. ЗыкъыпэщIэзысахэм я Iэтащхьэ Уилсок Каланихиапо Роджерс къарукIэ хущIэкъуащ зи фэр хужьхэм фIэкIа  хэмыту къызэрагъэпэща правительствэр трихуну. АрщхьэкIэ къехъулIакъым: 1893 гъэм щIышылэм и 18-м США-м и дзэхэр Гавайхэм я щIыналъэм изэрыгуащ, мыдрейхэм затын фIэкIи нэгъуэщI къахуэнэжакъым. Ауэ итIани зэщIэхъееныгъэр увыIакъым. Абыхэм ядэртэкъым хытIыгухэр США-м хагъэхьэу. Къызэхуэса и лъахэгъу минхэм я пащхьэм къыщыпсэлъахэм жаIащ: «Америкэм хагъэхьэным лъэпкъыр арэзы техъуэныр дэ… зэрыпсэууэ  дыщIатIэным ар арэзы техъуэу къокI».

 ГугъапIэ псори къэкъутащ 1898 гъэм Испаниемрэ США-мрэ яку зауэ къыдэхъуа иужькIэ. Гавайихэм стратегие мыхьэнэшхуэ зэриIэр тегъэщIапIэ ящIри, конгрессым Iэ щаIэтащ хытIыгухэр Штат Зэгуэтхэм хагъэхьэным и телъхьэу. ЩIыналъэм американ ныпыр щыщаIэтам щIыпIэр зейхэм ящыщ куэдыр гъырт.

Зэманыр кIуэхукIэ лъэпкъым IэщIэкIырт я адэжьхэм къыхуагъэна щIыхэр. Гавайихэм Iэщэхэр ирагуашэрт, Каламэ, Вайахоле, Вайкане хытIыгухэм ухуэныгъэшхуэхэр щрагъэкIуэкIырт, зауэм зыхуэгъэсэным ехьэлIа Iуэхухэм щIыуэпсыр зэхафIыщIэрт, фаджэ ящIырт. ЩытыкIэр зымащIэкIэ ефIэкIуащ 1976 гъэм  Гавайи штатым и Конституцэ зэхуэсым гавайихэр зехьэнымкIэ IуэхущIапIэ къыщызэригъэпэщам. Абы апхуэдэу унафэ къищтащ гаваибзэр хытIыгухэм щызекIуэ къэралыбзэу къалъытэным теухуауэ. АрщхьэкIэ абы фэрыщIыгъэу хэлъыр нэхъыбэщ.  Аращ лъэпкъым бэнэныгъэр щIимыгъэувыIэр. Пэжу, абы хэтхэр зым  хуэдэу быдэу зэкъуэувэфыркъым, я Iуэху бгъэдыхьэкIэхэр зэрызэтемыхуэм къыхэкIыу. Языныкъуэхэм къалъытэ США-м хабзэншагъэкIэ Гавайихэр иубыдауэ икIи къызэригъэсэбэпым пэкIуэхэри хэту щIыхэр къратыжын хуейуэ. НэгъуэщIхэр арэзыщ хытIыгухэм я щхьэхуитыныгъэр зэфIамыгъэувэжыфми, ягъуэта хэщIыныгъэхэр къратыж къудеймэ . Ещанэхэр хуейщ США-м къыхигъэкIыу щIыналъэр ООН-м и кIэлъыплъыныгъэм щIигъэувэну.

1993 гъэм Вашингтон зиумысыжащ Гавайихэм я пащтыхьыгъуэр зэрытрадзар хабзэм емызэгъыу зэрыщытымкIэ, икIи хытIыгухэм щыпсэу лъэпкъыр езыр фIэфIу ищIхэм къазэрыпымыкIамкIэ. 2009 гъэм США-м и Конгрессым лIыкIуэхэмкIэ и палатэм абы теухуа хабзэубзыху проект къищтащ. АрщхьэкIэ Iуэхур и пIэ  икIыркъым. Хэбгъэзыхьмэ шэчышхуэ къытепхьэ хъунущ ипэжыпIэкIэ Гавайихэр зей лъэпкъым езыр зыщIэхъуэпсыр къехъулIэным.

                                         Махъшокъуэ Мухьэмэд.

 

Поделиться:

Читать также: