Къарур захуагъэм и нэщэнэкъым

Жэпуэгъуэм и 11-м Урысейм лэжьыгъэ IуэхукIэ щыхьэщIащ Иракым и премьер-министр Iэс-Судани Мухьэмэд. Абы щепсалъэм, УФ-м и Президент Путин Владимир къыхигъэщащ Израилымрэ Палестинэмрэ щIызэмыкIужыфымкIэ США-р зэрыкъуаншэр: «Америкэм и политикэ пхэнжым и нэщэнэщ мы екIуэкIыр. ЛъэныкъуитIри чэзу-чэзууэрэ хигъэзыхь зищI щхьэкIэ, палестинхэм я зы гукъыдэжи я тхьэкIумэм зэрырамыгъэхьэрщ КъуэкIыпIэ Гъунэгъум илъ мы бэлыхьым кIэ щIимыгъуэтым и щхьэусыгъуэр». 
Израилыр щIэмычэу тебгъэгушхуэ хъунукъым Палестинэр дикъузэным, урысей Президентым и еплъыкIэмкIэ. «ООН-м ШынагъуэншагъэмкIэ и советым нэхъ пасэу къищта унафэм тету, Палестинэ къэрал щхьэхуит яухуэн хуейуэ аращ», - жаIащ Путин Владимири, абы акъылэгъу хуэхъуа, Тыркум и президент Эрдоган Тайипи, нэгъуэщI къэрал лIыщхьэхэми. Абдежми къыщымынэу, нэрылъагъуу лей зезыхьэ къэрал зыбжанэм Израилым хуаIэ дипломат зэпыщIэныгъэхэр зэпачащ.  
    ГъэщIэгъуэнращи, журт диныжьыр зезыхьэхэм зы махуи къабыл ящIакъым палестинэ щIыналъэм «ираукIа» Израиль къэралыгъуэр. ЩIэрыщIэу мы бэлыхьыр къыщIэхъеижар муслъымэнхэм япэ къаблэуэ къалъытэ Iэл-Iакъсэ мэжджытыр журтхэм IэщIагъэкIыну зэрыхуежьарщ. Журт полицэхэм цIыху бжыгъэшхуэ лажьэ ямыIэу яукI, яубыд, нэмэз ящIу нэщI мазэм ящхьэщохьэри, хьэпсым ирадзэ. ЩIалэхэр жьы хъуну хунэсыркъым. Ауэ а псори дунейм хэIущIыIу щыхъуркъым, сыту жыпIэмэ, Урысеймрэ муслъымэнхэмрэ еныкъуэкъуныр дунейм и тепщэу зыкъэзылъытэж Америкэм захуагъэу игъэуващ. 
     Мы мафIэр къызэщIэгъэста зэрыхъуа щIыкIэр адыгэхэм я тхыдэми хыболъагъукI. Уэсмэн къэралыгъуэр зэпкъригъэхуныр нэрыгъыу зыубыда Великобританием ар къехъулIа иужькIэ, «истамбылакIуэкIэ» дызэджэ ди лъэпкъ Iэпхъуэшхуэм и сурэтым картэм фIыуэ зыщихъуэжат. Адыгэхэр Тыркум Iэпхъуа щхьэкIэ, къэралыр цIыкIу-цIыкIуу зэгуачри, хьэрып хэгъэгу гуп яухуащ, муслъымэнхэр къарууфIэ мыхъун, Синай хытIыгуныкъуэр яIэрымыхьэн папщIэ. Япэ дунейпсо зауэм иужькIэ зэпекъуа къэралхэм инджылызхэр щытекIуэри, 1917 гъэм британ армэм къиувыхьа Палестинэр Великобританием и жьауэм щIэт щIыналъэ хъуащ. А илъэс дыдэм британ къэралыгъуэм игъэIуащ Палестинэм иубыд щIыпIэм журт къэралыгъуэ щаухуэныр къабыл зэращIыр. 
    1917 гъэм Урысейм къыщыхъуа Жэпуэгъуэ революцэм фейдэ хэзыхахэри наIуэ къещI мы бэлыхьышхуэм. Дыкъевгъаджэт Великобританием хамэ къэрал IуэхухэмкIэ и министерствэм и унафэщI Бальфур Артур Инджылызым щыIэ Журт хасэм и тхьэмадэ лорд Ротшильд 1917 гъэм щэкIуэгъуэм и 2-м хуигъэхьауэ щыта тхыгъэм (гъэкIэщIауэ): «ПщIэ зыхуэсщI лорд Ротшильд! Зи ЩIыхьыр ин [пащтыхьым] къыбгъэдэкIыу, мы Декларацэр уэстыжынри, журтхэм я сионист гукъыдэжхэр министрхэм я зэхуэсым и пащхьэ кърахьэу къабыл зэращIам и хъыбар бжесIэнри пщIэ лейуэ къызолъытэ. Великобританием и Правительствэм фIэигъуэщ Палестинэм журт лъэпкъым и хэгъэгу къыщызэрагъэпэщыныр икIи лъэкI къигъэнэнукъым а мурадым фытригъэIэбэн папщIэ... Си гуапэ хъунут мы Декларацэм теухуа унафэр Сионистхэм я зэгухьэныгъэми лъэбгъэIэсыжамэ».  «Бальфур и декларацэ» жыхуаIэу Палестинэм нобэ къытехьэ лейм и щIэдзапIэу къалъытэ дунейпсо дэфтэрыр аращ. 
     ГурыIуэгъуэ дыдэу журт-хьэрып зэпэщIэтыныгъэм тепсэлъыхьауэ щытащ политолог Гейдар Джэмал: «ГъэщIэгъуэну Израилым и Iуэхум хэтыр ар «журт къэралыгъуэу» зэрыщымытыххэрщ, апхуэдэфэ къытрагъэуэну хэт щхьэкIэ. ИпэжыпIэкIэ мы хэгъэгур КъухьэпIэм ЩIыналъэ ЛъапIэм щиубыда къуэгъэнапIэу аркъудейщ, ари журт бзыпхъэм ириукIауэ. Зэгуэр жорзехьэхэм зыIэрагъэхьэжыну хэта «иерусалим пащтыхьыгъуэм» и Iыхьэ хуэдэу, КъухьэпIэм империалист зэрыпхъуэкIэкIэ зэрипхъуауэ аращ а щIыналъэр. Иджырей Израилыр зыкIи ещхькъым езым и пасэрей адэжьхэм. КъуэкIыпIэ Гъунэгъур иубыдын папщIэ, журт Iэлъэ зыIэрызытIэгъа КъухьэпIэм и гъукIэгъэсэну аращ ар. Шэч закъуи хэлъкъым сионистхэм я проекту «Израиль къэралыр» зэфIэзыгъэувахэм къагъэсэбэпар инджылыз-саксонхэм я Iэ пхъашэхэрауэ зэрыщытым». 
Арати, 1917 гъэм щегъэжьауэ, зэрызихъумэжын къару зимыIэ Палестинэр хуэм-хуэмурэ зэрапхъуэн щIадзэ. 1948 гъэм Великобританием Палестинэм къикIыж зещIри, махуэ зыбжанэ зэрыдэкIыу, Израиль къэралыгъуэщIэ къызэрыунэхуар ягъэIу, иджырей Iэщэрэ IэмэпсымэкIэ къыщыпкIыу узэдарэ къухьэпIэ къэрал псори къыдэщIу. Хьэрып къэрал цIыкIу гупыр Великобританием и нэIэ щIэтти, къаруи щIэгъэкъуэни къызыхуэмына палестин лъэпкъым я къуажэхэри я унэхэри ябгынэн хуей хъуащ. Журт къэралрэ хьэрып къэралрэ зэфIагъэувэн мурад ягъэIуа щхьэкIэ, журт къэралыр 1948 гъэм яухуэри, щIыналъэр зей хьэрыпхэр нобэр къыздэсым къэралыгъуэ ямыIэу къызэхэнащ. 
1967 гъэм Израилым и щIым нэхъри зригъэубгъуну мурад ищIри, Мысырым, Иорданием, Сирием, Ливаным зауэкIэ япэщIэуващ. Абы щыгъуэщ Сирием щыпсэу ди лъэпкъэгъухэр щыпсэуа Джолан лъагапIэу адыгэ къуажэхэм зыщаубгъуауэ щытар журтхэм щаубыдар. Арати, адыгэхэр аргуэру мухьэжыр гъуэгум теувэн хуей хъуащ.   
    ЗэрытщIэщи, Израилым адыгэ къуажитI исщ, Уэсмэн къэралыгъуэр лъэлъэжа иужькIэ, езыр-езыру хиубыдауэ. Ауэ дэ фIыуэ дыщыгъуазэкъым Палестинэми адыгэхэм къазэрытехъукIар зыщIэж куэд зэрыщыпсэум. Абыхэм я лъабжьэр нэхъ куужщ: Мухьэмэд Алий Пащэм Мысырым къина шэрджэс мамлюкхэр щызэтриукIэм, къелахэр Палестинэм щтапIэ щихьэжри, къуэпси щадзыжауэ апхуэдэщ. Куэд щIакъым абыхэм ятеухуа тхыгъэ ди газетым къызэрытеддзэрэ. («Палестинэм щыщ адыгэхэр», Бадзэуэгъуэм и 9, 2023 гъ.). Ди лъэпкъэгъуми нэгъуэщIми, лажьэ ямыIэу лей зытехьэ цIыхубэм гукIэ даригъусэщ, зыхэхуа бэлыхьыр захуагъэкIэ хэкIыпIэм я нэхъыфIым хуишэну догугъэ.  
ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться:

Читать также: