ЛIэужьыр бжьиблкIэ мауэ

Адыгэ (шэрджэс) лъэпкъыр Кавказым ис адрей лъэпкъхэм я нэхъыжьу жыпIэмэ ущыуэну къыщIэкIынкъым. Абы и щыхьэтщ ди эрэм ипэ къихуэу илъэс минитIкIэ узэIэбэкIыжмэ, Азие ЦIыкIум къэралыгъуэ яIэу иса хьэтхэм дакъызэрытехъукIар. Дуней псом дыкъезыгъэцIыхуа ди хабзэ дахэр, ди нарт эпосыр, ди фащэ екIур, нэгъуэщI куэдри къыщежьэр хьэтхэм я дежщ, абы къегъэлъагъуэ лIэщIыгъуэ кIыхь къызэрыткIуар. Урыс-Кавказ зауэм и зэранкIэ ди лъэпкъыр дуней псом щикъухьа хъуами, хэкужьым къинахэмрэ икIахэмрэ дызэрыщIэу, дызэлъэIэсу дызэдопсэу, дызэрыадыгэр ди напщIэ телъу, абы дрипагэу.

ЦIыхум псэуху игъэзэщIэн хуейуэ Iуэхугъуэ куэд и пщэм къыдохуэ. Абыхэм ящыщу нэхъыщхьэ дыдэу адыгэм къалъытэу щытар бын гъэсэнырщ. Сыт и уасэ цIыху гъэсар?! ЦIыху гъэсаращ дунейр зэтезыIыгъэр. Дуней псом зи щIэныгъэ лэжьыгъэ телъыджэхэмкIэ цIэрыIуэ щыхъуа Эйнштейн Альберт жиIэгъащ: «Сэ си IэдакъэщIэкIыр зрикIщ, цIыху бгъэсэным елъытауэ». (Зи гугъу ищIыр и «Теория относительности» лэжьыгъэрт). Еджагъэшхуэм жиIам къегъэлъагъуэ гъэсэныгъэр зэрыкъалэн гугъу дыдэр, гъэсакIуэу ущытыныр щIыхьышхуэу, абы къыдэкIуэуи, жэуаплыныгъэшхуэ зыпылъу зэрыщытыр.

 Адыгэм бын гъэсэным мыхьэнэшхуэ зэрыратыр къегъэлъагъуэ куэд щIауэ къадекIуэкI Адыгэ Хабзэм. Абы игъэзэщIэныр къыщожьэ сабийр дунейм къыщытехьэм деж. Унагъуэм къищынэмыщIауэ, лъэпкъ псом я къалэнт щIэблэ узыншэ, гъэса къэгъэхъуныр.

Мыхьэнэшхуэ зрат Iуэхугъуэхэм ящыщт я лъэпкъ лIакъуэм и тхыдэр дэтхэнэми ищIэныр. УнагъуэцIэ къэс дамыгъэ яIэт, я къуэпсым и къежьапIэм лIэужьиблкIэ щыгъуазэт. Ди нэхъыжьхэм фIы дыдэу ящIэрт я лIакъуэ жыгыр зэрызэхэтыр, зи адэшхуэхэм я цIэхэр лIакъуиблкIэ къезымыбжэкIыфым фэ ираплъыртэкъым, дзыхь ирагъэзыртэкъым, щыхьэт ящIыртэкъым. «ЛIэужьыр бжьиблкIэ мауэ», - жаIэ адыгэм. Абы къыхэкIыуи лIакъуиблкIэ зи якум благъагъэ дэлъхэр зэрышэну хуиткъым. Абы ткIийуэ кIэлъыплъырт адыгэхэр. ГъащIэми щIэныгъэми къызэригъэлъэгъуамкIэ, апхуэдэхэм щIэблэ узыншэ къащIэхъуэртэкъым. Абы и лъэныкъуэкIэ лъэпкъым къыдекIуэкI хабзэ дахэхэм ящыщщ къэзыша щIалэм щауэишэж щращIэкIкIэ, нэхъыжьхэм я пащхьэ и адэшхуэхэм я цIэхэр лIакъуиблкIэ къыщриIуэн хуейуэ зэрагъэувыр. Ар умыщIэныр емыкIушхуэт, абы къыхэкIыу щысабийм щегъэжьауэ абыхэм щыгъуазэу къагъэхъурт.

Шыгъушэ лъэпкъми гулъытэшхуэ худощI а Iуэхум, ди щIэблэм къызыхэкIам и тхыдэр ящIэу къэгъэтэджыным теухуауэ лэжьыгъэ щхьэпэхэр идогъэкIуэкI. Зеикъуэ (ХьэтIохъущыкъуей Ипщэ) щыпсэу Шыгъушэхэ 2008 гъэм къызэдгъэпэщауэ щытащ лъэпкъ хасэ. Ди унагъуэцIэм и тхыдэр зэхуэтхьэсыжри, «Си лъэпкъыр - си къежьапIэр» зыфIэтща тхылъыр къыдэдгъэкIащ. Абы итщ Шыгъушэхэ я лIакъуэ жыгыр. Тхылъыр экземпляри 100 хъууэ къыдэдгъэкIати, лъэпкъым яхуэдгуэшащ, Адыгейми, Шэрджэсми, Тыркуми щыпсэу ди къуэшхэми яIэрыдгъэхьащ. Абы итщ лъэпкъыр къызытехъукIыжа Исмел деж къыщыщIэдзауэ 2002 гъэр къэсыху къалъхуа цIыхухъухэм я цIэ-адэцIэхэр. Лъэпкъым и тхыдэр зэфIэдгъэувэжащ ди нэхъыжьхэм жаIэжу зэхэтхыжа, къэтхутэжа хъыбархэр и лъабжьэу.

Шыгъушэ Исмелщ Зеикъуэ жылэжьым дэс Шыгъушэхэр къызытехъукIар. Ар дэнэ къыщалъхуами, хэт и къуэми тэмэму къытхуэщIакъым, Исмел и унагъуэр Псыжь лъэныкъуэкIэ къызэрикIам фIэкIа. Ауэ ди адэшхуэхэм зэрыжаIэжамкIэ, Куэкуей и лIыр - Исмел - лIа нэужь, (Урыс-Кавказ зауэм хэкIуэдащ) и къуищымрэ и пхъумрэ щIыгъуу Псыжь къикIри (нэхъ тэмэмыр, къикIыжри), ХьэтIохъущыкъуей Ищхъэрэ, бзылъхугъэм и дыщыр зыдэс къуажэм - КIурашынхэ я деж къэкIуэжащ. ХьэтIохъущыкъуей Ипщэр къыщыунэхум, Куэкуей и унагъуэр абы Iэпхъуащ. Зэшхэм анэм и цIэр унагъуэцIэ яхуэхъури, Куэкуей унэцIэр къащтащ икIи зэрахьащ, Псыжь кIуэуэ я къуэш Шыгъушэхэр къагъуэтыжыху. Хэти а лъагъуэм техьэжар Куэкуей и къуэ нэхъыжь Дулэу жеIэ, хэти и къуэ етIуанэ Ибрэхьиму къыхагъэщ. Си адэ къуэш нэхъыжь МытIэ жиIэжу зэрызэхэсхамкIэ, ар здэкIуар Хуэдз жылэращ. Адыгэ Республикэм щыIэ а къуажэм ноби Шыгъушэхэ дэсщ. Апхуэдэ щIыкIэкIэ Куэкуей и къуэхэм я лъэпкъыр къагъуэтыжри, я унагъуэцIэ дамыгъэри зыIэрагъэхьэжащ, Шыгъушэ унэцIэри къащтэжащ. Куэкуей и къуэ ещанэм и цIэр Жамбэчщ. Мис а зэшищым - Дулэ, Ибрэхьим, Жамбэч сымэ - къатепщIыкIыжащ ХьэтIохъущыкъуей Шыгъушэхэр. Я шыпхъу ФатIимэт Ашэбокъуэ Мысхьуд щхьэгъусэ хуэхъуащ. ЗэрыжаIэжымкIэ, Мысхьуд лIы лъэрызехьэу, ХьэтIохъущокъуэпщым и щхьэхъумэу (бейгуэлу) щытащ.

2002 гъэм едгъэкIуэкIа къыхэтхыкIым къызэригъэлъэгъуамкIэ, Исмел къытехъукIар псори нэрыбгэ 528-рэ мэхъу. Ахэр нобэ щопсэу Зеикъуэ, Жанхъуэтекъуэ, Дыгулыбгъуей, Шэджэм, Щхьэлыкъуэ къуажэхэм, Налшык, Тырныауз, Бахъсэн къалэхэм. Исмел и лъэпкъ къуэпсым хэмыхьэ Шыгъушэхэри щыIэщ. Ахэр щопсэу ди республикэм и къуажэ зыбжанэм. Нэхъ иужькIэ къэтщIащ ди унэкъуэщхэр Къэрэшей-Шэрджэс Республикэми, Краснодар крайми, Тыркум, Сириемрэ нэгъуэщI хьэрып къэралхэмрэ зэрыщыпсэур. КIэщIу жыпIэмэ, Шыгъушэ унагъуэцIэр зезыхьэхэр дуней псом щикъухьа хъуащ. Сыт ар къызыхэкIар? Абы и щхьэусыгъуэр илъэсищэм щIигъукIэ екIуэкIа зауэжьырщ. Зи щхьэхуитыныгъэр зыхъумэжыну хущIэкъуа лъэпкъхэу бийм нэхъ ерыщу пэщIэувахэм ящыщщ адыгэхэр (шэрджэсхэр), нэхъ удынышхуэ зытехуари ахэращ. А зэман хьэлъэм адыгэ къуажэ куэд ягъэсащ урыс генералхэм. Лей къызытехьэ лъэпкъыр щхьэхуимыту ирахулIащ я хэкур ябгынэным. Хэкум икIыныр зигуми зи псэми тезымыгъэхуэф къэбэрдей адыгэхэр къухьэпIэ лъэныкъуэмкIэ Iэпхъуащ, псом хуэмыдэу цIыху нэхъыбэ абыкIэ щыкIуар Къэбэрдейр Урысейм щиубыд зэманращ - 1772 - 1822 гъэхэм.

ШЫГЪУШЭ Алий.
Поделиться:

Читать также: