Инаркъуейхэм я уэрэдыр къызэрагъуэтар

Мы уэрэдыр зымыщIэ щыIэу къыщIэкIынкъым, и хъыбарри мызэ-мытIэу газетым къытехуащ. Ауэ ар дунейм къытехьа зэрыхъуа щIыкIэр гъэщIэгъуэну зэрыщытар къыхощыж Гъут Iэдэм и гукъэкIыжхэм.

«ХэкулIым и гъащIэмрэ езы хэкумрэ зэхэхыпIэ яIэкъым - зыр адрейм щыщ Iыхьэщ. Зэгуэрым Зырамыку и щхьэ закъуэм кърикIуахэмрэ адыгэ уэрэд нэхъ дахэхэм ящыщ зым и тхыдэмрэ зэрызэпыщIар мыращ. 1972 гъэм и гъэмахуэкIэу, сэ аспирантурэм сыщеджэу, зыгъэпсэхуакIуэ сыкъэкIуэжат. Зырамыкурэ Нало Зауррэ къызэджащ, экспедицэ укIуэн, жаIэри. Абы щыгъуэщ сэ Зырамыку нэхъыфIу къыщысцIыхуари, езым IуэхукIэ сыкъыщицIыхуари.

Гупышхуэу дежьэри, мазэкIэ къэткIухьащ. Абы щыгъуэ слъэгъуахэм ящыщу сигу нэхъ къинэжащ мыр. Дэнэ къуажэ дыдэмыхьами, Зырамыку и гупым дыщыщу къащIэмэ, я унэбжэхэри ягухэри къытхузэIуахырт. Дыщылажьэр Тэрч районрати, хьэщIэщ дызыщIэсым мыIэрысэр, жызумыр ашычкIэ гъуэлъыпIэ щIагъхэм щIэгъэлъэдэжауэ щIэтт, икIи ар зи фIыщIэр джылахъстэнейхэм КъардэнгъущI Зырамыку хуэдэхэм хуащI пщIэшхуэрат.

Еуэри, къуажэ-къуажэкIэ къыздэткIухьым, зы махуэ гуэрым Инарыкъуей дынэсащ. Зэрыхабзэу, япэщIыкIэ къуажэ советым дыIухьэри зыгуэр нэхъ жызыIэфыну жылэм дэсхэр зэдгъэщIащ. Абы и ужькIэ гупышхуэм хэтхэр тIурытI-щырыщурэ зыдгуэшщ аби, КIасэ Алий мыгъуэмрэ сэрэ Ныбэжь Хьэбалэ къытлъысащ.

Абы дыкIуэну дыкъыщыщIэкIым, гъуазэ тхуэхъуа щIалэм щэхуу къыджиIащ: - Фыкъаплъи-фыкъэдаIуэ, хэт дэнэ кIуэми, а фэ фыздэсшэм псори щызэхуэсыжынукIэ. Абы нэхъ Iэзэ ди къуажэ дэскъым. Ныбэжь Хьэбалэр лIы зэпIэзэрытт, ауэ дызытекIухьар тэмэму къыгурыIуа хъунтэкъыми, занщIэу зыкъызэIуихын игу къэкIыххакъым. Ижь зытщIкIи, сэмэгу зытщIкIи щымыхъум, иужь дыдэ Iэмалу диIэж закъуэр къэдгъэсэбэпащ:

- Дэ ди закъуэкъым, - жиIащ Алий, - ди пашэр КъардэнгъущI Зырамыкущ, ар нэгъуэщIыпIэкIэ яшащи аращ, армыхъумэ нэхъыжьыншэ гупу дыкъежьакъым, абыи мыбыкIэ къигъэзэн хуейщ.

Ар зэрызэхихыу, Хьэбалэ, и теплъэм зихъуэжри, и нэгухэр зэлъыIуихыжащ, дригъэблэгъащ, щIалэ игъакIуэри и гъунэгъуитI ежьууну къишащ, ди магнитофоныр дигъэухуэри, езыри хьэзыру къэтIысыжащ. А махуэм Хьэбалэ жиIэуи, и гъусахэм жаIэуи уэрэдрэ хъыбару зыбжанэ ттхащ.

Ныбэжьым макъ щабэ дахэ иIэт, уэрэд жыIэным хуалъхуакъэ мыр жыпIэну. Ар икIи гурыхуэт, куэд ищIэжт, гуп хэхуэмэ, куэдрэ уэрэд жрагъэIэу щытуи къыщIэкIынут. Дыкъэзыша щIалэм зэрыжиIа дыдэм хуэдэу, хэт дэнэкIэ кIуами, Хьэбалэ деж къаутIыпщурэ, икIэм-икIэжым экспедицэм хэт псори зы унэм дыщызэхуэсыжащ. Ауэрэ езы Зырамыкуи къыщыщIыхьэм, Хьэбалэрэ и ныбжьэгъухэмрэ, хэкур зи пщэ дэлъ къулыкъущIэшхуэ зэрыпемыжьэну пежьахэщ, нэмысышхуэ хуащIащ.

Псори тIысыжа щхьэкIэ, лэжьыгъэм пытщэным дынэмысауэ Хьэбалэм жеIэ:

- Уа, Зырамыку, радиокIэ уи макъ щызэхэсхым деж, мыбы сыпеуащэрэт, жысIэу си гум къокI. Уэрэд зэдэжыдгъэIэ.

АрщхьэкIэ, Зырамыкум зы уэрэдыжь къыхидзэу, радиокIэ мыхъуу, атIэ и пащхьэ дыдэ къыщыIуу и макъыр щызэхихым, Хьэбалэ зэуэ икIуэтыжащ:

- Уэлэхьи, сыт хуэдэу зызмыгъэIэзэми, уэ сызэрыппеуэфын макъ сэ симыIэ, ауэ, хэт ищIэн, ди нэхъыжьхэм къапысхауэ сщIэж гуэрхэр ныбжесIэмэ, ари зыгуэркIэ къыпщхьэпэнщ.

Арати, ирагъэжьэжри, абдежым инарыкъуейдэсхэм зы уэрэди уэрэдитIи дагъэтхащ. Ауэрэ, зы нокIуэ жаIэм, тIу нокIуэ жаIэурэ, уэрэду ящIэр яухыу пIэрэ жыпIэн хуэдэ мэхъу. Дэри щабэуэрэ дыщIоупщIэ: иджыри зыгуэр къанэу пIэрэ? Абдежым ди бысымхэр щэхуу зэхъуцацэ мэхъу, ауэ Хьэбалэм мащIэу зехъунщIэ. Псалъэ кIапэлъапэу зэхэтхым щыщу си тхьэкIумэм къоIуэ: «Хьэуэ, ахэр ебгъэтх хъунукъым… емыкIущ».

АрщхьэкIэ Зырамыку апхуэдэу фIырыфIкIэ уIэщIэкIынт, япэщIыкIэ зи гугъу ящIыр зрегъащIэ. ИгъащIэм дэри зэхэдмыхауэ, езы Зырамыку дыди зэхимыхауэ, революцэм и пэкIэ Инарыкъуей къыщыхъуа мафIэсым хуаусауэ щыта уэрэду къыщытщIэм, дэ Хьэбалэм дытегуплIэу дыхуежьащ, мыкIуэдыжыпэн щхьэкIэ дигъэтхыу фоноархивым хыдигъэлъхьэну.

Сытми, ди хьэтыр къилъагъури, Ныбэжь Хьэбалэ абдежым а уэрэдыр япэу щигъэзэщIащ, къыбгъэдэса и къуажэгъухэр дежьууэ. Дэ Хьэбалэ сымэ псалъэ еттат, уэрэдыр архивым хэдгъэлъыну фIэкIа радиокIэ къедмыгъэтыну, ауэ бзур пIэщIэлъэтамэ, къыпхуэубыдыжын? Апхуэдэ уэрэд дахэ птха хъуауэ, Къэбэрдей псом щыпхъумэфыну къыщIэкIынтэкъым.

Арати, «Инарыкъуей мафIэсым и уэрэдыр» Зырамыку къыхидзэу, радиом и хорыр дежьуужу ятхри, мис аращ утыкум къихьа зэрыхъуауэ щыта щIыкIэр».

КЪЭБАРТ Мирэ.
Поделиться:

Читать также: